Atasözleri / Bölüm 2

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭЖХЭР
Етlуанэ Пычыгъуэ



Атэкъынэр зи вэкъэпс, къэсыр зытеухь. (Атэкъынэ – гуэншэрыкъ лъэпс)

Бацэжь и щlагъ лlыхъужь къыщlокl.

Бацэр ибэщ, бзур и бынщ. (Тхьэмыщкlэм, бын и куэдщ, жыхуиlэщ.)

Бацэхэплъ нэплъэжыгъуэ егъуэт.

Бгъэр бгъэкlэ ягъасэ, блымыр блымкlэ къагъуэт.

Бей жей езэгъыркъым.

Бейм и хьэ удз ехъу.

Бейм я гугъу ящlурэ тхьэмыщкlэм я уэздыгъэ мэс.•

Бжэн щlакъуэ тегушхуэгъуафlэщ.

Бжыхьэпэ уэфlрэ пщы lупэфlэгъурэ. (Туми дзыхь яхуэпщl хъунукъым,жыхуиlэщ.)

Бзу кхъуей фlэкlа ямыlэ щыlэкъым.

Бзум худрапхъей и унэ щlэлъкъым.

Вырэ цlэрэ зэпокъу.

Гуащэрэ пэт, къаз деху.

Данэр лъапэкlэ зэрехуэ. (Зэщыхуэпыкlауэ къэзыкlухь цlыхубзым хужаlэу щытащ.)

Делэр бейм я гуэшэгъущ. (Бейм здигъэгуэшэну щогугъу, жыхуиlэщ.)

Дунейр ижэнэтщ. (Тхъэуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)

Дунейр и хьэдрыхэщ.

Дымыгъуэкъым, дыгущэкъым, ди унэ щхьэ кlапэ дагъэкlэ дымыирэ? (Щыкlам ауаныщlу хужаlэ.)

Джатэрыпщ нэхърэ пщы lущабэ.

Жылэм я мыгъуэ я гъуощ.

Жьы къыщlэпщэркъым, псы къыщlэуэркъым.

Жьыр и гупэу мэпсэу. (Гугъехьым пэщlэту мэпсэу, жыхуиlэщ.)

Зэрабзыр иlэ щхьэкlэ къырабзэ иlэкъым.

Зэрыгъэпщыркъым, зэрыгъатхъэркъым. (Лыфlыгъэ зэпэзыубыдаитым хужаlэ).
Зэхуэдитl зэдзейщ.

Зеиншэ шэгъуафlэщ.

Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащlэрэ.

Зи деур мащlэм и духьэр кlэщщ.

Зи lэгу нэщlым и нэгу щlыlэщ.

Зимыlэм бдзы кlыхьри бдзы кlэщlри хуохъу.

Зимыlэххэ къызэщэри зил къыщэщ къызэтэщ.

Зипщ пэмылъэщ и фыз и табыщэгъущ. (И фызым ионыкъуэкъу, иозауэ, жыхуиlэщ.)

Зы выр шхэмэ, зы выр мэгурым.

Зы лlыр джэдыгуибгъурэ либгъур джэдыгуншэу.

Зы хьэнэф зы хьэнэф и пщыжщ.

Зылъэмыкl lэфракlэ и lыхьэщ.

Зым и мыгъуэ, зым и махуэщ.

Зыхуащlэ нэхърэ зыщlэф.

Зыхуэхъур быхъуу мэтыс.

И дунейр дэгъэзеигъуэу ехь. (Гугъу ехьу мэпсэу, жыхуиэщ.)

И дзыгъуэ лъынэ къокl. (Хуэщlауэ, тхъэуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)

И кlэтий и вакъэпсу мэпсэу.

И мэлыхъуэ баш пкlэм дридзеижащ. (И мылъкур lэщlэкlуэдэжащ, жыхуиlэщ.)

И хьэри и кхъуэри зэрошх. (Гукъеуэншэу, тхъэуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)

И щэ и ныбэ ихуэжыркъым.

И щэ къовэ.(Къулейм хужаlэ.)

Ибэ бэшэкlщ.

Изрэ ныкъуэрэ зэрыщlэркъым.

Къаным и нэ уезыгъэбор былымщ.

Къызыхих ныкъуэ хъуркъым.

Къыптекlуэ лъэшщ.

Къратыр и lусщ, есыхьыр и мафlэщl. (Зыри зылъэмыкl хьэрычэтыншэм хужаlэ.)

Къуалэр лы щигъуэтым щохъуарзэ, уэркъыжьыр блым щигъуэтым щопсых.

Кlэкъинэ lэфlщ.

Лэгъупыр нэкlэ къегъавэ. (Нэсауэ къулейуэ мэпсэу, жыхуиlэщ.)

Лъэкlамэ, зыкъригъэлъхунтэкъым. (Щхьэхынэ lейм хужаlэ.)

Лъхукъуэлl нысэ зыгъэ-зыщlщ, дыжь джэдыгур зы щlымахуэщ.

Молэ мин зы мащэ, факъырэ щий зы lэнэ.

Молэм «жытlэр фщlэи, тщlэр фымыщlэ» жыхуаlэм хуэдэщ. (Мыхъумыщlэ зымыдапхъэм езым щищlэм деж ауаныщlу хужаlэ.)

Мыгъуэм и кlапсэр бейм егъэлажьэ.

Мыгъуэр мыгъуэщlкъым, ищlыр тэджыжкъым.

Мыунэ-мыунэхъу, жэщ хъумэ пхъэдыгъу.

«Нанэ и лlыу, дадэ и lунэ» жиlэурэ зэригъэуlуащ.

(Гугъу дехьурэ ерагъыу зэригъэпэщащ, жыхуиlэщ.)

Насып зимыlэм и дзэр хъудырым lуещыкl.

Насып зиlэм шыlэ иlэщ.

Насыпыншэм магъшэм тесми хьэ къодзакъэ.

Насыпыр щагуэшым дурэшым дэсащ.

Нэгъуеипщ нэхъей, и закъуэ мэшхэж.

Ныбэщlэубзэ lуэхутхьэбзащlэщ.

Пшагъуэр, дыгъужьыр, уэркъыжьыр, ялыхь, сумыгъэлъагъу – жиlащ.

Пщы зыфlэпщым пщылl къыпфlещ.

Пщы зи щпэлъагъум тхьэ щохъу.

Пщым и шхын шындырхъом къекlэцl. (дэнэ кърахми къыхуэмыгъуэту хъунукъым, жыхуиlэщ.)

Пщым и щlыб джатэ щагъэдалъэ.

Тхьэмыщкlагъэм сынокlуэ жиlэркъым.

Тхьэмыщкlэ динщlэкъущ.

Тхьэмыщкlэм и псалъэ тlэу жыlэщ.

Тхьэмыщкlэм и фэр lувщ. (Гугъехь куэд и фэм докl, ешэч, жыхуиlэщ.)

Тхьэмыщкlэм тхьэр хуэлъэщ.

Тхьэмыщкlит зэгъусэмэ, бей хуэдэу мэпсэу.

Тхьэр тебгащ, бгыр теуащ.

Уаерэ пщаерэ куэд якlуркъым.

Уэрэдус пщыпсэlухщ.

Уэркъ хабзэр дэгъэзеигъуэкlыхьщ.

Уэркъым и жьэ и щопщщ, ипщ хуэдэр и джатэщ.

Уэсэпс тхьэгъум зегъэшри, гъэш зимыlэр тхьэмыщкlэщ.

Удафэр фэм йокl.

«Уи адэр шхын щхьэкlэ лlащ» жаlэу щрахъуэным, «Игъуэту лlа?» - къажриlащ.

Уи lэшхылъэ нэбдзыфlэмэ, унэфl япхъу къыуатынщ.

Уипщ хьэхуэгъу-щыхуэгъу умыщl.

Улlэу упсэурэ нэхърэ, утхъэу урелlэ.

Урыс тхьэмыщкlэ и кхъуэлу зэрегъэзахуэ.

Факъырэ пэщмэн.(Тхьэмыщкlэ пагэм хужаlэу щытащ.)

Хабзэр сщэ щхьэкlэ, ирабзэр сlэщэлъкъым.

Хъанхэ я щlыб джатэ щагъэдалъэ.

Хьэзабыр хьэмбытlу ешэч.

Цlэ бжьакъуэм фlэсщ.

Щхьэ къуийм и лажьэ щхьэ псэум ищэркъым.

lэгу нэщl lэщl джафэщ.

 

+''+nan+'



'+Kaffed

Share