Atasözleri / Bölüm 8

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭЖХЭР
Еянэ Пычыгъуэ



Абы нэхъ лажьэ акъужьым къимыхькlэ.
Адакъэщlэрэ хущlэ пастэрэ.
Адыгэ хабзэр адэ щlэиныжьщ.
Адыгэр вакъэ лъэныкъуэу шхэркъым, шхэурэ уэрэд жиlэркъым.
Анэ дэкlуэрэ лlы дэкlуасэрэ. (Тlуми емыкlу пылъкъым, жыхуиlэщ.)
Анэ зимыlэм гуlэр и махуэщ.
Анэ зимыlэ сабийр, адэ иlэми, ибафэщ.
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
Анэгукlэ къеlэри, анэlэкlэ къитри къызитам къысхуищlащ.
Анэнэпэсыр уэсым нэхърэ нэхъ щlыlэщ, зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ.
Анэнэпlэсрэ гупкlэ тlысыпlэрэ.
Анэр бын гъэкlуэдщ. (Быным сысхьурэ, еубзэурэ егъэсэхъу, жыхуиlэщ.)
Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ къуэш адэ палъэщ.
Балагъыкlыр зыlыгъым хьэ къарибгъу щогугъ.
Биижь благъэ хъуркъым, благъэжь бий хъуркъым.
Благъэ жыжьэ нэхърэ гъунэгъуфl.
Благъэ хъумэнрэ ху хъумэнрэ зэхуэдэщ. (Тlури хъумэгъуейщ, lыгъыгъуейщ, жыхуиlэщ.)
Благъэжьрэ дыжьыныжьрэ.
Быдзышэр хьэкхъуафэм иракlэркъым. Быдзышэм нэмыс иlэн хуейщ, жыхуиlэщ.)
Былым къыпщlын нэхърэ быныфl къыпщlын.
Бын зэхэдзэрэ удын зэхэдзэрэ.
Бын зимыlэр щlолlэ, зиlэр йолlалlэ.
Бын тlуащlэ лlы гу хэщlщ, бын щащlэ лlы фэ техщ.
Быныр нэм и хъуахуэщ.
Бысым гуащэщlэ хьэщlэ и щlасэщ.
Гуащэм и хабзэр нысэм и бзыпхъэщ.
Гуащэр гъуммэ, шхэрейщи, нысэр кlэнтlмэ, шхын щlэлlэщ.
Гъатхэ дыгъэ си нысэ типси, бжьыхьэ дыгъэ сипхъу типсэ.
Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ.
Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ
Гъунэгъуфl – къуэшыфl палъэщ.
Дадэм щlыгъур нанэщи, нанэм щlыгъур дадэщ.
Дэлъхум и lыхьэр шыпхъум ехь,(Шыпхъур и дыщым къэкlуэжыху, дэлъхум и lыхьэм щыщ ехь, жыхуиlэщ.)
Дэlэбеи ет, еlэбыхи къашэ.
Делэ благъэ нэхърэ губзыгъэ бий.
Делитl зэгуэгъущ, тlуанитl зэегъущ.
Дыгъэ нэпс нэхърэ анэ бгъафэ.
Драхьеймэ, мэгъущlэ, кърахьэхмэ, мэщlытэ.
Дыщ мэжаджэ lэфlщ.
Джанэ нэхърэ гъуэншэдж нэхъ благъэщ.
Джэд хуэдэ, быныфlэщ
Джэдумрэ фызымрэ унэгуащэщи, хьэмрэ лlымрэ ныбгъуащэщ.
Еблагъэ зи бэм и бын мэжалlэркъым.
Егъур гъуэтыгъуафlэщ, благъэр гъуэтыгъуейщ.
Етlуанэлlрэ lулlэlуданэрэ.
Жагъуэгъурэ щlасэгъурэ зимыlэ щыlэкъым.
Жагъуэлlрэ лlэныгъэрэ.
Жэм лъакъуэ шкlэ иукlрэ?
Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щlэ зэрымысым насып илъкъым.
Закъуэныгъэ нэхърэ lэл къыбдис.
Зэдэшхэ lэфlщи зэдэфl унэщ.
Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым.
Зэкъуэшитl зэкъуэщтыжыркъым. (Зэкъуэщтыжыркъым – щтэуэ зыр зым хыфlидзэркъым.)
Зэкъуэшитlрэ дзитl зыlутрэ.
Зэлlзэфыз я псэ зы чысэ илъщ.
Зэхэкlыр губжьым къыхокl.
Зэхуэдитlыр къызэдофэри джэду хьэжы зыкъещl.
Зэхуэфащэ зэщауэгъущ.
Зегъэуби уи бын пlыж.
Зи адэ лlар ибэ ныкъуэщ, зи анэ лlар ибэ хъурейщ.
И бын гуlущlэу зыгъасэм и нэпскlэ епшыныж.
Зи щхьэ уи унэ исым и псэ уи унэ илъщ.
Зилl lэмбатэм и фыз куэтэрамэщ. (Зилl мыкlуэмытэм и фызри апхуэдэщ, жыхуиlэщ.)
Зы бын зиlэми бынищэ зиlэми зэхуэдэу ялъагъу.
Зи унэ и хьэдэ зы унэ итlысэркъым.
Зы хьэщlэм зы хьэщlэ и жагъуэщи хьэщlитlыр бысымым и жагъуэщ.
Зыпс ираш зэшыпхъущ.
И анэр гупсэщ, и адэ псоущ. (Къэзылъхуахэр узыншэщ, псоущ, насып иlэщ, жыхуиlэщ.)
И анэ еплъи ипхъу къашэ.
И адэ еплъи и къуэ дэкlуэ.
И нэм и джабэхъщ, и псэм къыпатхъащ.
И нэм и нэхущ, и псэм и хъуахуэщ. (Мы псалъитlми : фlы дыдэу елъагъу, жыхуиlэщ.)
И уанэ трилъхьэмэ, игу ирилъхьэжащ. (Щхьэ закъуэу, бынунэ зимыlэу псоум хужаlэ.)
И щхьэ закъуэ и лъакъуитlщ.
Игу къобгъэну анэкъилъху нэхъ бзаджэщ
Имылъагъумэ, щlолlэ, илъагъумэ, йолlыкl.
Имысрэ сымаджэрэ lыхьэншэщ.
Къакуэ псори благъэщ.
Къакlуэхэ я унэщ.
Къалъхур ирегъашэ, къашэр егъэнысэ.
Къантешэ нэхърэ къаншэж.
Къапшэ хъунущ, хуэпшиин уиlэмэ.
Къэдаlуэ, си хъыджэбз, зэхэщlыкl, си нысэ.
Къэзылъхуар мэупlэри зымыпlам хуолажьэ. (Хъыджэбзыр зыщэлъхуа унагъуэм йокlри зыдэкlуам яхуолажэ, жыхуиlэщ.)
Къэзышагъащlэм щlакlуэщlэрэ кlуэкlэщlэрэ къещтэ.
Къэсшэн согъуэт, сымыгъуэтыр къыздэкlуэнщ.
Къомыгъуэжынур, къомыщэжынур уи анэрэ уи нитlрэщ.
Кърум шыр имыlэмэ, зы бзущ.
Къужэ дэз lыхьлы нэхърэ жылэ и зырыз благъэ.
Къуажэ ив нэхърэ къуажэ и благъэ.
Къуаргърэ пэт, и шырым «хужь цlыкlукlэ» йоджэ.
Къуэ бзаджэм адэм хъуэн къыхуехь, пхъу бзаджэм анэм хъуэн къыхуехь.
Къуэ бзаджэм яжьэм ухегъэс, пхъу бзаджэм хасэ урехьэ.
Къуэ закъуэрэ нэ закъуэрэ.
Къуэ зимыlэ адэр нысэлъыхъу ежьэркъым.
Къуэ пцlыупс зиlэ и анэ гуфlэ щыщlэркъым.
Къуэ уиlэмэ, нысэ уиlэщ.
Къуэм и нэр нэфми, анэм псэууэ елъагъу.
Къуэм и псэр анэм и псэфылъэщ.
Къуэм уилlынщ, лlым уипlынщ.
Къуэр напщlэщ, пхъур набдзэщ.
Къуэр унэм и пкъощ, пхъур унэм и щlэращlэщ.
Къуэрагъыр ираупсеящ. (Къэшэгъуэ, дэкуэгъуэ чэзур зылъыса щlалэм е хъыджэбзым хужаlэ.)
Къуэфl и анэ гуфlэ щигъащlэркъым.
Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфl.
Къуэш зимыlэм башым lэплlэ ирешэкl.
Къуэш и щlэеин къуэш ехьыж.
Къуэш лей щыlэкъым.
Къуэш – шыпхъур хы къумиблым къыкъокl.
Къуэшым я нэхъ жагъуэгъумрэ щауэгъум я нэхъ щlасэмрэ зэхуэдэщ.
Къуэшыншэ щlэупщlакlуэншэщ.
Къуэшыр зыщыбэм бэныр щыбыхъущ.
Лъагъуныгъэ зыхуэпщlым гущlэр къегъэхъей.
Лъагъуныгъэ зыщlам лъагъукlэ ищlэжыркъым.
Лъхурыкlуэд – лъхурыщlэхщ.
Лlакъуэр зыщыбэм быныр щыхейщ
Лlы гурымыкъыр фыз гъагъщи, лlым и гъринэр гуемыlущ.
Лlы жьей фызгъэгъущ
Лlы зэрымыс унэр сабафэщ.
Лlы и фыз трахрэ?
Лlы хьэщlэ нэхърэ фыз хьэщlэ.
Лlы щепткlэ умыгъ, кърагъэкlыжмэ, гъей.
Лlыгъуабэм быныр ирепхъыхь, фызабэм быныр къещыпыж.
Лlым и узыншагъэр фызым и фlыгъэщ.
Лlымрэ фызымрэ зэхуагъэувыр я хабзэщ.
Лlырэ фызрэ мащэ тlа яку дэлъщ.
Малъхъэр хъумэ, къанщ, мыхъумэ, шыдщ.
Малъхъэщ, жыпlэу унэгъу умыщl, щlалэщ жыпlэу къебгъэшэн къыумыгъанэ.
Махуаем бгъуэтыжыр ныбжьэгъущи, уи хьэмтетыгъуэм бгъуэтыр уи шхэгъущ.
Мэлищэ нэхърэ щуlэгъэфl.
Мыгъуэр зи мыгъуэр анэрщ.
Насыпыр фызым къыдокlуэ.
Нэгум щlэтыр нэм хуэдэщ.
Нэм псэр и фыгъуэгъущ.
Нэм псэр зыщlешэ, гум гур къреджэ.
Нэм пэжыжьэми гум пэблагъэщ.
Нэхъыщlэ нэхъ щlасэщ.
«Нэчыхьым сигу щыкlащ», жиlащ куэдрэ яшэурэ кърагъэкlыжа пасэрей пхъужьым.
Ныбжьэгъум занщlэу къыбжиlэнщ, бийм уи щыбкlэ щигъэlунщ.
Ныбжьэгъум ягъэпуда лlыр фызыфlым къыдехыж.
Ныбжьэгъур бгъэунэхунумэ, хуитыныгъэ ет.
Ныбжьэгъур уи нэгу къыщlоплъэ, жагъуэгур уи лъакъуэ йоплъых.
Ныбжьэгъур щагъэунэхур махуейщ.
Ныбжьреилl щыlэкъыми ныбжьрей дыщ щыlэщ.
Нысэ унэгъу тlуанэгъуейщ.
Нысэ lейм унафэр унэм ирех.
Нысэгъукъуэ нэхърэ тlуанэ къуибгъу.
Нысэм зэхихыу уи пхъум еущие.
Нысэм уеубзэмэ, данэ убзэ къыуитынщ.
Нысэр фlыщ, жыпlэу цlэ фlумыщ, и цlэр езым зыфlищыжынщ.
Псэр зэхъуапсэр дахэщ.
Псым икl пэтрэ я кlэ зэнтlэlуащ. (lыхьлыгъэ зэхуаlэкъым, жыхуиlэщ.)
Пфlэмащlэр хьэщlэ lусщ. (Шхыным ущысхьмэ, хьэщlэ шхын мэхъу, жыхуиlэщ,)
Пхъур зэрыбгъасэщ, нысэр зэресащ.
Пхъур хамэ бынщ.
Пхъурылъхур пкlэм думыгъэплъей. (Куэдрэ пумыгъаплъэу lэнэ къыхуэщтэ, жыхуиlэщ.)
Пхъурылъхур къихьэмэ, псатхъэр магъ.
Пхъурылъхурэ къанрэ зэхуэдэщ.
Пцlырыпыхьэ щlэинхьыж.
Пщащэр дэгъуэмэ, гъунэгъур и фызщэгъущ.
(И фызщэгъущ – фызу ешэ, жыхуиlэщ.)
Пщащэр унэ гуащэмэ, кхъуейхьэбыкъуэ ешх.
Пlэщхьагъей уиlэу хьэдагъэ умыкlуэ.
Сабий зэрымысым насып илъкъым.
Сабий зимыlэм имыlэlауэ къыщохъу.
Сабий щlэхъупсым гущэпс ед.
Сабийр зыгъашхэр и анэщ.
Сабийм и кlэтийр бжыхьыпэм пылъми мэджэгу.
Сабийм адэ имыlэжмэ, зеиншэкъым, анэ имыlэжмэ, зеиншэщ.
Сэ нэхъыфl умыгъуэтмэ, сыкъэшэж.
Си анэм зэрыжиlэу сымыщlу, си фыз зэрыжиlэ тхьэм сищl.
Сыкъамыдэми сырадахэщ.
Уэ пхуэдэ сещэмэ, щэ иризгъэкъунщ.
Узэлъэlу къэгъани къолъэlу къашэ.
Узэрымылъагъуу lэф щыlэкъым.
Узейм уигъэкъакъэмэ, хамэм къакъэ къыуатынщ.
Узыгъэблагъэ гъэблэгъэжи узыгъэбий гъэбииж.
Узыукlыр уи бийщи, ущlэзылъхьэжыр уи къуэшщ.
Узыхэфыжыну псым хьэ хыумыукlэ, иумыгъэкlыжыну фызым дзы хуумыус.
Уи адэр фlамэ, уэ уи щытхъукъым, къуэфl упlамэ, къыпщытхъунщ.
Уи анэ и lэ илъым еплъи, уэ уи lэ илъым едзакъэ.
Уи анэ зэрымысым дыщасэ умыкlуэ.
Уи анэ къимылъхуар уи дэлъхукъым, уи дэлъху къимышари уи нысэкъым.
Уи благъэ и унащхьэ плъагъуу ублэмыкl.
Уи благъэ къыуитым и дзэ удэмыплъэж.
Уи благъэ уемыпэгэкl – уи бийм благъэ хуэхъунщ.
Уи бынрэ уи благъэрэ умыбж.
Уи гъунэгъу и фэ къыптоуэ.
Уи гъунэгъу умыуб, уи благъэщlи ущымытхъу.
Уи гъунэгъум къыпхуимыщlэр жыжьэм къыпхуищlэнкъым.
Уи гъунэгъур уи гъуапэщ.
Уи гъунэгъур уи lэнэгъумэ, уехъулlащ.
Уи къуэ уемыубзэ, уи бзи уемыгуауэ.
(Уи бзи – уи бзылъхугъи, жыхуиlэщ.)
Уи къуэрэ уи нысэрэ къахуэбублэр къалэнщ.
Уи кlуэдыр си кlуэдщ, уи къанэр си къанэщ.
Уи напlэ гъэлlи лlы зэгъэгъуэт, унэкур бгъуэтмэ, уи джатэ къих.
Уи насып зыхэлъым дыщэхь тепхъуауэ уолъагъу.
Уи ныбэ къикlыр уи бынщи, уи лъэуей къелъэри уи джэдщ.
Уи нысэ уигу ебгъамэ, уипхъу ешхыдэ.
Уи тlуанэ умыуб, уи бын ущымытхъу.
Уи фыз къыхуэбублэ и хабзэщ.
Уи фыз лlамэ, уи щlэлъэныкъуэр гухуащ.
Уи фызрэ уи lэщэрэкlэ хэти дзыхь хуумыщl.
Уи фызыр бзаджэмэ, хьэдагъэ умыкlуэ – махуэ къэси уи хьэдагъэщ.
Уи фызыр фlымэ, джэгу умыкlуэж – махуэ къэси уи джэгущ.
Уи хьэщlэри гъафlэ, уи къуэшри фlыуэ лъагъу.
Уи щхьэр зэрыкl нэхърэ уи кlэр зэрылъ.
Уи щlалэ зэрыбгъасэщ, уилl зэресащ.
Уипхъу зэрысрэ уи нысэ и дыщрэ.
Укъэзыукlрэ укъизгъэкlыжрэ.
Унагъащlэ гужьеигъуафlэщ.
Унагъащlэ хьэщlэхуэфlщ.
Унагъу зиlэм унагъуэ и пlалъэ ещlэ.
Унагъуэ умыхъуу къуажэ ухъункъым.
Унагъуэм гъуанибл иlэщ.
Унагъуэм лъакъуибгъу щlэтщ.
Унэ зэхэмыбзым си нэрыбз хэкlуадэщ.
Унэ зимыlэм унагъуэ иlэкъым.
Унэ пхашэ тешэбэщlщ.
Унэ фlейм лlыр егъэжь.
Унэрыс зы бий нэхърэ унэщlыб биищэ.
Унагъуэжьрэ пхъэжь мафlэрэ.
Унэкъуэщ хьэщlэ гъэфlэгъуейщ.
Унэмыхъу хьэбахъуэщ.
Унэнум я хьэ удз ехъури унэхъунум я нысэ мэдыгъуэ.
Унэр зейр жьантlакlуэщ.
Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри фызщ.
Унэр игущ, жьэгур и псэщ.
Унэр щабгъэр губгъэныр илъын щхьэкlэщ.
Ущылъхуэрэ ущылlэрэ.
Фадэр куэдрэ щытмэ, мэжабзэ, хъыджэбзыр куэдрэ дэсмэ, мэутхъуэ.
Фыз бзаджэ зиlэм и унэ умыкlуэ.
Фыз бзаджэ лlыгъэжьщ. (Лlыр щlэх жьы ещl, жыхуиlэщ.)
Фыз бзаджэ хьэщlэмыгъашхэщ.
Фыз бий нэхърэ жылэ бий.
Фыз быдэ илl хьэлэлщ.
Фыз дахэ тхьэмахуэ фызщи фызыфl ныбжьырей фызщ.
Фыз закъуэм дэмыlэпыкъу лlыр лlыфкъым.
Фыз зимыlэ щlалэрэ шхуэ зыпщlэхэмылъ шырэ.
Фыз мылъхуэ дахэщ.
Фыз улъыхъумэ, благъи дэлъыхъуэ.
Фыз хуэмыху зиlэр насыпыншэщ.
Фыз хьэдэ лlыгъапцlэщ. (Фыз хуэмыхур лlым еубзэурэ къегъапцlэ, жыхуиlэщ.)
Фыз щэ щlыгъуэщ.
Фызабэм и бын епlыжри лlыгъуабэм и бын хуэпlыжыркъым.
Фызабэр бын щхьэтепхъуэщ.
Фызым еуэр лlы мыхъущи, хъуэр зымыдэр лlы делэщ.
Фызым игъэпуда лlыр зыми къыдихыжынкъым.
Фызым и фlыр лlыгъатхъэщ.
Фызыр жьы хъумэ, фlы мэхъуж.
Фызыр тlэушхэ – щэшхэщи, лlыр зэ шхэгъуэ закъуэщ.
Фызыр щlагъуэмэ, унагъуэм къеlуатэ.
Фызыфl быдзышэ налъэ щыщlэркъым.
Фызыфl гъэтlылъыгъэншэ хъуркъым.
Фызыфl зиlэ и гуауэ шэчыгъуафlэщ.
Фызыфl зиlэм хъуэхъу и унэ илъщ.
Фызыфl и хьэку ятlэ хьэзырщ.
Фызыфl и lэнэ зэтетщ.
Фызыфl илl гъуэмылэншэ хъуркъым.
Фызыфl илl нэкlущхьэплъщ.
Фызыфl илl цlэрыlуэщ.
Фызыфlым лlы lейр добжьыфlэри фыз lейм лlыфlыр добжьыгуэ.
Фызыфlыр унэщи фыз lейр щlыунэщ.
Фlылъагъуныгъэр къупщхьэ зауэм хуэдэщ.
Фlыуэ зэрылъагъуитlыр зы фэ джанэм зэдохуэ.
Фlыуэ узэрылъагъумэ, бгъэныщхьэ унэри жэнэтщ.
Фlыуэ укъэзылъагъум уи дагъуэр уегъэлъагъуж, жагъуэу укъэзылъагъум уи нэ щыбагъкlэ еlуэтэж.
Фlыуэ плъагъум зыкъебгъэщlэнумэ, и цlэр куэдрэ жыlэ.
Фlыуэ слъагъум хуэзмыщlэнур сремыlэ.
Хамэ щlалэ бгъэуджмэ, и анэ къеджэмэ, кlуэжынщ.
Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ.
Хэгъэрей хуэмыхум хьэ къыуегъэдзакъэ.
Хэгъэрей бзаджэ дэкlуатэ кlыхьщ.
Хэгъэрей бзаджэ шу ужьщ.
Хэгъэреифl лъыхъуи, былымлъыхъуэ кlуэ.
Хъыджэбз къапшэмэ, уэ зэрыбгъасэщи, пхъужь къапшэмэ, зэресагъэххэщ.
Хъыджэбз унэгъуащэмэ, тхьэмбылыкъу ешу.
Хъуэн зимыlэр и дыщ кlуэжри хъуэн къихьащ.
Хьэ мыбанэ унэ гъэунэхъущ.
Хьэ пэтрэ и шырыр дзапэкlэ зэрехьэ.
Хьэ хей умыукl, фыз хей иумыгъэкlыж.
Хьэдрыхэ куэрэ зи дыщ куэжрэ хэт иубыдп?
Хьэкlуфхэр зофийри, зэфэгъухэр зэкlуомщ. (Хьэкlуф – адыгэхэм ящыщ зы лъэпкъыу мэзым хэсу Хы фыцlэ lуфэм lусащ. Зэкlуом – урыс псалъэ «кум» жыхуаlэм къытекlагъэнущ, зэблагъэщ, жыхуиlэщ.)
Хьэмэшыпхэ благъэщ.
Хьэщlэ жагъуэ псы кlэщlакlэ.
Хьэщlэ здэщыlэм хэгъэрей щыlэщ.
Хьэщlэ зи жагъуэм лыхуэ хуегъажьэ.
Хьэщlэ къакlуэмэ, хэгъэрейр мэгуфlэ.
Хьэщlэ хьэщlэтепсыхэ и жагъуэщ.
Хьэщlэм и ерыскъыр къыдокlуэ.
Хьэщlэмыгъашхэ цlэрыlуэщ.
Хьэщlэр бысымым и гъэрщ.
Хьэщlэр жэщищ исмэ, быным ящыщ мэхъуж.
Хьэщlэр куэдрэ щысмэ, бысымыр йозэш.
Хьэщlэр нэщхъеймэ, бысымым и ягъэщ.
Хьэщlэр хущхьэрей хъумэ, гъашхи гъэгъуэлъыж.
Хьэщlэр хьэзыр щхьэкlэ, бысымыр хьэзыр?
Хьэщlэр шхэмэ бжэм йоплъ.
Хьэщlэфl и бысымыбжэ зэlухащ.
Цlыхубз зыщlэмыс унэр сабафэщ.
Цlыхуфl и lэнэ хьэзырщ.
Шыгъу пут зэдумышхыу узэрыщlэркъым.
Шыпхъум и гур дэлъхумкlэ гъэзащ.
Шыпхъуншэ нэхърэ шыпхъу нэф.
Шыпхъуншэрэ хьэдагъэншэрэ.
Щхьэгъусэр насып зэхэгъэкlыпlэщ.
Щхьэж и ныбжьэгъу и гъуджэ – мажьэщ.
Щхьэж и фэгъу и гуэгъущ.
Щхьэж хуэфащэ и щауэгъущ.
Щхьэзыфlэфl щхьэзыфlэфl къелъхуж.
Щыпэлlыр щыпэнэхущи, етlуанэлlыр lулэlуданэщ.
Щlалэ гурэпкlырэ Ажалым «сынокlуэ» жиlэркъым.
Ажалыр зэмыпэщэкlым къэмысын фощl.
Ажалыр ныбжьэгъукъым, къыпхуеймэ, къоупщlыркъым.
«Ажэр зыдыгъуам ажафэ техыгъуэм сыкъищlэнщ», - жиlащ зи ажэ ядыгъуам.
Ажэр мэлым я пашэщ.
Алащэм уеуэмэ, мэлъэхъу, мылъэхъуххэр шыдщ
Алыхьым къыптрилъхьэмэ, фошыгъу шей уефэнщ.
Алъпым дыгъужь хуэлъэщ.
Алъпыр къралъгулъкlэ ягъашхэ. (Къралъ – удз лъэпкъщ.)
Анэ зиlэ нэхърэ lэ зыпыт.
Апэсищкlэ къызощэху, сом ныкъуэкlэ сощэж – фейдэр здэкуэр къэщlэж !
Апхуэди мэхъу, шкlэхъужьи малlэ.
Аргъуей мыдзакъэ щыlэкъым.
Аргъуейм и куэпкъ щыхахым, «Зыхэпхми еплъ, хэпхми еплъ», жиlащ.
Ахъмэт и фо изщ, улъэмыlэсмэ сыт и сэбэп.
Ахъшэ уиlэмэ, бохъшэ бгъуэтынщ.
Ахъшэр псым хуэдэщ.
Бабыщ псым итхьэлэркъым, мэлыхъуэ хьэм ишхыркъым.
Бадзэ и дзапэ узылъэщ.
Бажэм дыгъужьибл къегъапцlэ.
Бажэм и фэр и бийщ.
Бажэм и хьилагъэр япэ итщ.
Бажэм я нэхъ lущыр и гъуэм щаубыд.
Бажэр ныбажэ хъумэ, дыгъэмыхъуэ мэлъыхъуэ.
Бажэр ущу ежьамэ, мэщакlуэ.
Банэм и щlыб ухъу. (Тпэlэщlэ ухъу, жыхуиlэщ.)
Бацэ япхъ, цы япхъэх. (Заужьыж, жыхуиlэщ.)
Бэмпlэгъуэ лъыхъуэри зэгуэудыгъуэ къилъхуащ. (Зы зэгуэпыгъуэм нэхъ зэгуэпыгъуэж къытехъуэмэ, жаlэ.)
Бгым джэдыкlэкlэ еуэ. Бгым натlэкlэ еуэ. (Мы псалъитlми къарыкlыр зыщ : Зыри пхуэщlэнукъым, жыхуиlэщ.)
Бгъэ быдз нэхърэ lу быдз.
Бгъэтхъуэнумэ, тхъуэ лъэпкъ, бгъэжэнумэ, гъуэ лъэпкъ. (Зи гугъу ищыр шыщ.)
Бжэмышх нэщl жьэм хуахьыркъым.
Бжэн и дзэ lухурэ? (Щымыlэ бгъуэтын, жыхуиlэщ.)
Бжэн къуий бжьакъуэ лъыхъуэ ежьэри и тхьэкlумэ хилъхьащ.
Бжэн къуийр псым хэплъэмэ, «сыщlалэщ» жеlэ.
Бжэнми жьакlэ тетщ.
Бжэныжь зи лlэжыгъуэм прамыжыщхьэ здехьыж.
Бжэным и кlарэр и кlуэцlым илъщ.
Бжэныр ефэри дыгъужьым езэуэну кlуащ.
Бжьакъуитl щхьэкlэ хъун бэгъуам хокlыж. (Акъылыншэщ, былымым хуэдэщ, жыхуиlэщ.)
Бжьахъуэ и фор зэбграхырти, езыми зы фо lэмыщlэ къыхихыжащ.
Бжьэ матэ зи куэдым и жьантlэ дегъэувэ.
Бжьэ уиlэмэ, щунэфыр зищысыр пщlэнщ. (Щунэф – бжьэ зышх бзущ.)
Бжьэм фо зыдэщыlэр ещlэ.
Бжьэр уэмэ, мэлlэж.
Бжьэхуцым мафlэ пхухэгъэпщкlуэнкъым.
Бжьэцым къуацэкlэ хэуащ. (lуэхур зэlигъэхьащ, жыхуиlэщ.)
Бжьыныхур хущхъуэщ, бжьыныщхьэр щхъухьщ.
Бжьыхьэ бадзэ дзакъэрейщ.
Бжьыхьэ жэщ щэрэ минщ. (Куэдрэ зызэрехъуэкl, жыхуиlэщ.)
Бжьыхьэ жэщым вырэ шырэ йокlуадэ. (Зэрыкlыхьым щхьэкlэ жаlэ.)
Бзэгум цlыхур зэрегъэукl.
Бзэгур шэм нэхърэ нэхъ жэрщ.
Бзэгур гум и тэрмэшщ.
Бзэр зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ lэфщ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ.
Бзу лъакъуэ къупщхьэ хахыркъым.
Бзум ямыфэгъум си мэш ешх.
Бзур зышхынум уоджагуэ.
Бийм и пlалъэр ущыlущlэщ.
Бланэм и лъагъуи и убыды зы хъуркъым.
Бланэр жэр щхьэкlэ зэраукlыр шыщ.
Блэ зэуар аркъэным щощтэ.
Блэр зытраукlэр и шэрэзщ.
Блэр и щхъухь ихьыжыркъым.
Блэр уеуэху мэбэг.
Ботэщейм Дол унафэ ирагъэщlри езым ягу еlу ящlэж.
Быдзышэ хъунщ, жызоlэри сошх, жызыlам нэхъей.
Былым къыпэкlу нэхърэ насып къыпэкlу.
Блымым зейр и ажалщ.
Былымым и нэр шхыным ирещl.
Былымыр жьы зэрыхъур и фэщ.
Былымыр зейм емыщхьмэ, хьэрэмщ.
Брулым шибл я кlэн хэлъщ.
Вакъэжьылъэ шынэркъым.
Вы хьэху къозымытынум вы щэгъу ухегъэн.
Вы хъунур шкlэ щыкlэ уощlэ.
Вы пlалъэмыщlэр бжьыкъутэщ.
Вы щхьэlу зэптым вы хьэху къыуитыжыркъым.
Выгъуэжьыр къурашэщ, гур зезышэр гурыгъщ, ныбэр зымыгъагъыр хьэлущ.
Вым и бжьакъуэ и хьэлъэкъым.
Вым лъэмыlэсыр гуфэм йоуэ.
Вым худэмышыр и вейщ.
Выр гъуахъуэри хъуным хидзащ. (Тхъэгъуэ хэхуам хужаlэ.)
Гуэным имылъмэ, lэнэми телъкъым.
Гуэныхь гулъэ зезышэм гуэныхь фэншей худрадзей.
Гуэрэфыр гухэлъэфщи, фэрэкlыр гуимыкlыжщ.
Гуэрэфыр узыгъуибл поув.
Гуэшакlуэ lыхьэншэщ.
Губзыгъэм и гуlэгъуэр делэм и гуфlэгъуэщ.
Гугъуехь зымылъэгъуам гъуэгуанэ хуэшэчыркъым.
Гугъуехь зымышэчыр лlым хабжэркъым.
Гуемыlу хъыбарыр щlэх зэлъащlыс.
Гужь зиlэр вакъэжкlэ мауэ.
Гум дэбгъахуэр фэм къеlуатэ.
Гум емыкlур нэми екlуркъым.
Гум илъыр жьэм жеlэ.
Гум илъыр нэгум къыуегъащlэ.
Гум хэщlмэ, пащlэм хоз.
Гур жьы хъуркъым.
Гур зэрыгъум дыгъур ирокlуэ.
Гур зэрыкlуэдыкlыр и шэрхъщ.
Гур здэкlуэм кlуэфыр лlыфlщ.
Гур уфэрэкlмэ, щlалэм и ягъэщ.
Гушыlэр тхьэм и щlасэщ.
Гуlэ и lэпэ йодзэкъэж.
Гъатхэ бацэри бжьыхьэ цыжьри тегъуауэ пхуэщ ухъу.
Гъэрихьым щауэр мэшэс.
Гъэшыр зыщыбэм цlыхур щыбейщ.
Гъуабжэ псори мыщэкъым, лыд псори дыщэкъым.
Гъуэгунапщlэ сабэм мэкъу щеуэркъым, ер зэуа жыгым пщlащэ къыпыкlэркъым.
Гъурым цlынэри дос.
Гъусэ пэплъэрэ палъэтесымрэ шэчыгъуейщ.
Гъусэ мыхъурэ lэщэ мыхъурэ.
Дауэ сщlымэ дауэ хъун, дауэ хъумэ дауэ сщlын?
Даущыфlыр щылъу даущ бзаджэр мэlу.
Дахагъэм гур егъэгушхуэ.
Дахэ псори дахэкъым.
Дахэм еплъыр нэщхъыфlэщ, шыфlым тесыр тхуэбгъакъэщ.
Дахэм и напэ пlастэ ирагъэпщlыркъым.
Даlуэ шхиипэ тоувэ. (Даlуэм насып къохъулlэ, жыхуиlэщ.)
Дэгум жиlэн егъуэт, нэфым игъуэтыр екъуз.
Дэгум псори дэгу фlощl.
Дэгум щхьэкlэ гъуор лейуэ джэркъым.
Делэ бзаджэ нэхърэ делэ дыдэ.
Делэм куэд ищlэ къыфlощlыж.
Делэр гугъэурэ жьы мэхъу.
Делэр жылэу ясэркъым.
«Ди жэмыр зышха дыгъужьым кхъуэлым хуэдэу сигу щыкlащ» жызыlам нэхъей.
Ди зы мэл хэтщ, дэри зэ дывгъэфий.
«Ди фэр бэзэрым щызэхуэзэжынщ», - жиlащ бажэм.
Дол и къуэрдэ йодыгъуэж. (Къуэрдэ – тыкуэн хьэпшып цlыкlуфэкlу.)
Дунейр зыгъэнэхур зы дыгъэщ.
Дыгъэ лъакъуэ къыпхуэубыдын?
Дыгъэр зытемыпсэр щыlэжкъым.
Дыгъу цlыкlукlэ къемыжэ дыгъушхуэ хъуркъым.
Дыгъужьитl зы гъуэ изагъэркъым.
Дыгъужьитl я щыб зэхуагъазэркъым.
Дыгъужьым и дзэр шымэ, псафэ макlуэ.
Дыгъужьым ишхыр и фэкlэ епшыныж.
Дыгъужьым ишхари имышхари тохуэ.
Дыгъужьым лы игъуэтмэ, псы игъуэтыркъым.
Дыгъужьым мэл щихькlэ, и нэпкъыжьэ еплъыркъым.
Дыгъужьыр жьы хъумэ, хьэм и джэгуалъэщ.
Дыгъужьыр зэдзакъэр и lыхьэщ.
Дыгъужьыр зыщызеуалэм мэлым зыщагъэпсэхуркъым.
Дыгъужьыр къепхуэкlыурэ мэл кlапэр пеуд.
Дыгъум пабжьэр и дэlэпыкъуэгъущ.
Дыгъум щыгъур и дыгъуэгъущ.
Дыгъуэри дыгъужьри къаущэкlу.
Дыгъурыгъуур мэжэщlалlэмэ, и шырыр ешхыж.
Дыщэр дыщэпс хуэныкъуэкъым.
Дыщэр къэзыгъуэт кlэншыгъулъэ иредзэ.
Дыщэр куэншыбым хэлъкlи улъийркъым.
Дыщэр къыщыщlахми шылъапlэщ.
Дыщэр уэсу къесмэ, уасэ иlэнтэкъым.
Джалэу и lупэ зэгуэудами ярейщ.
Джалэрей и натlэ быдэ мэхъу
Джэгу пэтрэ нэ иращl.
Джэгум хэту зэшам нэхъей.
Джэгум хэту «Си гъуэншэджыр къызэтыж» жызыlам нэхъей.
Джэд жыпlэмэ, сыджэдыкlэщ.
Джэд лъакъуэрэ хьэ лъакъуэрэ зыубыда щыlэкъым.
Джэд мыкlэцl пшэрщ.
Джэд пшэр къыбубыдынумэ, адакъэм бгъурысым епхъуэ.
Джэдгын зи жагъуэм и пащlэ щlыlу къытокlэ.
Джэджьейм джэдыр егъэсэж.
Джэдрэ пэт щыфlагъэжкlэ мэлъэпlастхъэ.
Джэду гъунэгъурыпщщ. (Зи унэ гъунэгъуу нэгъуэщl щlыпlэ жэщ щыlэм ауаныщlу хужаlэ.)
Джэдум и щхьэр зэрыкlым ипкъри йокl.
Джэдур лым лъэмыlэсмэ «мэ щоу» жеlэ.
Джэдур дзыгъуэкlэ лlыхъужьщ.
Джэдыкlэ къэзыдыгъум джэди къидыгъунщ.
Джэдыкlэ пэтрэ фэ тlуащlэ иlэщ.
Джэдылlэм зыдахьа бабыщ.
Джэдым фэнд кlэрыщащ.(Зэрышхэрейм щхьэкlэ жаlэ.)
Джэдыр псы щефэкlэ уафэм доплъей.
Джэдыр щыкъакъэм щокlэцl.
Джыдащхьэр кlуэдмэ, джыдэкlыр ягъэсыж.
Джыдэр кlуэдмэ, и кlыр дыщэщ.
Дзасэм тхъу пызагъэрэ?
Дзасэри мылыцlу, лыри мыцlынэу.
Дзэкlэ мащlэу, хьэщlэкlэ куэду.
Дзэр къэсащ, псыр къиуащ.
Дзэр узыншэху, шхалъэм зегъэпсэху.
Дзэр уришхэн къудейкъым, дахагъэми щыщщ.
Дзыгъуэ нэпсейр шэм етхьэлэ.
Дзыгъуэ цlыкlурэ пэт lэтэшхуэм ипlытlыркъым.
Дзыгъуэм и цыр кlыр хъумэ, щlыlэлlэх мэхъу. (Щыкlыгъуафlэм ираlуэкl.)
Дзыгъуэнэфрэ пэт къуалэбзум хабжэ.
Дзыгъуэр гъуэм имыхуэмэ, фэлъыркъэб зыкlэрещlэ.
Дзыхь зыхуумыщl щыкъур мэкъутэ.
Е вындыжь хэшэнщ, е жьуджалэ хэшэнщ.
Е зыхэлъыр хьэгъуэлыгъуэм мэятэ.
Е махъшэ лlэнщ, е махъшахъуэ лlэнщ.
Егъэджакlуэр бзагуэщ, еджакlуэр дэгущ.
Езэшыр пшынэ йоуэ.
Ем «сынокlуэ» жиlэркъым.
Емыкlур lупщlэ-lупщlэу зэхэлъщи къэлътмакъкlэ зыпщlэхэлъым зищlэжыркъым.
Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж.
Есыкlэ умыщlэмэ, lупщlа псыми уитхьэлэжынщ.
Ехмэ, lэпэ залэщ, къелыжмэ, ныбжьырей хъуэнщ.
Ешхэ-ефэ нэхърэ джэгу.
Жамыlа щыlэкъым, ямыщlа мыхъумэ.
Жанхъуэтхьэблэ къафэу къытрегъэзэж.
Жармыкlэм къыщыхъуар жармыкlэм щызэхэкlыжынщ.
Жаlар жыпlэжмэ, бзэгузехьэ уохъу.(Жаlар щыжаlэжым деж ауаныщlу дыщlагъу.)
Жэм гъэшыджэ буурейщ.
Жэм гъэшыфlэр нанэфl хуэдэщ.
Жыхапхъэщlэр фlыуэ мэпхъанкlэ.
Жейм и щlыхуэ къыптринэркъым.
Жыг ку гъуанэри унэ мэхъу.
Жыгым и пщlащэр и фащэщ.
Жыгым пщlащэ пымытмэ, зы къурэщ.
Жыгыр здещlэмкlэ мауэ.
Жыжьэм тlэу сыщылlи, благъэм зэ сыщымылlэкlэ.
Жылэм дэлъмэ, уиlэщ.
Жысlэр щlэ, сщlэм уемыплъ.
Жыlэрыпцl щыlэкъым.
Жьабэ нэхърэ шабэ нэхъ шэрыуэщ, шабэ нэхърэ жьабэ нэхъ губзыгъэщ.
Жьэм къыжьэдэкlа псалъэри фочым къикlа шэри зэхуэдэщ.
Жьэр зэщlэкlмэ, ныбэр мэкlий.
Жьы зыхэмыт щыlэр щыlэкъым, псчэ зыхэмыт узыр узкъым.
Жьы уимыlэмэ, щlэи уиlэкъым.(Узэрылэжьэн щыгъыныжь уимыlэмэ, щыгъыныщlэри куэдрэ уиlэнукъым, жыхуиlэщ.)
Жьым и мыгъуэщ, щlэм и гъуэджэщ.(Тlуми я чэзукъым, жыхуиlэщ.)
Жьындури гугъат тхьэрыкъуэ къришыну.
Захуэ жыlэныр нэ ищlыным хуэдэщ.
Зэ еуэр мэуэхъури тlэу еуэр мэуапэ.
Зэ лъэпэрапэр щэ мэлъэпэрапэ.
Зэгъунэгъуитl я жэм шыкlэ зэхуэдэкъым.
Зэгъунэгъуитl я мэл бжыкlэ зыкъым.
Зэдауитl яз нэхъ захуэщ.
Зэдэмыпсэуитl зэнтlэlуркъым.
Зэз зи бзэгу телъым lэф щымыlэж къыфlощl.
Зэкlуэлlитlыр зэщlасэщ.
Зэкlуэцlыпхауэ щылъ дыгъужьыр тхьэкlумэкlыхьым йощэ.(lэрыубыд ящlа пэтрэ итlаникl зэраныгъэ ищlэну пылъщ, жыхуиlэщ.)
Зэрызыхь lыхьэфlэщ.
Зэхэзылъхьэм зэхихыжынщ.
Зей кlуэдым и анэ и дыгъущ.
Зи бзэ текlуэда куэд кхъэм щlэлъщ.
Зи бзэ хуимытыжыр и бзэ токlуэдэж.
Зи былым кlуэдам гуэныхьищэ къехь.
Зи гур мыфlым и щхьэр фlейщ.
Зи дзэ зэмыузарэ зи быдз зэмыузрэ уз ягъэунэхуакъым.
Зи лlэгъуэ къэсам и мыхьэл къещтэ.
Зи мылъку зыфlэкlуэдам хуэгуlи, зи акъыл зыфlэкlуэдар гъеиж.
Зи нэ имысым хьэсэ еутэ.
Зи цlэ ираlуэ бжэщхьэlу тесщ.
Зи щхьэ зыфэмыдэхэж щыlэкъым.
Зи щхьэ зыхуэмылъэфым пхъэлъэф зыкlэрещlэ.
Зи щхьэ зыхуэмыlыгъыжым щхьэ lыгъын къещтэ.
Зи щхьэ щымыlэм и шыд хьэм ешх.
Зи lуэху мыхъунум фэндибгъу кlэрыщlащ.
Зибзеихьу и lэшхылъэ итlысхьэжа?(Зыми хуэмыныкъуэжын, зыри къыщымыщlыжын и гугъэ?-жыхуиlэщ.)
Зызогъэхьри яшэм сыхон, зызогъашэри яхьым сыхон.
Зил мыузым игу узыркъым.
Зумыхьэри уимыlэри зыщ.
Зы дэкlэ уигу сыкъэкlи, а зыри кунэфу къыщlыкl.
Зы махуэм бэзэрщ, зы махуэм къызэрщ.
Зы нэрэ зы щхьэрэ зэхурокъу.
Зыгъуэтыр мэгуфэри, зыфэкlуэдыр магъ.
Зыжраlэ нэхърэ зыраlуэкl.
Зызыгъэгусэ и lыхьэ ныбэ уз хуэхъущхъуэщ.
Зылъэгъуа щыlэмэ, зэхэзыха умылъыхъуэ.
Зым ейкlэ зыр щlэскъым.
Зым и зэран щэм йокl.
Зым и мыуасэ хьэм ишхыркъым.
Зымылъэгъуа хашэ хъуркъым.
Зыптхьэщlмэ, нэху мэщ, уущмэ, гъуэгум хощl.
Зыри зымыщlэр зэи щыуэркъым.
Зыщэм и напэр къэзыщэхум и уасэщ.
Зыщlэм жиlэркъым, жызыlэм ищlэркъым.
Зыщlэн зымыщlэжым и унэ иречри иресэж.
Зыщlэр мажэ, зымыщlэр мэжей.
Зыlэщlэкlым хощlри, зыlэщlыхьэм хохъуэ.
И адэ къыщlыкlыжи и ней къысщыхуэ.
И гум зимыгъэнщlурэ и ныбэм зигъэнщlащ.
И гур пхъэ щхьэкlэ, и лъэр пхъэм дэнащ.
Илъэскlэ щысар пlастэпсым пэплъэжакъым.
И насып бжыхьым ирапхакъым.
И насыпыр къитlэтlащ, и пlастэпсыр хэтlэтlащ.
И шы пхэщl ирибзэри еlэзэу увыжащ.(lуэхур зэlигъэхьэри епэщэщу увыжащ, жыхуиlэщ.)
Ив лlэри и дзей хэкlыжащ.(Я lуэху зэхэлъыжкъым, жыхуиlэщ.)
Из зышхынум ныкъуэ шхыкlэ ищlэркъым.
Икlи уимыкl, икlи уимыс, уисуи сыкъыумыгъэсыж.
Имыlэфl щыгугъым и выфlитl фlокlуэд.
Ин дыдэхэми надэ къахокl.
Инагъкlэ фыхуеймэ, махъшэм феупщl, жьакlэкlэ фыхуеймэ, ажэм феупщl.
Ирауд банэкlэ зигъэнщlыркъым.
Иримыкъур иризыгъэкъур лэпсщ.
"Истамбыл губгъуафэ изоплъ" жызыlам нэхъей.
Истамбыл къикlам дызэригъэтlэхъужыркъым.(Дызэlэбэкlмэ,ахъшэ яттыну ди жып диlэбэ яфlощl,жыхуиlэщ. Уэкъуо и псалъэу жаlэ.)
Иужьрей lуэху бзу кlагуэщ.(lуэхур умыгъэтlылъ, жыхуиlэщ.)
Куэсэ хьэсэгъу умыщl.(Цlыху бзаджэ пэшэгъу умыщl, жыхуиlэщ.)
Куэдыр пхурикъуркъым, мащlэр къыбдохуэж.
Куэпкъ зылъысми ешх, шхужь зылъысми ешх.
Кхъахэ хъуари кхъэм ехъуапсэркъым.
Кхъэм зыщызыгъэпщкlури кхъэм йокlуэлlэж.
Кхъэм яхь къахьыжыркъым.
Кхъуэ нэфми мышхумпlэ къыlуохуэ.
Кхъуэм и кlэр пиупщlри мэзым щlиутlыпщхьэжащ.
Кхъуэм илъ хьэм къытенэркъым.
Кхъуэныжь гъуэгыурэ кхъуэбанэр ешх.
Кхъуэныжь уэлбанэхэлъхуэщ.(Щимычэзум lуэху къыдэзылъэфым хужаlэ.)
Кхъузанэ гуплlэ-гупхэ ищlрэ?
Къанжэр и бзэ токlуадэ.
Къапхъэнми имыгъапцlэ иубыдыркъым.
Къэзыгъэкlри зышхыжри уэрщ.
Къэзыдыгъур зы гуэныхьщи зыфlадыгъур гуэныхьищэщ.
Къэзыхь зышхыж бей мэхъу.(Лажьэу шхэжыр фlыуэ мэпсэу,жыхуиlэщ.)
Къалэн зыщыпщlыжыр къалэн пхуохъу.
Къэмыфэфым пшынауэм трелъхьэ.
Къэхъуа щыlэкъым - щlалэр яукlри витlыр яхуащ.(Гузэвэгъуэшхуэ, гуlэгъуэ зэуэлlауэ зыфlэмыlуэхум ауаныщlу хужаlэ мы ищхьэмкlэ къэкlуа псэлъафитlри.)
Къемэтмахуэр зэхуэдипlалъэщ.
Къоджэм уигъэжейркъым.
Къозыlуэкlым къыбжеlэ, къыбжезыlэпэр къыптогъэ.
Къырыми данэ илъщ.(Уимыlэмэ, сыт и мыхьэнэ, жыхуиlэщ.)
Къызэзытым къысхущlигъу.
Кърум мывэ жьэдэлъу нэху егъэщ.
Къысхуэзыщlэ и псэ.
Къыхэджэ закъуэ - ежьуун бгъуэтынщ.
Къуажэ зиlэ нэф нэхърэ гухъу зыщlыф lэшэ.
Къуэщlий мафlэми шэ къегъэпщт.
Къуийм и пыlэ щыгъупщэркъым.
Къуийм и пыlэр щхьэрыхумэ, укlытэжыркъым.
Къуийм и щхьэ хуэзыхущlыр и бийщ.
Къуийм и щlыlу гуэрэф.
Къундэпсо гуащlэм кхъуэщыныр зэрегъэкlуэкl.
Къупщхьэр псэумэ, лы къытокlэж.
Къущхьэмышхейм къуэрагъ и хущхъуэщ.
Кlэпхъми содэ, дзыгъуэ къиубыдмэ.
Кlэпlейкlэм щlэгупсысурэ сомыр хилъхьащ.
Кlытэр кlымэ, фадэр хахуэщ.
Кlыщ пщы унэщ.
Кlыщыбжэрэ псыунэбжэрэ зэlухащ.
Кlуэдар дэгъуэ мэхъу.
Кlуэм и баш лlэм и шэнт.
Кlуэм и гъуэгу хощl.
Кlуэм ущlохьэри шхэм ущlыхьэркъым.
Лажьейм узей къыхокl.(Гукъеуэшхуэм уз къыхокl, жыхуиlэщ.)
Лажьейм уфlокlуэри, узейм уфlэкlуэркъым.
Лэжьыгъэу щыlэр зы нэдым ихуэркъым, щlэныгъэу щыlэр зы цlыхум ищlэркъым.
Лы къыlэрымыхьам дыгъужьым и дзэр егъэщ.(Къыпlэрымыхьэм уегъэгузавэ, жыхуиlэщ.)
Лыр ишхри къупщхьэ тенащ.
Лыр къуалэми ягъуэт, ямыгъуэтыжыр лэпсщ.
Лыр хьэхущ.
Лъабэ lубэ ухуехь.
Лъакъуэ къуаншэ вакъэ хуэщщ.(Вакъэ куэдрэ къещэху, жыхуиlэщ.)
Лъэгуажьэпэм нэмыс хьэдрыхэ ноlус.(Псалъэ lей умыутlыпщ, жыхуиlэщ.)
Лъэсыр шум щlонакlэ.
Лlар фlы мэхъуж.
Лlэм зыгъэлlэн ешх.
Лlым lэщэ зыхуиlыгъыр зы дакъикъэщ.
Лlыфl шыфl хуэщщ.
Лlыущхьэкlуэр щхьэкlуэ мыдэщ.
Мазэщlэр куэдрэ блэркъым.
Мастэ гуапэщи мастэ гуауэщ.
Мафlэ зыдэщымыlэр тахътэкъым.(Мафlэ здэщымыlэм тхъэгъуэ щыlэкъым, жыхуиlэщ.)
Мафlэм псыр къегъавэ, псывэм мафlэр егъэункlыфl.
Мафlэм lэщlэкlар псывэм хоупlэ.
Мафlэншэри гъазэншэри зэлъытащ.
Мафlэрэ гуфlэгъуэрэ.
Махуэ къэси щыблэ уэркъым.
Махуэ псом зэрагъэпцlар чыцl ажэм икъутэжащ.
Махуэкум сыджауэ мэремым къызэхуэсарэт.
Махуэм махуэ къелъху.(Пlалъэм пlалъэ къыхокl, жыхуиlэщ.)
Махуэфlрэ лlэкlафlэрэ.
Мацlэм хэуэри пкlауэ закъуэр иукlащ.
Мащlэр гуапэщ, гуапэр псапэщ.
Мэжэщlалlэм дыгъужьыр мэзым къыщlеху.
Мэжэщlалlэм къэрабгъэри лlыхъужь ещl.
Мэжэщlалlэм щlалэри егъэжь.
Мэз пхъэншэ хъурэ?
Мэзджэдур и пащlэкlэ яцlыху.
Мэзым нэсыжа бланэр яукl.
Мэкъу хьэвэ мастэ хэкlуадэщ.
Мэл зиlэр лэгъупэжьщ, пхъужь зиlэр унэфэщlщ.
Мэл зыхэвэ нэхърэ бжэн зыхэпкlэ.
Мэлищэм зы мэл щlыщlэмэ, мэл щэ ныкъуэщ.
Мэлым и кlапэ и хьэлъэкъым.
Мэлым и кlапэр щыдэуейм, бжэныр дыхьэшхащ.
Мэлыхъуэ лъакъуэубыд и щхьэусыгъуэщ.
Мэлыхъуэм я зэхэкlыжыгъуэм кхъуей шыпс зэраутхыж.
Мэлыхъуэр шхын щхьэкlэ лlати, "и гуфlакlэм щэ дэз хъунщ", жаlэрт.
Мэхъуэщей лlыфlым уеуэмэ, зеущэху.(Мэхъуэщ - адыгэм ящыщ зы лъэпкъыу щытащ.)
Мывэ дзыкlэ зымыщlэм и щхьэм къохуэж.
Мывэ къуршым мэш трасэркъым.
Мывэ сыныр мэкlуэдыж, мыкlуэдыжыр уэрэдщ.
Мывэр куэдрэ щылъмэ, жыглыц къытокlэ.
Мыгъуэр зи мыгъуэр пхъэрыпэщ.
Мыкlуэдыну зы мылъку, мылэжэну зы цlэ.
"Мыпхуэдэу щхьэ цlыкlуу укъэна, дзыгъуэ?" - щыжаlэм, "джэдум сыщышынэурэ" жиlащ.
Мысэр малъэри хейм и лъакъуэр щlеуд.
Мыублэ мыхъумэ, мыух щыlэкъым.
Мыхъумэ, lэхъуэр и шэсщ.
Мыщэ шхэри зы дэ къелщ.
Мыщэм ишхар дыгъужьым трелъхьэ.
Мыщэм лыкlэ зигъэнщlмэ, къофэ.
Мыщэм лыр имыгъэфу ишхыркъым.
Мыщэм пщlащэ техуэмэ мэгубжь, жыг техуэмэ зеущэху.
Мыщэм фlыуэ илъагъур ешхыж.
Мыщэр игу къыщихьэм щотlыс.
Набдзэхэкlэр гухэмыкlыжщ.
Назэми, нэф нэхърэ нэхъыфlщ.
Назэр нэфкъым, щхьэзэр делэкъым.
"Нал lунэр бэн lунэ зыщlыж тхьэр щыlэщ",-жиlащ гъукlэм и фызым.
Напэм техуэр жьэм жеlэф.
Нахуэ жыlэнрэ нэ ищlынрэ.
Нахуэу зыщамыщlэм щэхуу сату щащl.
Нэ илъагъу нэ ещlэж.
Нэгум щlэлъыр лъэгум кlуащ.
Нэгум щlэхур гум йохуж.
Нэгъабэ къызэуащ, жери мы гъэм магъ.
Нэд мыкъу уврэ, нэд къуа зигъэщхърэ?
Нэм нэ хъумэ иlэщ.
Нэм щlэлъыр lугъуэм къыщlеху, гум илъыр фадэм къреху.
Нэпкъым тетыр кхъуафэ хукlэкlэ lэзэщ.
Нэпсыншэ хьэдагъэ.
Нэр зейм жейм трех.
Нэр псэм и хъумакlуэщ.
Нэфрэ дэгурэ зопсалъэ.
Нэфым и нэм хихьар и гум хелъхьэж.
Нэфыр тхьэкlумафlэщ.
Нитlрэ пэт, зэфыгъуэгъущ.
Нитlыр зэхуэдэмэ, жыжьаплъэщ.
Нитlыр зэхуэмыдэмэ, мэплъэщхъу.
Ныбэ lейм шхын и пщlыхьщ.
Ныбэм и лажьэр lуэтэжыгъуафlэщ.
Ныбэм измэ, щlакхъуэр цlынэщ.
Ныбэм илъмэ, псынщlэщи, имылъмэ, уэндэгъущ.
Ныбэм имылъмэ, лъэр щlэкlыркъым.
Ныбэм имылъмэ, нэр плъэркъым.
Ныбэм имылъмэ, щlыр плъапlэщ.
Ныбэм уахихьэнщ, фэм уакъыхихыжынщ.
Ныбэр къэблагъэмэ, благъэр пщегъэгъупщэ.
Ныбэр нэщlмэ, лъакъуэр щlэкlыркъым.
Ныкъуэлъахьэр шыгъэкlуэрщ.
Пабжьэм хэсыр лыгъэм къыхехури, гум илъыр фадэм къреху.
Пащlэр инми, жьакlэр щlиуфэркъым.
Пэжым нэр ирещl.
Пэжыр хущхъуэщ, пцlыр щхъухьщ.
Пкъым пыт лыр мэуз.
Пкъымрэ псэмрэ зэlэпыкlыгъуейщ.
Пкlауэм и кlуэдыжыгъуэ къэсмэ, бжьэхъун тхьэмпэр тlысыпlэ ещl.
Псалъэ гуапэ гугъэдахэщ.
Псалъэ дахэм гуауэр пщегъэгъупщэ.
Псалъэ лейм бащ лей даlэтыркъым.
Псалъэм и пэр умыщlэу и кlэр пщlэркъым.
Псалъэм пщlэ щlатыркъым.
Псалъэр бгъэувмэ выщи, бгъэтlысмэ цlэщ.
Псатхьэр къехмэ, бгыкъум зегъэщ.
Псэ зыпыт къупщхьэм лы къытокlэж.
Псэ зыпыту мышынэ щыlэкъым.
Псэжьыр лъхуэри емынэжь къилъхуащ.
Псэм лъыхъур щхьэм и къурмэныпхъэщ.
Псэм хуабэ и щlасэщ.
Псэр lэфlщ.
Псэрэ пэт хьэхущ.
Псэур мэгугъэри, лlар гугъэжыркъым.
Псоущхьэ губзыгъэ зыгъэлlэн ишхыркъым.
Псы мыгъавэ бдзэжьей хэсщ.
Псы lуфэм lусым псы икlыпэр ещlэ.
Псы lуфэм lут дзэлыр мэхъуапсэ.
Псы lуфэм lусыр есыкlэкlэ lэзэщ.
Псы джэд псым итхьэлэркъым, мэлыхъуэхьэ дыгъужьым ихьыркъым.
Псыжь укlуэмэ, пщыз пхощl.(Псыжь-Кубань жыхуаlэ псыежэхыращ.)
Псым итхьэлэм блэм зрешэкl.
Псым ихьыр хьэцыбанейм йопхъуэ.
Псым къыхадза бдзэжьеуэ ныджэм къытенащ.
Псым хэлъ пхъэр мэфри, фэм дэлъ гур мэбампlэ.
Псыр зэрыжэр и псылъэщ.
Псыр псэм и зы ныкъуэщ.
Псыр псэхэлъхьэжщ.
Пыхъуэр жылэ тlысыпlэщ.
Псышэд здэщыlэм хьэндыркъуакъуи щыlэщ.
Пхуэмыфащэ хьэлъэщ.
Пхъэ дакъэжь псым итхьэлэрэ, мэлыхъуэхьэ кlуэдрэ?
Пхъэ мысрэ рсы мывэрэ щыlэкъым.
Пхъэщкlум кlапсэщхуэр и телъхьэщ.
Пхъэlэщэм вы щlэмыщlамэ, пхъэ дакъэщ.
Пцlы бупсынумэ, лlам телъхьэ.
Пцlы зыупсыр щхьэщытхъущ, зызыгъатхъэр джэгуакlуэщ.
Пцlы lэфl нэхърэ пэж дыдж.
Пцlым лъакъуэ щlэткъым.
Пцlыр зэбгъэпцlми зэрыпцlыр къыщlокlыж.
Пцlыупс пцlыупс едэlуэжыркъым.
Пцlыупсым и пеж закъуэр хьэм lэпеч.
Пцlыупсыр я фlэщ мыхъуурэ, и унэр мафlэм исащ.
Пшэ темылъу уэшх щыlэкъым.
Пшэм уефийкlэ къэувыlэн, вым уегийкlэ гурыlуэн?
Пщащэ гъум теубгъуэн и щlасэщ.
Пщэдджыжь хьэщlэ гъэхьэщlэгъуафlэщ.
Пыlэ зыщхьэрыгъ псори лlыкъым.
Пыlэ lей нэlу lейщ.
"Пlащlэр сэ къызихьэлlащэрэт" жиlащ фадэм.
Сабийм мафlэ щилъагъукlэ, "си анэ и дыным хэлъащэрэт" жеlэ.
Сабийр мыгъмэ, быдз иратыркъым.
"Сэ бзаджэ къэзылъхуи, уэ делэ къыулъху", жиlащ.
Сэ гъущэрылърэ фыз игъэплъа лlырэ.
Сэ сашэн хъумэ, дарийр мэкlуэд.
Си анэ къыщамышэм си анэшым срашыбзыхъуэт, жызыlам нэхъей.(Къэхъункlэ мыхъуну lуэху къехъулlауэ зыlуатэм ауаныщlу жраlэ.)
Сигу илъыр къащlи, си lэмыщlэ илъыр уэстынщ.
Си гъунэгъур мэдыхьэшри сэри содыхэшх.(lуэхум хэзымыщlыкlыу нэгъуэщlым зыдезыгъэкlум хужаlэ.)
Си цlэр игъэlуурэ, и lур егъашхэ.
Сохъустэмыхъу lэнэухъуэнщlщ.
Сыдоубжьытхейри си набдзэм хохуэ, соубжьытхэхри си жьакlэм хохуэ.
"Сылъатэмэ, сыфочыпэкlуэдщ, сыхэсмэ, сыхьэпщlо lусщ" жиlащ ныбгъуэм.
Сымаджэрэ сабийрэ, жыхуаlэращ.
Сыщымыгъуэми дарий гъуэжь джанэ.
Таурыхъ щlэупщlэм таурыхъ ещlэ.
Тэм тэ и цlэщи, щэм щэ и цlэщ.
Теlукl текlыжыркъым.
Тутынафэ псори "зэшщ".
Тхьэгъэлэдж гуэнырыхьэ-гуэнырыкlщ.(Тхьэгъэлэдж - мыбдежым къикlыр гъавэщ.)
Тхьэкlумэм зэхих нэхърэ нэм илъагъу.
Тхьэусыхалэ ажал тоlукl.
Тыншыгъуэр шэчыгъуейщ.
Тlэкlу щхьэкlэ тlэкlурамэщ.
Уанэ телъхьэ фlыщlэ пылъкъым.
Уанэм лlы имысмэ, пхъэ тыкъырщ.
Уафэ гъуэгъуэрейр уэшхыншэщи, фыз дыхьэшхрейр лlыгъапцlэщ.
Уахыхьэныр lуэхукъым, уакъызэрыхэкlыжын пщlэмэ.
Уэ бгъалlэри лlэркъым, уэ бгъатхъэри тхъэркъым.
Уэ блэ къоуамэ, сэ бэдж къызэуащ.(Уэ къыпщыщlам нэхърэ нэхъыкlэж сэ къысщыщlащ, жыхуиlэщ.)
Уэ нэхъ лlыфl щымыlэмэ, си пыlэ пхуэгъэтlысащ.
Уэдыр lушэщи, пшэрыр дахэщ.
Уалбанэшрэ хъыджэбз гушыlэрэ.
Уэнум бащ егъуэт.
Уэр щхьэкlэ щтапlэ сихьэжынкъым.
Уэрэдусрэ сурэтыщlрэ зэхуэдэщ.
Уэрэдым и щlопщыр ежьущ.
Уэрэдым псалъэ хадзыркъым.
Уэс щесам лъэужь щыlэщ.
Уэсэпс тхьэгъур гугъэхуабэщ.
Уэсхэкl нэфщ.
Уэсым хэсыр къанэри хьэжыгъэм хэсыр лlащ.
"Ууейм къихи сысейм къилъхьэ" жызыlам нэхъей.
Уэфlрэ лlыфlрэ хэт дэзэшын?
Уэщыщхьэм уэщыкlыр кlэлъидзыжащ.
Удэлъейми уоlуэ, укъелъыхми уоlуэ.
Удын зэхэдзэ нэхърэ lыхьэ зэхэдзэ.
Удыр и щхъухь ехьыж.
Уджым сыхэплъафэ щхьэкlэ, сыкъеплъэфэкlын?
Удз цlынэр выфэм пхыкlыркъым.(Къэуат хъуркъым, жыхуиlэщ.)
Удзыр къыщыкlым щахъу.
Удзыщlэм нэсмэ, шыжь бэгур къохъуж.
Уз бзаджащlэщ.
Узэлъэlу нэхърэ къолъэlу.
Узэлъэlур щlагъуэ мэхъу.
Узэмыджа гуемыlущи узэуlу гъунэгъущ.
Узэрымыгуlам папщlэ сыгуфlащ, узэрымыгуфlам щхьэкlи сыгуlащ.
Узэсэ сэгъейщ.
Узэфыгъуэ къыптокlуэ.
Узэшмэ, мафlэ, ушынэмэ, гъусэ.
Узейм лажьей къыхокl.(Узейм - уз lейм.)
Узижагъуэм и нэм бжэгъуу ущlоуэ.
Узижагъуэм уегъэдыхьэшх, узищlасэм уегъагъ.
Узижагъуэм уеуб, узищlасэр къыпщотхъу.
Узижагъуэм уфlэгъумщ.
Узимылlым лlы ущыхъуркъым.
Узищlасэм и псэ ухуехь.
Узыгъалlэ псори емынэщ.
Узыгъэгугъэрэ уи дауэгъурэ.
Узыгъэжьым жьыгъэ lыхьэ къыуитыжыркъым.
Узылъыхъуэр лъапlэ мэхъу.
Узыр уэщынэкlэ къокlуэ, матэнэкlэ мэкlуэж.
Узыншагъэрэ сымаджагъэрэ зэпыщlащ.
Узытхьэлэ псори Урыхущ.
Узыфэ мыхъужмэ, ажал и хущхъуэщ.
Узыфl щыlэкъым.
Узыхуэмыдэм уи уэрэд еус.
Узыхьыну псым мывэ къыхэщу уолъагъу.
Узыщымыхъум щхъуэ къуэлъщ.
Узыщlэнакlэ къыппокlуэкlыж.
Уи адэ и ней, уи анэ и нэфl.
Уи вакъэр зэвмэ, дуней псор зэв къыпщещl.
Уи гъуэгур бзэпсрэ уи псыр чэнджмэ, уехъулlащ.
Уигъуэмэ гъусэ бгъуэтынщ.
Уи лэгъу зыхэмыт дзэм уахозэшыхь.
Уи лъахэр зыдыгъум уишри идыгъунщ.
Уи насып зыхэмылъым дагъуэ къыхуогъуэт.
Уи нэми укъыщигъапцlэ къохъу.
Уи бын фlыуэ зылъагъум уи щхьи фlыуэ елъагъу.
Уи пшынэуэкlэм сыкъыдофэ.
Уи хьэ фlэпщ и цlэщ.
Уи шэр мыгъуэкlэ ушх, си пlастэр къыхэзгъэшхыкlыж.
Уи шхын зыхэлъыр уиlу илъ хуэдэщ.
Уи щхьэ зи жагъуэм уи цlэ фlэlейщ.
Уи щхьэ зыфlэмыlейм уи лъакъуи фlэlейкъым.
Уи щхьэм нэхърэ уи гугъэр сиlащэрэт.
Уигу къызэбгъэмэ, уи жэмыбгъэр къэзышх.(Слъэкlыр пхуэсщlащ, уигу къыщызэбгъэн щыlэкъым, жыхуиlэщ.)
Уизыудыр lуэхут, къыптелъадэр мыхъумэ.
Уиlэ псори сиlэ нэхърэ узыщыгугъыр сиlащэрэт!
Улъэlуэнри уlеинри зэхуэдэщ.
Умэжалlэмэ, сытри lэфlщ.
Умыгъэхъей нэхъей хъунщ.
Умылъэlуауэ узэтэнур пщlэнукъым.
Умылlэмэ зылl, улlэмэ зы мащэ.
Унэм исыр хасэурэ губгъэм исыр къосыж.
Унэрыхьэм уи lыхьэ пlех.
Унэхъугъэм дзыгъуэри мэятэ.
Унэхъунум гуоуж макъ и тхьэкlумэ иlуэркъым.
Умылlэмэ, джэду хьэжы плъагъунщ.
Упщlэ и анэ фlэрафlэщ.
Уримыпсэлъэфмэ, уи жьэм пlастэ иришх.
Ухагъэзыхьмэ, укъагъэфэнщ.
Ушынэмэ, си кlэ къуагъ къыкъуэтlысхьэ.
Ушынэмэ, си пыlэ щхьэрытlагъэ.
Ущымытlыс ущыгушыlэркъым.
Фадафэ чэфыжьыпкъэщ.
Фадэ зэхэдзэрэ удын зэхэдзэрэ.
Фалъэм имыт икlутрэ?
Фэ мыгъу-мыуцlынрэ фэ цlынэ зэlымыкlри щыlэкъым.
Фэ пщlынумэ, лы зытелъхьэ.
Фэдэн кlапэ шу егъэшэсыж.
Фэлъыркъэб псым щlилъафэрэ?
Фэрэкlым "Уи фэр схьын, хьэмэрэ уи нэр схьын?" жи.
Фо нэхърэ жей нэхъ lэфlщ.
Фом тхъу хэплъхьэкlэ зэlигъэхьэркъым.
Фор зэкlэщlэж нэхърэ банэр зэфlренэ.
Фоч нэщl лlитlгъэшынэщ.
Фочым зигъазэмэ, блыпкъауэщ.
Фочыр уамэ, хьэтыр щыlэжкъым.
Фыгъуэ-ижэр зыщыкуэдым дауэгъу куэд щызэблокl.
Фыз гъуэгу мыгъуэ ежьэркъым.
Фlым фlыщlэ пылъщ.
Фlыр зымыщlэм фlыщlэр зыуи къыщыхъуркъым.
Фlыуэ плъагъу щlыпlэм укlуэныр жыжьэкъым.
Фlыцlэ цlэрыlуэщ.
Фlыщlэ жыг пхухасэну?
Хакlуэ бзаджэ и анэ хуэлъэщ.
Хакlуэ мыхъу дзэкъалэщ.
Хакlуэ мыхъу хъуэкlуэным дехьэх.
Хамэ ахъшэ зепхьэмэ, уи жыпыр гъуанэщ.
Хамэ дагъуэр лъагъугъуафlэщ.
Хэмэш тес и пхэ щlиудыркъым.
Хэди бжэныр къыхэх, мэлыр къыхэпхми уэстыххэнукъым.
Хэзгъэхъуэнщ, щыжысlэм, хэзгъэщlащ, зыстхьэщlынщ, щыжысlэм, зысцlэлащ.
"Хэт и щхьэр нэхъ дахэ?" щыжаlэм, шылъэгум и щхьэр къригъэжащ.
Хэтхэ я унэ къанжэ тес?(Щlагъыбзэщ: Хэтхэ япхъу упылъ е хэтхэ я къуэ къыппылъ, жыхуиlэщ.)
Хейрыбгэм и къэрэш езым хуегъэзэжыр.
Хым хэкlуадэр кхъэхалъхьэншэщ.
Хуарэ дзэкугъуанэ сыбгъэшэсамэ, сегъэпсыхыж.(Къысхуэпщlамэ къысхуумыщlэж, абы щхьэкlэ сыноубзэнукъым, жыхуиlэщ.)
Хугукlэ лъэкlапэщ.
Хуейм зыхуей игъуэтмэ, бажэ хуэдэ мэущ.
Хущхъуэ зэхэдзэр сымаджэм и щхъухьщ.
Хущхьэ къуэпс зэтащ.
Хущlэмыхьэ пlащlэрыпсалъэщ.
Хъыбарыфlри хъыбарщ, хъыбар lейри хъыбарщ.
Хъыджэбз щlалэ делэгъуафlэщ.
Хъуапсэ и псэ кlуэдыркъым.(Умыфыгъуэмэ, ухъуэпсэну емыкlукъым, жыхуиlэщ.)
Хъуэжэ и бэщмакъыу зыкърегъанэ.
Хъумэ, зыфl, мыхъумэ, фlитl.
Хъунщlэнрэ къуентхъынрэ зыщ.
Хьэ мыукlытэ къупщхьэ йогъу.
Хьэгъуэлlыгъуэ махуищ гухэхуэщ.
Хьэжьыр зэбущтми зумыущтми йобэн.
Хьэдэр зейр кхъаблэпэщ.
Хьэлывэр япкlыху щысри, ягъэжьэху пэплъэжакъым.
Хьэлlамэ ващэрэ?
Хьэлlамэм ибгъукlэ йодзакъэ.
Хьэм благъэр мэкlэ къещlэ.
Хьэм дыгъужь имылъагъуху щlакъуэщ.
Хьэм ебгъэшх текlуадэркъым.
Хьэм ептыр и lхьэщ.
Хьэм и бзэгу хущхъуэщи, джэдум и бзэгу щхъухьщ.
Хьэм и губжь кхъуэм щехьэ.
Хьэм и гъэрищ, шым и гъэрибл, лlым и гъэ щэщl.(Щыми ар я зэманыгъуэфlщ, жыхуиlэщ.)
Хьэм и щхьэр узмэ, удз ешх, блэм и щхьэр узмэ, гъуэгум тогъуалъхьэ.
Хэм къупщхьэкlэ уеуэкlэ гъыркъым.
Хьэм нэщl щхьэlуо щоуэ.
Хьэм "Сыпсэумэ, гъэмахуэм унэ сщlынщ" жеlэ.
Хьэм уеуэмэ, нэхъей мэхъу.
Хьэм ущышынэмэ, уи нэкlэ укъещlэ.
Хьэмаскlэр хьэ зэщlэгъавэщ.
Хьэнэфийхэр зэфыегъущ.(Зэныбжьэгъухэр зэкlуэгъужэгъущ, жыхуиlэщ.)
Хьэндыркъуакъуэр псыдзэм щрихьэжьэм "Абыи си lуэху щыlэщ" жиlащ.
Хьэр банэурэ мэлlэж.
Хьэр гугъу ехьынумэ, чэруаным ядокlуэ.
Хьэр делэ хъумэ, зейми йодзэкъэж.
Хьэр зыукlым ирехыж.
Хьэр зыпlынуми ехь, зымыпlынуми ехь.
Хьэр зыщагъашхэм щобанэ.
Хьэр зыщыгуфlыкlыр и ныбэщ.
Хьэр и бзэгукlэ зоlэзэж.
Хьэр и гъуэлъыпlэ икlмэ, дыгъужьым ехь.
Хьэр мэжалlэмэ, дыгъужь къугъукlэ ещl.
Хьэр улэуэнумэ, мэкъушэм ядокlуэ.
Хьэр хьэлывэм щогугъу, делэр гугъэурэ мэлlэж.
Хьэр шынэмэ, и кlэр и бэкъум декъузэ, джэдур шынэмэ, и кlр еlэт.
Хьэрэмым хьэрэм къешэ.
Хьэрэмыр нэбгъузкlэ маплъэ.
Хьэтыкъуейм тегъэзэж я жагъуэщ.(Хьэтыкъуей - адыгэм ящыщ зы лъэпкъщ.)
Хьэщэхурыпхъэм узэригъэпхъуэкlыркъым.
Хьэфизым и гур и гъуазэщ.
Хьэфизым мазэр хуэнэхукъым, фыз мылъхуэ и сабий гъыркъым.
Хьэщlэр зейр гуауэжырыхьщ.
Хьэщlэщыжь нэщlыр уэтэущ.
Хьэlус ефэгъуэм пашэщ, хьэ елъэрышэгъуэм кlашэщ.
Хьэlуцыдз псори зэщхьу мэкъугъ.
Хьилагъэ зыхэмылъым "лlыгъэ схэлъщ" жремыlэ.
Хьилэр акъылым щыщщ.
Хьилэр псалъэри лlыгъэм и лъэр щlиудащ.
Цlэр елъэри, бжьыдзэр къинащ.
Цlыв гузавэ дэуэщ.
Цlыкlу щхьэкlэ, лъабжьэщ.
Цlыху зэрыкl вы укlа йохуэ.(Зи гугъу ищlыр ныбэщ.)
Цlыхубзыр илъэс щэщlхъумэ, цlыхухъу пэлъытэщ.
Цlыхугъэ зиlэм жагъуэгъуи иlэщ.
Цlыхуми хьэщхьэрыlуэ къахокl.
Цlыхуфl и тlысыпlэ хьэзырщ.
Чэф хъуа нэужь зи адэшхуэр зыгъеижам нэхъей.
Чыцl ажэм зигъэгусэри шхалъэм дэпкlащ.(Гупым яхэмызагъэу зызыгъэгусэм ауаныщlу хужаlэ.)
Шэ зиlэми ешх, шху зиlэми ешх.
Шэджэналъэ къидзыххэнумэ къезгъэдзынщ.(Къищlэххэнуlамэ къезгъэщlэнщ, жыхуиlэщ.)
Шэм, сынокlуэ, жиlэркъым.
Шэрэ блэрэ зэблэкlыркъым.(Фочышэр блэм темыхуэу блэкlыркъым, жыхуиlэщ.)
Шэс псори шукъым.
Шу гупыр зэдилъмэ, щхьэж игу илъ ещlэж.
Шу махуэ lумахуэщ.
Шууи укъэмыкlуэ, лъэсуи укъэмыкlуэ, къакlуи скъэлъагъу.(Зыкlэлъызымыгъэкlуэнум и щхьэусыгъуэщ.)
"Шхэмэ, и нэзэрыхьэ мэхъей" жери щыхьащ.(Хьэкъ имыlэу щыхьащ, жыхуиlэщ.)
Шхэныlэ кlыхьщ.
Шхуэлым шэр щыфlэlуркъым, ныбэм сабийр щезэшыркъым.
Шхуэмылакlэр зыхуэмыlыгъым шкlэр еубыд.(Хуэмыщlэнум зыкlэрещlэ, зрепщыт, жыхуиlэщ.)
Шхупцlатэхьэ кlуэуэ зи шынакъ зыгъэпщкlужам нэхъей.
Шы дэгъуэм уанэ дэгъуэ хуэфащэщ.
Шы зимыlэм уанэ къещэху.
Шы зимыlэр къамышыкlэ базщ.(Базщ - ерыщщ.)
Шы зиlэр къанэри, уанэ зи lэр кlуащ.
Шы зыгъуэт нэху тещхьэркъым.
Шы лlэнум мэкъу пхыр зыдехь.
Шы пщlэнтlэх лlыущхьэкlущ.
Шы сакъ хьэ къедзакъэркъым.
Шы тесыкlэ зымыщlэм уанэр екъутэ.
Шы уэдыжь зэдзэlуалэщ.
Шы хьэху уэсэпс трагъахэркъым.
Шыгъупlастэм хьэтыр иlэщ.
Шыд и псыефапlэ егъэутхъуэж.
Шыд шыгъу ишхрэ?
Шыдым и хьэлъэ ирикъумэ, мэкlуэр.
Шыдрэ пэт илъэсым зэ мэфтрей.
Шыдыр фыхышэм щраджэм, "Пхъэ къэхьын хуей хъунщ", жиlащ.
Шылъэгур зэбгъэзэкlми букlми и зэхуэдэщ.
Шым дамэ тету зылъагъур блэращи, блэм лъакъуэ щlэту зылъагъур шыращ.
Шым ехуэхым ныбэпхым трелъхьэ.
Шым зыщигъэукlурийм иц къыщонэ.
Шым и лъакъуэ и бийщ.(И лъакъуэ псынщlэхэм я ягъэкlэ цlыхур шым мэшэс, жыхуиlэщ.)
Шынэ зиlэм укlытэ иlэщ.
Шынэм макъ егъэlу.
Шынэр и унэ мэкlуэж.
Шыр тесым егъэдахэ.
Шыр пщlантlэмэ,уанэр екlужыркъым.
Шыфl зиlэм дамэ тетщ.
Шыфlыр езэшмэ, пырхъалэщ.
Шыфlыр ныбжьэгъуфlым хуэдэщ.
Шыфlрэ гуфlрэ зэхуэщкъым.
Шыфlрэ выфlрэ псыбафэркъым.
Щауэщlэм и щlакlуэри и кlуэкlэри дахэщ.
Щауэ къэрабгъэ нысащlэ гъэшынэщ.
Щэ зыгъэдэlуэфыр щэ я уасэщ.
Щэ уэстын, щэ я уасэу зы уэстын?
Щэлъахъэ гугъэпсэхущ.
Щэм яубыр щэм я уасэщ.
Щэху гуэр зимыlэ щыlэкъым.
Щэху нэху и жагъуэщ.
Щихури лъагэ дыдэу докlей, къыпыкlэlакъым мыхъумэ.
Щумыщlэжым деж пэж жыlэ.
Щхъухьышхуэри щхъухьщи, щхъухь цlыкlури щхъухьщ.
Щхьэ бжыгъэ ныбэ нэщl.(Мыхьэнэншэщ, жыхуиlэщ.)
Щхьэкlуэм щlакlуэ уегъэщl.
Щхьэлыкlыр зыхьри мэгурым, щхьэл мывэр зыхьри мэгурым.
Щхьэм блэр и lэжьэгъущ.
Щхьэмыуз пlэщхьэгъ тезагъэрэ?
Щхьэщытхъурэ къэрабгъэрэ зэблагъэщ.
Щыблэ зауэм и гъунэгъу доуlэбжь.
Щыблэр зыгъауэм и lэдэ-уадэщ, щхъухьыр зезыхьэм и lэщlагъэщ.
Щыкъу нэщlым хьэри джэдури йонэцl.
Щымыгъуэт щыутэх.
Щымыуэну акъыл, щымыщlэну былым.
Щымыlэм жэр щlыхьэркъым.
Щысу ямылъэгъуар теджри псчэуlуащ.
Щытхъу мащlэр убым пащlащ.
Щытхъу нэхърэ тхъэгъуэ.
Щытым еплъи щылъыр гъей.
Щыхьэр цlыхуншэ хъуркъым.
Щlакхъуэм къудейщ хужумыlэ.
Щlакlуэ ныкъуэщlыр щыгъынкъым.
Щlакlуэ щlагъым лlы къыщlокl.
Щlакlуэр губгъуэ унэщ.
Щlалэ гъакlуи кlэлъыкlуэж.
Щlэныгъэрэ lэщlагъэрэ зэкъуэшщ.
Щlопщыкъурэ пэт жьы еубыд.
Щlы фlыцlэм щlэмыхьэжын щыlэкъым.
Щlыбырыхь нэхърэ ныбэ хьэлъэ.
Щlылъэныкъуэшх мэзытхьэ и жагъуэщ.
Щlым и lэфlрэ lэфlым и дагъэрэ.
Щlым щlэс хьэмбылуми ишхын егъуэт.
Щlымахуэм къэрэкъурэ гъагъэрэ?
Щlыпlищ нэщlу ялъытэ: псы зыдэмыт псыхъуэ, къэкlыгъэ зэрымыт губгъуэ, лlы зыщхьэщымыт фыз.
Щlыхуэр къэщтэгъуафlэ щхьэкlэ тыжыгъуейщ.
Я нэхъыкlэм гухъу накlэр щlеуд.(Зи lуэху зымыщlэжыф яхэткъым, жыхуиlэщ.)
Яжьэм фlамыщl и тесэнщ.
Ямыубри бэным дэлъри зэхуэдэщ.
Ямыгъэlу зэхахыркъым.
Ямыгъуэт ятыжыркъым.
Ямылъэгъуа бланэ яукlыркъым, зэхамыха псалъэ яlуатэркъым.
Япэ нэсым шылъэlуфэ иребзэ.(Япэ нэсым и lуэху докl, жыхуиlэщ.)
Япэ узрихьэлlэр шхыныфlщ.
Япэрыхь lыхьэфlщ.
Яукlыну яшэми, хьэм дзэкъэн хинэркъым.
Яхэмыхьэ хабзэншэщ.
Яхьыр зыхьын мэлыхъуэ.
lэжьэгъу удыныхьщ.
lэжьэгъур яукlри, зырыукlитlыр зэбгъэдэкlыжащ.
lэзэ къашэри вынэ ирищlщ.
lэзэ мыхъу псэхэхщи, молэ мыхъу гуихщ.
lэм илъ нэхърэ lум илъ.
lэм имыщтэ кlуэдыркъым.
lэмалрэ хьилэрэ акъылщ.
lэнэкlэ lэфlщ.
lэнэм и пэри и кlэри хъуэхъущ.
lэнэр щытыху, гъащlэм хабжэркъым.
lэрымылъхьэм щlэнэцlурэ и нэцlакlэр щlэгъуащ.
lэпхъуамбэхэр зэхуэмыдэ щхьэкlэ зэдошэрыуэ.
lэхъуэ и баш и чэнджэщэгъущ.
lэщэ дэгъуэр гъусэфlщ.
lуэрыlуатэр хабзэжьщ.
lуэху зэхэмыбз щхьэгъэузщ.
lуэху зи куэд шыгъэджэгу ещl.
lуэхь убла зимыlэм lуэху щlа иlэкъым.
lуэхур зэрыпщlщ.
lуэхур зейм и щхьэджащlэ мэсыс.
lугъуэ щагъэум цlыху щопсэу.
lупэм напэр и хашэщ.
лlыжь гупсэхуфl.
Щlалэр унэ псоми я малъхъэщи, хъыджэбзыр унэ псоми я нысэщ.
Щlэщыгъуэр икlри зэрыукlыр къихьащ.
Я выр уэдрэ я хьэр пшэрмэ, унагъуэщ.
Я нэхъыжь и унафэ я хъыджэбз екъутэ.
Я ныху зэпхащ. (Я щэхуи я нахуи зэрощlэ, жыхуиlэщ.)
Я щlалэ щlыбыцэ, я кхъуей цы защlэ.
Ял зэхэбгъавэми, я лэпс зэхыхьэнукъым.
Ямыгъэпхъу пхъукlэ ищlэркъым.
Ямылъэгъуа бланэ къаукlыркъым.
Япэ къапшэр уи фызщ, етlуанэу къапшэр уи къанщ.
Яубыр бысым щlы.
Яхь зэхэпхмэ, уипхъу уфlощl.
lэр бутхыпщкlэ, lэбжьанэр пыхурэ?
lэтащхьэ илъагъумэ, хъыджэбзыр мэгуфlэ.
lыхьлы делэ напэтехщ.
lуданэ кlапэр кlэщlщ, жыпlэу хыфlумыдзэ, пщыкъуэр щlалэщ, жыпlэу думыдзых.

+''+nan+'



'+Kaffed

Share