АДЫГЭ ПСАЛЪЭЖХЭР
Ещанэ Пычыгъуэ
Бланэ щалъху йокlуэлlэж.
Абрэмывэ пэт зы пlэм илъкъым.
Адакъэр мыlуэкlи нэху щын къанэркъым.
Адэ мылъку бынгъэкlуэдщ.(И адэм и мылъкум щыгугъыу мылажьэурэ хуэмыху мэхъу, жыхуиlэщ.)
Ажал зимыlэ щыlэркъым.
Ажал мыхъумэ lэзэгъуэ зимыlэ щыlэкъым.
Ажалыр бжэщхьэlум нэхърэ нэхъ благъэщ.
Акъыл блымщ.
Акъыл зиlэм имыlэ щыlэкъым.
Акъылыр жьыгъэ-щlагъэкъым.
Акъылыр нэмысщ, блымыр насыпщ.
Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.
Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.
Апхуэдэуи мэхъу, нэхъыфlи мэхъуж.
Аргъуейм и лым хуэдэщ и лэпсри.
Афищэ зытар хьэ матищкlэ ящэжащ.
Аслъэныр жьы хъумэ хьэlуцыдзыр щодыхьэшх.
Ахъшэр пшахъуэщи, гъащlэр пцlащхъуэщ.
(Пшахъуэр пlэщlолъэлъ, пцlащхъуэр пlэщолъэт, жыхуиlэщ.)
Бэр зэкъуэтмэ – текуэныгъэщ.
Бэр зэнэцl нэхърэ бэр зэхъуэхъу.
Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд.
Бжэн щынэ къилъхуркъым.
Бзаджэ уи пашэмэ, бзаджэ ухуешэ.
Бзум и лым хуэдэщ и лэпсри.
Блэбгъэкlым, улъэщlыхьэжыркъым.
Блэр бэгмэ, и гъуэм ихуэжыркъым.
Блымыр уэсэпсщ, цlыхупсэр маещ.
Вындым и шыр ишхыжынумэ, сабэм хекухь.
Выри лъэщ дыдэщ – къаубыдри щlащlэ.
Губгъуэ пщlащэрэ унэ пщlащэрэ зэтохуэ.
Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэ ищlэркъым.
Гугъуехьыр шэчыгъуафlэщ.(Умышэчынкlэ lэмал щимыlэкlэ, уигу уогъэбыдэри уошэч, жыхуиlэщ.)
Гудзэр теувэгъуэ-теувэгъуэщ.
Гур зыщыплъэм, нэр мэплъакъуэ.
Гур зыхуеlэм lэр лъоlэс.
Гур мыгъмэ, нэр гъыркъым.
Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаlэщ.
Гурыщхъуэ нэрыщхъуэ ухуешэ.
Гуфlэгъуэри гуlэгъуэри зэпыщlащ.
Гухэхъуэ щlэщ, гухэщl жьыщ.
Гущэ зыхуащlым бэни хуащlыж.
Гъащlэ зиlэм уахътыи иlэщ.
Гъуамэ цlыку нэхърэ гъуамэшхуэ.
Гъуэгу благъэ жыжьэ нэхърэ, гъуэгу жыжьэ благъэ.
Гъуэгу техьэ гъуэгу тенэркъым.
Гъуэгум и кlыхьагъым хуэдизи и бгъуагъщ.
Гъущl куэбжэ зиlэ гъущl мастэ щощlэ.
Гъущlыпэ пэтрэ мэхъуапсэ.
Дахагъэм дагъуищэ егъэпщкlу.
Дахэу ябз дахэу ядыжыркъым.
(Дахагъэ псор зым бгъэдэлъкъым, жыхуиlэщ.)
«Дунейм сыт нэхъ lэф, сыт нэхъ дахэ, сыт нэхъ жэр?- щыжаlэм:
- Псэ нэхъ эфlщ,
- Гъатхэ нэхъ дахэщ,
- Гу нэхъ жэрщ», жаlащ.
Дунейр гъуэрыгъуэ щэнтщ.
Дунейр чэзущ.
Дунейр шэрхъщи мэкlэрахъуэ.
Джэд нэхърэ джэдыкlэ нэхъ lущщ.
Джэд щыкъун и пщlыхьщ.
Джэду здэщымыlэм дзыгъуэ щоятэ.
Джэдум и щырыр ищхыжын хъумэ, «дзыгъуэ ещхьщ» жеlэ.
Джэдым зэрыфlагъэжыну сэр къеулъэпхъэщ.
Дзэр куэдрэ узмэ – lуач.
Е мыхъу фlы хъужыркъым.
Ебгъэлеймэ – къреху.
Емыкlур екlу мэхъури екlур емыкlу мэхъу.
Емынэрэ пэт зэрыхьэм зыгуэр къренэ.
Ер вы бжьакъуэм къокl.
Жаlэр къос, ясэр къокl.
Жеймрэ гугъэмрэ адэ щlэиныфlщ.
Жыг зытеуэри мэгурым, пщlащэ зытехуэри мэгурым.
Жыгыжьыр иту, жыгыщlэр йобэт.
Жылэ лажьэ лажьэ хъуркъым.
Жьэр щхьэм и лыкlуэщ.
Жьы къемыпщэу къурэ сыскъым.
Жьым къихьыр псым ехьыж. (Гугъу удемыхьу къэбгъуэтар кlуэдыжыгъуафlэщ, жыхуиlэщ.)
Жьым щытхъуи щlэр къащтэ.
Жьыф здэщымыlэм щlэфlи щыlэркъым.
Зэбий нэхърэ зэбэу.
Зэгуэс нэхърэ зэгуэт.
Зэдэгъуэт нэхърэ зэблэгъуэтыкl. (Зы махуэм псори уиlэ нэхърэ, мащlэми, махуэ къэс зыгуэр бгъуэтмэ, нэхъыфlщ, жыхуиlэщ.)
Зэдеlэмэ бгыри ягъэкуэш. (Ягъэкуэш – ягъэlэпхъуэ.)
Зэзри зи хущхъуэ щыlэщ.
Зэхьэзэхуэ мэунэри зэижитl мэунэхъу.
Зи игъуэр дахэщ.
•Зи къуэш мащэ хуэзытlыр йохуэж.•
Зы акъыл нэхърэ акъылищэ.
Зыгуэр щыжаlэм зыгуэр щыщыlэщ.
Зы гъэм къэкl удзыр зы вым ихъуркъым, къэхъуну-къэщlэнур зы лlым ищlэркъым.
Зы къэлэрри къэлэрищэри зэхуэдэщ.
Зы мафlэ хъуаскlэм жылэ псор къресэкl.
Зы мэлыфэ тlэу трахыркъым.
Зы хьэ зэбэным хьищэ йобэн.
Зым и гуращэр щэм я гуращэщ.
Зым и хущхъуэ зым и щхъухьщ.
Зым и хьэдагъэщ, зым и нысашэщ.
Зым тlур и дзэщ.
Зым хуэмыфl хьэдрыхэ ягъакlуэркъым.
Зыр лlа щхьэкlэ, зым зилlэжрэ?
Зыхьри мэгугъэ, яхьри мэгугъэ.
Икlута из хъужыркъым.
Илъэс плlыщlыр – дыгъужь плlыщlщ, илъэс хыщlыр - хьисэп хыщlщ, илъэс пщlейр – пэщащэ пщlейщ, илъэсищэр – джэдыкlищэщ.
Къэрдэщыщхьэ мэщхьэлъэри щхьэж и лъэпкъ йоуэж. (Къэрдэщ – удзщ.)
Куэд зыгъащlэ нэхърэ куэд зылъагъу.
Куэдрэ шэм ухэплъэмэ, лъы холъагъуэ.
Кхъуэр зыщышынэн щымыlэмэ, lуащхьэм
докlуей.
Къанзэгурэ пэт гу егъэуфэрэнкl.
Къашыргъитl зэрошхри бзу ишхын къыдокl.
Къэбублэр хабзэщ.
Зэманым декlур лlыфlщ.
Къежьэкlей – кlуэдыжыкlейщ.
Къуанщlэм нэ хуащlати «набдзэ» жиlащ.•
Къуанщlэм узэхуишэр псэхэлlэлщ.
Къупщхьэ – къуаншэщи, лы пшэр - дахэщ.
Кlапсэшхуэм ихьар арэфыпсым къехьыж.
Кlыгуугу и цlэ иреlуэж.
Лажьэр къэкlуэгъуафэ щхьэкlэ, кlуэжыгъуейщ.
Лы зышхар лэпс йофэж.
Лыр фымэ, шыгъу траудэ, щыгъур фымэ сыт иращlэрэ? (Мыхъумыщlэр зымыдэн хуейм езым мыхъумыщlэ ищlэмэ, хужаlэ.)
Лъакъуэ зышхыр щхьэ шхыгъуи йохуэ.
Лъэпкъ и зыпкъ кlуэдыркъым. (Къызыхэкlа лъэпкъым зыгуэркlэ емыщхь щыlэкъым, жыхуиlэщ.
Лъы уасэрэ пхъу уасэрэ мылъку хъуркъым.
Лlар псэум пащlыркъым.
Лlэныгъэр жьыгъэ-щlагъэкъым.
Лlэныгъэр lыхьэмыгуэшщ.
Лlэужьыр бжьиблкlэ мауэ.
Лlы и махуэрэ шы и махуэрэ зэхуэдэкъым.
Лlыр лъэпкъщ.
Мазэрэ пэт дыркъуэ иlэщ.
Мардэ зимыlэ щыlэкъым.
Мафlэ мащlэ lугъуэбэщ, бын мащlэ цlэцlалэщ, гъаблэ бысым гуащэщ.
Мафlэм и гъунэгъу лыр мажьэ.
Мащэ зыт йохуэж.
Мэкъумылэр мащlэмэ, шкlащlэр шхэрей мэхъу.
Мэлищэ щlакхъуэншэ хъурэ?
Мыгъуащэрэ щымыуэрэ щыlэркъым.
Мылlэр лlы мэхъу.
Мыщэ дыгъужь фlэбэлацэщ.
Мыщэр зыпlам йобэныж.
Насыпыр lыхьэмыгуэшщ.
Нащэр мыхъунумэ, кlэрэф мэхъу.
Нэдым и щхьэр умытlатэу хьэ илърэ ху илърэ пщlэркъым.
Нэм екlур гуми йокlу.
Нэм и узыр нахуэщи гум и узыр щэхущ.
Нэм илъагъур щхьэм и уасэщ.
Нэм ипэ псэр ихуэ.
Нэм псэр и фыгъуэгъущ.
Нэри хьэхущи псэри хьэхущ.
Нэхъыбэм ящlэр хабзэщ.
Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщlэ насып.
Нитlрэ пэт зэхуэдэкъым.
Нобэ уи махуэщ, пщэдей си махуэщ.
Ныбэрэ бынкlэ псори зэхуэдэщ.
Ныбгъуэр жьы хъумэ, адэжынэ мэхъуж. (Ныбгъуэр жьы хъумэ, и лыр адэжынэм и лым хуэдэу пхъащэ, lэфlыншэ мэхъу, жыхуиlэщ.)
Ныбгъуэр хьэм хэсми хум игу хуэгъэзащ.
Пащlэм къимыхьыр жьакlэм къихьыжыркъым.
Пэ зиlэм кlэи иlэщ.
Псэжьым гуащэ къелъхури, гуащэми псэжь къелъху.
Псэу лlа нэхърэ лlа псэу.
Псым и жапlэр езым къегъуэтыж.
Псым хэлъ мывитlрэ пэт зонтlэlу.
Псыпэр зэрыжэм псыкlэри ирожэ.
Псыр гъужми, жапlэр къонэ.
Псышхуэм псы цlыкlу хокlуадэ.
Пщэдэйрей ныбгъуэ нэхърэ нобэрей бзу.
Пщlэгъуалэ утесмэ, иц щыщ къыпхохуэ.
Пlалъэ мыщlыр жыжьэщи, пlалъэ щlар къос. Сымаджэр къанэри щlэупщlакlуэр лlащ.
Тенджызрэ пэт ткlуэпс.ткlуэпсу зэхэтщ.
Тепсэр къытепхыжынщ.
Тlакъуэр закъуэ палъэщ, закъуэр щымыlэ пэлъытэщ.
Уэсукхъуэр бзу цlыкlум къегъэхъей.
Уэсыр фошыгъу хъуати, фошыгъулъэ игъуэтыжакъым.
(Куэдыр пудщ, жыхуиэщ)
Уэщым зиlэтыху, пхъэм зегъэпсэху.
Удахэмэ – ухейщ, ухеймэ – улъэщщ.
Узэджэр къокlуэ.
Узэрыгугъэу ухъутэмэ, уунэхъурэт?
Уи япэкlэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуэзэжынщ.
Уигу ирихьыр lэфlщ, фlыуэ плъагъур дахэщ.
Уищlмэ (улlэмэ), ущlэинщ.
Укъызыщащlэм акъылщи, укъызыщамыщlэм былымщ.
Улlмэ, улlакъуэщ.
Унэвым уеуэмэ, мэзывым и бжьэ мэхъей.
Унэр зэращlа уэщыжьыр щlыбым щlадзыж.
Ухэныпэ нэхърэ лъэпхъуамбыщlэ.
Ущыджэлэнур пщlэтэмэ, упщlэ бгъэтlылъынт.
Ущlалэху уотхъэ.
Фадэр гуакlуэрыефэщи, фызыр гуакlуэрыкъашэщ.
Фор lэф дыдэщ – зигу иримыхъым ишхыркъым.
Фlэщ хъуныгъэ хущхъуагъэ хэлъщ.
Фlыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыlуэщ.
Фlым фlы къыпокlуэри, lейм lей покlуэжыр.
Хабзэр убзэнкъым, акъылыр къалэнкъым.
Хакlуитl зы бо щlэзагъэркъым.
Хакlуэмыхъу жылэ гъэунэхъущ.
Хейм и лъыр хамэм ещlэж.
Хуарэр дэхуэхмэ, гум йокъу.
Хъан – техьэгъуэ-текlыгъуэщ.
(Тетыгъуэр чэзущ, жыхуиlэщ)
Хъумпlэцlэджым и кlуэдыжыгъуэм дамэ къытокlэ.
Хьэлэр хьэлэкlэ lуауд.
Хьэлърэ кхъуэлърэ зэтенэркъым.
Хьэм бацэ ишхмэ, бацэ къыдохыж.
Хьэм вакъэ хуэпщlмэ, щlешхыкlыж.
Хьэм и кlэм рсы къыщlэмыуэу есыкlэ ищlэркъым.
Хьэфэм фо из хъумэ, зэгуотхъ.
(Ныбэизыгъэкlэ щыкlа цlыхум хужаlэ)
Цlыкlуу къаьылъху ин хъуркъым.
Цlыху зыпl цlыху уасэ хон.
Цlыху цlыху щlыжщ. (Цlыхур зыгъасэр, зыущийр цlыхурщ, жыхуиlэщ.)
Цlыхугъэ зиlэ, и хьэ сыкъишх. (Цlыхугъэншэм удэпсэу нэхърэ, цlыхугъэ зиlэм удэкlуэдым нэхъыфlщ, жыхуиlэщ.)
Цlыхум я фэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я гури зэхуэдэкъым.)
Чэзу зимыlэ щыlэкъым.
Чы щlыкlэ умыгъэшыр бжэгъу хъумэ, пхуэгъэшыжыркъым.
Шэм исар шхум йопщэ.
Шейтанри жьы хъумэ, муслымэн мэхъуж.
Шкlахъуэми зы нэхъыж яlэщ.
Шкlэплъ зытелъ нэхърэ дагъэ зытет. (Дахэ нэхърэ фlы жыхуиlэщ.)
Шы бэгуитl зэхъуэгъущ.
Шы щlакъуэ утесмэ, шы лъэ псо ухуехь.
Шыгъу зышхар псы йофэж.
Шым и пащэр яlуантlэмэ, и щlыбыр щогъупщэ.
Щхьэж и зекlуапlэ и кlуэдыжыпlэщ.
Щхьэж щыщ и щыдэжынщ.
Щхьэм имылъмэ, лъэм и мыгъуэщ.
Щхьэтепlэншэ къабзэ хъуркъым.
Щыгъын гуащэщи ятlэ пщы унэщ.
Щрабзэм щыпаупщlыркъым.
Щыlэкlей кlуэдыжыкlейщ.
Щlалэгъуэрэ дахэгъуэрэ зимыlэ щыlэркъым.
Щlалэгъуэрэ делэгъуэрэ зимыlэ щыlэкъым.
Щlэблэ зыщlэмыхъуэр лъэпкъ хъуркъым.
Щlэин ещэр щlэин мэхъу.
Щlэр жьы мэхъури жьыр щlэ хъужыркъым.
Щlэр къэхъунум щlэнэцlурэ жьы мэхъу, жьыр блэкlам щэнакlэурэ мэлlэж.
Щlэщхъу зыщlэ къыщlэкlуэркъым.
lэзэгъуэ зимыlэ узыгъуэ щыlэркъым.
lей мыхъу фlы хъужыркъым.
lитрэ пэт зэрымытхьэщlу зэрыщlэркъым.
Яжьэжь щlаха къыщlэпхьэжкlэ хуабэ хъужыркъым.
'+Kaffed)