АДЫГЭ ПСАЛЪЭЖХЭР
Ещанэ Пычыгъуэ
Абы бгым зышидзыжмэ, уэ вийкlэ увэну?
(Умыфыгъуэ, умыижэ, жыхуиlэщ.)
Адыгэ мыгъуэ, щыгъурэ пастэрэ.
Адыгэм хьэщlэ и щlасэщ.
Адыгэ нэмыс, урыс насып.
Адрыщlым ущlэдэумэ, мыдрыщlыр къыплъысынщ.
Акъыл зиlэм шыlэ иlэщ.
Акъыл зиlэр си щlыб ису къезухьэкl.
Акъылым уасэ иlэкъым, гъэсэныгъэм гъунэ иlэкъым.
Акъылыр лэндыщэщ, гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ.
(Лэндыщэ – дыщэ зэрылэ)
Анэм «сипхъу закъуэ и псэ» щыжиlэм, пхъуми
«си псэ» жиlэу хуежьащ.
Анэмэтым хъейрэт ухуэмыхъу. (Дзыхь къыхуащlу къыпэщlалъхьэм уемынэцlыж, жыхуиlэщ. Хъейрэт – епцlыжыныгъэ, енэцlыжыныгъэ)
Ахъшэр шэ бжыгъуэщ.
Бажэм и кlэр пlыгъыу тепыхьэ. (И кlэр зэрыпlыгъыу пlэщlэкlыжынкlэ хъунущ, жыхуиlэщ.)
Бажэм сишх нэхърэ дыгъужьым срешх.
Банэ хуэдэ зэхэплъхьэр данэ хуэдэу зэхэпхыжынщи, данэ хуэдэ зэхэплъхьэр банэ хуэдэу зэхэпхыжынщ.
Банэ хуэдэу къэщтэж, данэ хуэдэу гъэтlылъыж.
Бэдж пэтрэ lэужь трах.
Бгъащхъуэ гущхуар, жьындум жьэхэхуэри ишхащ.
Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ.
Бгъэям куэдрэ укlэлъымыгъыж.
Бгъуэ егъапщи зэ пыупщl.
Бжэщхьэlум нэмыс хьэдрыхэ иоlус.
Бжызоlэ, сипхъу, зэхэщlыкl, си нысэ.
Бзаджэ къэзылъху и гуэн лъапэ щlетlэж.
Бзаджэ пщlауэ фlы ущымыгугъ.
Бзаджэм уи кlэ иубыдмэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ.
Бзылъхугъэ пшэрыхь хущанэ.
Бзуущхуэм бзу цlыкlур пэкlэцlыну щыхуежьэм – зэlытхъащ.
Биижь умыгъэблагъи, уи адэ и благъэжь умыбгынэ.
Бийм ущысхьмэ, уlэгъэ ухъунщ.
Блэкlа хэбзэжьым укъемыкъуж.
Блэр «пlыщlащ» жыпlэу уи гуфlакlэм думыгъэтlысхьэ.
Быдэ и анэ гъыркъым.
Бысымыр хьэщlэм и lуэхутхьэбзащlэщ.
Гуащэ мыхъу жьантакlуэщ.
Гуащэр гъэрмэ, мэзабзэ, хъыджэбзыр дэсмэ, мэутхъуэ.
Губгъуэм ущымыкъэрабгъэ, унэм ущымылlыхъужь.
Гугъэ нэпцlыр щхьэгъэпцlэжщ.
Гужьеигъуафlэ – унэхъугъуафlэщ.
Гузэвэхыр щlэх жьы мэхъу.
Гунэс ямыщl саугъэт умыщl.
Гупсыси псалъэ, зыплъыхи тlыс.
Гур кlуэдмэ, лъэр щlэкыркъым.
Гур кlуэдмэ, шыр жэркъым.
Гушхуэ тхьэшхуэ и жагъуэщ.
Гъэузи гъэхъуж.
Гъуэмылэпэм еlэзэ, гъуэмылэкlэм езауэ.
Гъунэгъу бий ящlыркъым.
Гъусэ ямыщlынум блэкlрэ пэт йоджэ.
Дахэ и щlагъ дыщэ щlэлъщ.
Дахэр пагэмэ, пуд мэхъу.
Дауэкlейм дэгу уещlри, плъэкlейм нэф уещl.
Дэтхэнэ зы lуэхутхьэбзэми бзыпхъэ иlэщ.
Делэм сэ сыфlокl, губзыгъэр езыр къысфlокl.
Дыгъуэм икlэр мыгъуэ мэхъу.
Дыгъужь мэлыхъуэ ящlрэ?
Джэд пасэрэ бын пасэрэ.
Джэджьей зеуалэ псывэ хоупlэ.
Джэду щысу шыпсэ умыlуатэ.
Дзей хуэщlэ фlыщlэ хэлъкъым.
Дзы зыфlэпщ дзы къыпфlещыж.
Дзыхьмыщlыр дзыхьщlыгъуэджэщ.
Е пщlауэ фlы ущымыгугъ, фlы пщlами ущlэмыфыгъуж.
Е улlын, е улlэн.
Егъэлей делагъэщ.
Еса сэгъейщ.
Еущий зы махуэщ, хабзэ хьэху махуищщ.
Жэмрэ вырэ зэхуотэдж.
Жейрэ лlарэ зэхуэдэщ.
Жыжьэу бгъэтlылъыр благъэу къощтэж.
Жьэ лlыкlуэ нэхърэ щхьэ лlыкlуэ.
Жьэшхуэ тхьэшхуэ и жагъуэщ.
Зэрыпщlу мыхъумэ, зэрыхъуу щlы.
Зэхуэгъафlэ зэфlэкlуэд къыхокl.
Зэщыгугъ мэунэхъу.
Зекlуэкlейм лъашэ уещlри дыхьэшхыкlейм lушэ уещl.
Зи бзэ lэф щынэр мэлитl ящlоф.
Зи бзэ lэфlым блэр гъуэмбым къреш.
Зи бысым зыхъуэжым чыцlыхъу хуаукl.
Зи жьэ зэумыщlэм я гухэлъ зэрыщlэркъым.
Зи щхьэ мыузым уи щхьэуз хуумыlllуатэ.
Зи lыхьэ зыфlэмащlэм хьэм фlешх.
Зи lуэ ит нэхърэ зи щхьэ ит.
Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ.
Зы махуаем зумыгъэлl, зы махуэлlым зумыгъашэ, зы дзэшхуэм зумыгъэхь.
Зызыгъэгусэ lыхьэншэщ.
Зым ищlэр щэхущи, тlум ящlэр нахуэщ.
Зыщытхъур къэгъани яубыр къашэ.
Зыщlэпхьым къыпщlехьыж. (Пщlэ зыхуэпщlым къыпхуещlыж, жыхуиlэщ.)
Зыlурыдзэ нэхърэ зыдэдзых. (Бгъуэтыр зэуэ зыlурыбдзэ нэхърэ гъэтlылъыгъэ щlы, жыхуиlэщ.)
Имылъ къолъэт. (Фочыр нэщlщ жыпlэу уримыджэгу, узэдауэ къыщlэкlыу щlэщхъу къызэрыпщыщlын пщlэнукъым, жыхуиlэщ.)
Ин жыlэ цlыкlу lуатэщ.
Иужь акъыл нэхърэ ипэ акъыл.
Кlуэд къыубжмэ, уи тхьэмадэжь и цlэри къыхэхуэнщ.
Къакlуэ и lыхьэ lыхьэхэмыlуэщ.
Къан хуэщlэ фlыщlэ иlэкъым.
Къэмыс-нэмыс тlысыпlэщэкъущ.
Къоджэ нэхъыжьщ.
Къоуэм уемыуэжмэ, lэ пфlэту укъищlэркъым.
Къыдыхьэр думыхуж, дэкlыжыр умыубыд.
Къыпкlэлъымыкlуэм узыкlэлъигъэкlуэнукъым.
Къыпlтекlуэ лъэщщ.
Къыпlтекlуэр гугъущ.
Къуэфlми къуэ бзаджэми адэ щlэин ухуэмылъыхъуэ.
Къуэшрокъуэр пlащlэри унакъым.
Кlапсэр кlыхьмэ, фlыщlи, псалъэр кlэщlмэ, нэхъыфlыжщ.
Кlэпlейкэр зымылъытэр кlэпlейкlэ и уасэкъым.
Лажьэ жьы хъуркъым. (Лажьэ – гукъеуэ, нэщхъеягъуэ.)
Лъакъуэ псынщlэ вейхэпкlэщ.
Лъапэкlэ хыфlэбдзэр дзапэкlэ къощтэж.
Лlэным лlыгъэ хэлъщ.
Лlы здашэ щlэупщlэркъым.
Лlы и псалъэ епцlыжыркъым.
Лlы пхам лlы еуэркъым.
Лlы псори лlыкъыми фыз псори фызкъым.
Лlы хахуэр утыкум щощабэ, лlы щабэр утыкум щокlий.
Лlым зигъэгусэркъым.
Лlыгъэр lыхьэмыгъуэшlщ.
Лlыкlуэ яукlыркъым.
Лlыфlыр бэ дыдэщи, лlыфl дыдэр зырызщ.
Лlыхъужь и лъэужь кlуэдыркъым. (И цlэр, игъэхъахэр къонэж, жыхуиlэщ.)
Лlыхъур фыз дэубзэщи, лlыбзыр фыз дэуейщ.
Мафlэ нэхур «благъэщ» жыпlэу умыкlуэ, хьэ банэ макъыр «жыжьэщ» жыпlэу къыумыгъанэ.
Мащэм зэ ихуар набгъэщи, тlэу ихуар нэфщ.
Мащэм зытезыгъэгусэм, куэдри фlыщэ ищынкъым.
Мэзрэ мазэххэрэ уи щэху щумыlуатэ.
Мэкъу мащlи къыумыхь, мэкъу бэхьи умыхъу.
Мыщафэ lэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ, гъусэ мыхъунум ущыгугъыу мыщэм уемыбэн.
Мыщащхьэ плъагъуу мыщэ лъэужь умылъыхъуэ.
Мыщэ жея къыумыгъэуш, лlы мышынэ умыгъэгубжь.
Нэ зыдэщымыплъэрэ тхьэкlумэ зыщымыдаlуэрэ, бэн зэвыр мыхъумэ, щыlэкъым.
Нэгъуэщlым ишхамкlэ уэ укъэмыкъей.
Нэгъуэщlым и щытхъум уэ уримыкъей.
(Уримыкъей – уримыпагэ.)
Нэмыс здэщымыlэм насыпи щыlэкъым.
Нэмыс пщlымэ уи щхьэщ зыхуэпщlыжыр.
Нэмысыншэр насыпыншэщ.
Нэпсейр насыпыншэщ.
Нэрылъагъу щытхъур щlыбагъырыубщ.
Нэфlэгуфlэ и нэ дыщэ lуэнтlа щlэлъщ.
Нэхъыжь теlущlыкlыпlэщ.
Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщlэм гъуэгу ет.
Нэхъыщlитым яхэди я нэхъыфlыр къыхэх.
Ныбэ ей щыlэ мыхъумэ, шхын ей щыlэкъым.
Ныбэм «уи адэ жьакlэ къыпыупщlи къилъхьэ» жеlэ.
(Ныбэм уедаlуэмэ, емыкlу къыуигъэхьынущ, жыхуиlэщ.)
Ныбэр фэ цlынэ-лы цlынэщи зэlуокl. (Куэд иплъхьэ хъуну щхьэкlэ, иумылъхьэ, жыхуиlэщ.)
Ныбэрыдзэ нэхърэ щхьэдэдзых. (Гъэтlылъыгъэ щlы, жыхуиlэщ.)
Ныкъуэдыкъуэ нэхърэ уэдыкъуа.
Нысэ мыхъунур жьантажэ мэхъури, мафlэ мыхъунур ищхьэм щолыд.
Пагэм и блыпкъ-блащхьэ къутэгъуафlэщ.
Пащlэгъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым.
Псалъэ бзаджэ губзаджэщlщ, гурыщхъуэ щlыныр хуэмыхугъэщ.
Псалъэ щабэ гущабэщlщ.
Псалъэ lэфlыр мэгущlэри, псалъэ дыджыр мэщlытэ.
Псапэ куэд хъуркъым.
Псэр ящэри напэ къащэху.
Псы икlыгъуэм унэмысу уи кlэ умыlэт.
Псылъэншэу Къурей ихьэркъым.
(Къурей – Кавказ лъапэм щыlэ губгъуэшхуэ гуэрым и цlэщ.)
Пфlэкlуэдам щхьэкlэ умыгъ, къэбгъуэтам щхьэкlэ умыгуфlэ.
Пхуэмыдэ пэшэгъум мыгъуэ уохъулlэ.
Пхуэмыфащэ пэшэгъу пщlымэ, уи анэ мыгъуэ ищlынщ.
Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщl.
Пцlищэ нэхърэ зы пэж.
Пщащэр пагэмэ, ябгынэж.
Сэлам лей хъуркъым.
Судым шыфэ псэу иплъхьэмэ, вакъапхъэ къипхыжыркъым.
Уэшх блэкlам щlакlуэ кlэлъумыщтэж.
Удафэ и акъыл ирефыж.
Удын гуауэр мэгъущри, псалъэ гуауэр гъущыжкъым.
Ужьмэ, жьы хуэдэ щыти, ущlэмэ, щlэ хуэдэ щыт.
Узэпэгэкlыр къопэгэкlыж.
Узэралъагъуу уафlощl, узэрафlэщlу уалъытэ.
Узрихьэлэ шхыныфlщ.
Узэрымыса бысым умыуб.
Узэрымытым зумыгъэфlыкl.
Узэчэнджэщын умыгъуэтмэ, уи пыlэ гъэтlыси ечэнджэщыж.
Узэщэ нэхърэ узэтэ.
Узигъусэм и фэ къыуаплъ.
Узыгъэтlыс уиубыжыркъым.
Узыдэмыкlуэжын ущыщымыуэ.
(А зэм узэралъэгъуам хуэдэу ущыту уафlэщlынущ, жыхуиlэщ.)
Узыдэмыхьэ къуэладжэ лы дэзщ.
Узытекlуэм пэкlум уахегъэн.
(Фащэм, щыгъыным щысхьын хуейщ, иужькlи цlыхум уарихыхьэн щхьэкlэ, жыхуиlэщ.)
Узытелlэ нэхърэ къыптелlэ.
Узыхэдэн щымыlэмэ, щыlэр къыхэх.
Узыхэтым уаймыкlумэ, уи унэ умыкlуэж.
Узыхэфыжыну псым ухэмыубжьытхэ.
Узыщымыгугъын ущыгугъмэ, пхъащэ гъуэгу урижэнщ. (Гугъу уехьынщ, жыхуиlэщ.)
Узыщымысхьри уимыlэххэри зэхуэдэщ.
Уи адэ-анэ яхуэпщl нэмысыр уи бынми къыпхуащlыжынщ.
Уи анэ зыуб уи щхьэ дэгъэсыс. (Пэж жызыlэм дыжыlэ, жыхуиlэщ.)
Уи анэ къобэнми зромыгъэуд.
Уи гуащэ еплъи уи лъэ гъэбакъуэ.
Уи гур зыхуеlэм уи lэр лъоlэс.
Уи гъунэгъур бзаджэмэ, щlы хущынэ.
Уи ин жиlэнщ, уи цlыкlу иlуэтэжынщ.
Уи мыгъусэ уи лъатэпс иумыгъапхэ.
Уи мыщауэгъу гъусэ умыщl.
Уи напщlэ темылъ тумылъхьэ.
Уи нэ гъаплъи уи лъэ гъэув.
Уи псалъэ гъэlэси, уи нэмыс гъэбыдэ.
Уи тепlэн еплъи, уи лъэ укъуэдий.
Уи фlым иумытыр мафlэм уфlес.
Уи шхын нэхърэ уи нэщхъ.
Уи шым ижынур пщlэжын хуейщ.
Уи щхьэ мыузу боз иумышэкl.
Уи щхьэ хуэпщlыжыр уи нэмысщ.
Уи щхьэ хъумэ, си хъыджэбз.
Уи lыхьэ зыlэрыгъэхьи, итlанэ зыгъэгусэ.
Укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ.
(Япэ зэрызыбгъэлъагъуэщ, жыхуиlэщ.)
Укъыщалъхум псори гуфlащ, ущылъэжкlэ зыхуэбгъагъыжыфмэ.
Умыгъэтlылъ къэпщтэжыркъым.
Умыщlэм ущlэупщlэныр емыкlукъым.
Унэм зыщыгъаси хасэм яхыхьэ.
Упащlэмэ, уогувэ.
Упщlэ щlэщхъуркъым, щlэщхъу щlэнэркъым.
Упщlэ lупщlэ хэлъкъым.
Ущакlуэ хэхърэ утакъуэ.
(Имыуасэкlэ пуду пщэ нэхърэ, птымэ нэхъыфlщ, жыхуиlэщ.)
Ущымытхъущэ – пхуэубыдыжынкъым.
Фадэм текlуа щыlэкъым.
Фlы зыщlэ упщlэжрэ?
Фlыр умыцlыхумэ, нэхъ лъапlэр къыхэх.
Хабзэ лъэlукъыми, lумахуэ lуэхутхьэбзэкъым.
Хабзэм къемызэгъыр и бийщ.
Хабзэмыщlэ емыкlухьщ.
Хабзэмыщlэ щыкlейщ.
Хабзэр убзэ зыфlэщlым хуэпщlэнум и ныкъуэр къегъанэ.
Хабзэр убзэнкъым, къалэныр lулъхьэнкъым.
Хэдэ мэдакъуэри хэпхъуэ lыхьэфlэщ.
Хэдэ мэдакъуэри хэплъэ мэплъакъуэ.
Хэдэ мэдэхъу.
Хэплъыхь lыхьэншэщ.
Хъуэхъукlэ узэхыхьэу, хъуэнкlэ узэхэмыкlыж.
Хьэ хей умыукl, фыз хей иумыгъэкlыж.
Хьэдэр куэдрэ зепхьэмэ, мэ щоу, lуэхур куэдрэ зепхьэмэ, мэлъахъэ.
Хьэджафэ банэркъым, лъхукъуэщо хъуанэркъым.
Хьэфl дэплъейр хьэфl мэхъури, шыфl дэплъейр шыфl мэхъу.
Хьэху хьэху тыж умыщl.
Хьэху яхь щыlэщи, хьэху хьыж щыlэкъым.
Хьэхурэ щыхуэрэ зэlахыу хабзэжьщ.
Хьэщlапэрынэр емыкlущ.
Хьэщlэ гъунэгъу нэхърэ хьэщlэ жыжьэ нэхъ лъапlэщ.
Хьэщlэ къашэ щыlэщи хьэщlэ ишыж щыlэкъым.
Хьэщlэ лей щыlэкъым.
Хьэщlэ щlалэ щыlэкъым.
Цlыхум и цlэр езым зыфlещыж. (Цlыхум и дуней тетыкlэм хуэдафэ къраплъ, жыхуиlэщ.)
Цlыхуфl и тхьэкlумэ дэгущ.
Чэнджащэ щыуэркъым.
Шэрэ лъырэ зэхакlэркъым.
Шэхур хуабэу яхуз, фызыр щlалэу ягъасэ.
Шу хьэщlэр ягъэшэсыж, лъэс хьэщlэр пщlантlэм дашыж.
Шхын нэхърэ шхалъэ.
Шыгъупlастэм уемылъэпауэ.
Шыдыр удафэмэ, тало мэхъу.
Шым еуи дыхьэ, елъэдэкъауи къыдэкlыж.
Шыр птымэ, шхуэри дэщlыгъу.
Шыуаным илъыр зымышхыжынур гуэным илъым тогужьеикl.
Шыцуэс къесу узэрысым уимыкl.
Щакlуэ кlуэгъуэм хьэв япlыркъым, гузэвэгъуэм къан къахьыркъым.
Щауэр зыгъэщауэр гуащэщи, гуащэр зэрыгуащэр и щэнщ.
Щхьэкlуэ зышх щхьэшхыгъуэ йохуэ.
Щхьэр къэхь, жаlэмэ, пыlэр къахь.
Щхьэр псэумэ, пыlэ шыщlэркъым.
Щыгъынибгъу нэхърэ теубгъуэн.
(Щыгъын куэд уиlэ нэхърэ тепlэнщlэлъын, жыхуиlэщ.)
Щыжаlэм щыпаупщlыркъым.
Щыкlыр икlэ мэхъу.
Щымыуэ и щыуагъэ яшхыркъым.
Щытхъукlей нэхърэ убыкlафlэ.
Щыщlэ нэхърэ мащlэшх.
Щlакlуэ нэхърэ уэшх нэхъ благъэщ.
Щlалlэгъуэр щхьэгъэрытщ. (Ущlалэху уlуэхутхьэбзащlэщ, жыхуиlэщ.)
Щlэ ягъэущ щхьэкlэ, жьы яущиижрэ?
Щlэм дежьи жьым дэшхэ.
Ямыгъэпсэлъэлl яукlыркъым.
Япэ джэлам ущlэмынакlэ.
Япэ лlар япэ ирах.
Япэ лlэм джэбыныр ейщ.
lэщми псэ lутщ. (Гущlэгъу хуэщl, жыхуиlэщ.)
lуэхухутэ ялlыркъым, лlыкlуэ яукlыркъым.
lуэхутхьэбзэри щlыхуэщ.
'+Kaffed