Atasözleri / Bölüm 1

 

АДЫГЭ ПСАЛЪЭЖХЭР
Езанэ Пычыгъуэ



Абрамывэ вагъэгъэкlуэдщ.  

Адакъэрэ пэт джэджьер егъашхэ.

Адыгэр уэшщ, урысыр пхъэпсщ.

Адыгэшрэ лlы бэшэчрэ.

Алыхьыр ещlэ, ящllамэ ешх. (Мылажьэу шхэм ауаныщlу хужаlэ.)

Апреым (мэлыжьыхьым) и бгъум гуахъуэр пкlэм драдзеиж.

Апрелым (мэлыжьыхьым) и блым мэкъу lэмбатибл хуэгъэтылъ.

Аргъынэ кlыхьыр и жагъуэщ. шынакъ кlы гъуанэр и щlасэщ.

Аргъуейр пхъэlэщэм щlэщlа вы бжьакъуэм тести «довэ» жиlащ.

Армум хиса жыгыр мэгъу.

Армур мэз кlуэмэ, арэфым жьитl гуэту къешэ.

Бавэ нэхърэ бэв.

Баlуэ нэхърэ бащlэ. (Куэд жызыlэ нэхърэ куэд зылэжь, жыхуиlэщ.)

Бэр зэщlэхъаемэ, щlыр къагъэхъей.

Бжьэ зыдэсым фо дещlэ.

Бжьыхьэ бейщ.

Бзурэ пэт абгъуэ ещl.

Былымыр икlи хъугъуейщ, икlи хъумэгъуейщ.

(Хъугъуейщ – къэгъуэтыгъуейщ)

Вы зимыlэм шкlэ щlещlэ.

Выгъашхэрэ пэт пхъэ къешэ.

Выгъашхэри зобзеиж.

(Зы lуэху гуэр зымыщlапхъэ щыlэкъым, жыхуиlэщ.)

Выжь и мэхуапщlэ выщlэ и уасэщ.

Выр жьы хумэ, шкlэм хаутlыпщхьэж.

Гуащэтешэрэ пэт унэ епхъэнкl.

Гуэн нэщl нэхърэ хадэ нэщl.

Гуэн нэщl щыlэщи, хадэ нэщl щыlэкъым.

Гуэн щхьэкlэ, нэщlщ, жьыщlа щхьэкlэ, фlейщ.

Гур щыкъутэм щащlыж.

Гъатхэ дыгъэм кlагъуэскlэ уегъэскlри,

бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрекlэ.

Гъатхэ уафэр гъуанэщ.

Гъатхэ унэ гъуанэщ.

Гъэ мэкъумэш пэтрэ яух.

Гъэм и зы махуэм щlымахуэм уегъашхэ.

Гъэмахуэм гупкlэ жьауэри унэщ.

Гъэмахуэм къыумылэжьа щlымахуэм бгъуэтыжыркъым.

Гъэмахуэм lэжьэ щlыи, щlымахуэм гу щlы.

Гъэфlым умыгъуэта гъейм бгъуэтыжыркъым.

Гъей нэхърэ пщей.

Гъуагъэми гъущэу.

(Мэкъумэш къехьэлlэжьыгъуэу

уэшх щыхуэмей зэманым жаlэ)

Дыгъэр къепс щхьэкlэ, лъыпсыр къыпож.

Дыжэф пцlанэ хъуркъым.

Дышэр и lэм къыпощ.

Дзыгъуэ пэтрэ щlымахуэм хуогъэтlылъэ.

Дзыгъуибгъу зэдеlэмэ, кхъуей кlадащхьэ трач.

Емызэш мэшыбэ ещlэ.

Емыкъум еплъи дэзышым еуэ.

Емыса лэгъупэжь хъуркъым.

Жэм къэшэхуи вы шэхун хэкlыж.

(Ар лъхуэнщи вы хъун къилъхунщ, жыхуиlэщ.)

Жэмым ишх и гъэшщ.

Жыхафэр щхьэцыпэкlэ епхъэнкl.

(Зи псэ емыблэжу унагъуэм lуэху щызыщlэ нысэм хужаlэ.)

Жэщырыдэ махуэрыдыхьэшх.

(lуэхур щимычэзум зылэжьым ауаныщlу хужаlэ.)

Жылэр зыгъашхэр шхын щхьэкlэ малlэ.

(Зи гугъу ищlыр пщафlэрщ.)

Зэдэпщlэ щlэхщи, зэдэшхэ lэфlщ.

Зэхэшэ шэбэщ.

Зэхьэзэхуэ мэунэри зэижитl мэунэхъу.

Зэшыбэ бэхьщ.(Зэкъуэш куэдым куэд къалэжь, жыхуиlэщ.)

Зи бэ пщlэм уриlэзэщ.

Зы гъэм шкlэщ, етуанэм жэмщ.

Зы махуавэр зы махуэшхкъым.

Зы тхьэрыкъуэф lэнэ зэдытешхыкlащ.

(Губгъуэм зэдитащ, щызэдэлэжьащ, жыхуиlэщ.)

Зыбзым пабжьэм хедзэри зыдым къыхехыж.

Зыгъалlи къакlуэ жаlакъым.

(Щичэзум лажьэ, щичэзуми зыгъэпсэху, жыхуиlэщ.)

Зымышхыжын и мэкъумэш щlэкlэщ.

Зымыщlэм щlакlэ и lусщ.

Зыщl нэхърэ еплъ нэгъ lэзэщ.

И гуащlэ хьэпlацlэм яхуехъумэ.

(Гугъу зезымыгъэхьым ирегиеу хужаlэ.)

И хъер мащlэм, и гумэщl бэщ.

(Хъер мащlэ фlэкl къызыпымыкlыу

гуащlэ куэд зытекlуадэ lуэхум хужаlэ.)

Илъэс lуэху къэщтэжыгъуейщ.

Къэкlуэгъуафlэ кlуэжыгъуафlэщ

(Гугъуехьыншэу къыпхэхъуар кlуэдыжыгъуафlэщ, жыхуиlэщ.)

Къэкlуэгъуэ джадэ нэхърэ кlуэжыгъуэ джадэ.

Къэт кlыхь, къэхь мащlэ.

Къебыбажьэ нэхърэ къежьэуашхэ.

(Къебыбажьэ-къелъэтажьэ. Уэшхыр псынщlэу къежьэу зэуэ щхьэщыкl нэхърэ щlым пкърыхьэу хуэм-хуэмурэ къешхым нэхъыфlщ жыхуиlэщ.)

Кlыщ уэщыишэщ.

Лэжыгъэмкlэ уашхэщ, щхэнкlэ дыгъужьщ.

Лlы и къуэгъурэ вы и гъуррэ.

Лlым и нэхъ мыгъуэм  lуэхугъуибгъу зэпеч.

Мастэ бейщ.

Мастэкlэ  lэшэщ, шатэкlэ бзаджэщ.

Махуэ еуэм зегъазэри кхъуей зыхузыр тхьэмыщкlэщ.

(Нэхъ  lуэху тыншыр нэхъ гугъуехьу зылъытэм ауаныщlу хужаlэ.)

Мэкъуауэгъуэ щlалэ дэгущ.

Мэкъуауэгъуэжьым гум жьы дрегъэху.

Мыбзэф и лэныстэ мэбзакъуэ.

Мыдэф и  lуданэ кlыхьщ.

Мыхьэжэф и щхьэлыкъуэкl  къопкl . (Щхьэлыкъуэкl - lэщхьэл мывэр зэрагъэкlэрахъуэ къущ.)

Мыщхьэх дахащlэщ.

Набдзэ ищl  фlэщlурэ нэр ирищlащ.

Нанэ хьэлlамащlэм, дадэ кlэрыщlэнщ.

Насыпыр пщэдджыжьым ягъуэщ. (Жьыуэ укъэтеджу уи  lуэху яужь уихьэн хуейщ, жыхуиlэщ,)

Нэ илъагъу нэ ещlэж.

Нэм фlэбэр  lэбэм еух.

Нэр делэщ,  lэр бланэщ.

Нэрыlэзэ  lэпэзадэ.

Ныкъуэцlалэ-ныкъуэтхьэщ . (Икlэм намыхъэса  lуэхум хужаlэ.)

Нысэшхуэ и мастэу егъэбакъуэ.

Псэукlэмыщlэ – уэкъулэ щlрейщ.

Псэуным лъакъуибгъу щlэтщ.

Пхъэlэщ вийм зэдащтэмэ, щlыгулъ къагъазэ.

Пщэдеи махуэщ, къэунэхури мазэщ. (Щхьэхынэм и зэман гъэкlуэкlэщ. Ауаныщlу къапсэлъ.)

Пыэзэфэхь махуэщ. (lуэху щlэным и гуащlэгъуэщ, жыхуиlэщ.)

Пlастэгъажьэ зиужьыжащ. (Зи lуэху щlэкlэм зиужьам хужаlэ.)

Сэтэнейр къэщхьэлъэмэ гъунэ иумылъыж.

«Си хьэ цlыху хъуащэрэт!» - щlыжаlэ махуэщ. (Лэжьэгъуэм и гуащlэгъуэ махуэм хужаlэ.)

Си хьэщlэ нэхърэ си щlэн. (Хьэщlэм сехьэулеилlэ нэхърэ, си lуэху зыгъэзащlэмэ нэхъыфlщ, жыхуиlэщ.)

Тэнымрэ дэнымрэ зэхуэдэщ. (Утэми ухэдэми – тум щыгъуэми ущыуэнкlэ хъунущ, жыхуиlэщ.)

Уэгъуэм ихьар уэлбанэм къехьыжри, уэлбанэм ихьар уэгъуэм къихьыжыркъым.

Уэлбанэ махуэр щlэпытхъщ, фызым я тхъэгъуэр къэбгъавэщ.

Уэсэпс хуабэ мэшгъэкlщ.

Уэфlрэ уэлбанэрэ я хьэкъ зэтенэркъым.

Удэмэ – lуданэ, убзэмэ – бзыхьэхуэ.

Удз къыхэш, уэтэр шэж.

Уеплъу ущыс нэхърэ уисми еlуб.

Уеуэмэ – мэкъущ, уемыуэмэ, къурэщ.

Узэгугъур къогугъуж.

Улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ.

Улажьэу ушхэжын нэхъыфl щыlэкъым.

Хамэlэр lэгъэзагъэ щхьэкlэ, гугъэзагъэкъым.

Хамэlэ lэгъэпсэху щхьэкlэ, гу гъэпсэхукъым.

«Хэт бей?» щыжаlэм, «мастэ бейщ» жаlащ.

Хыумылъхьэ къыхэпхыжыркъым. (Щlым тепсэмэ, къытохыж жыхуиlэщ.)

Хуэмыху и lуэху блэкlыркъым.

Хъуэжэ лыщlэ къищтэри лыщlакlуэ ежьэжащ.

Хьэмтетыгъуэ гъаблэ щыlэкъым.

Хьэрычэтым берычэт хэлъщ.

Шэмыгъапцlэ жэшщ. (гъэмахуэ жэщ кlэщым хужаlэ.)

Шылэм и кlэм зеукlыж.

Щакlуэр зэузэбзмэ, бэжэбз къехь.

Щхьэхынэр теджмэ, псыбафэр куэд мэхъу.

Щынащхьэ плъагъумэ гъэмахуэщи, lэтащхьэ плъагъумэ щlымахуэщ.

Щlым зы ептмэ, щэ къыуетыж.

Щlыр вакъапхъэ-вакъапхъэу зэхэлъщ.

Щlыр кlийуэрэ къокlуэ, гъэр гъыуэрэ мэкlуэж.

Щlыщэ мэш бэвщ.

«Яхуэмышхын сщlынщ», - жиlэри ямышхыфын ищlащ.

lэмбатищэ нэхърэ зы гъущагъэ.

lэтэр эмбатэ щхьэкlэ мэфыж. (Зы мащlэ нумыгъэсу къанэмэ, пщlа псори мэкlуэдыж, жыхуиlэщ.)

lэхъуэгъуэтегъэкl. (Зэмыгугъуу ящlэ lуэхум хужаlэ.)

lэщlагъэ зиlэ lэужь иlэщ.

lуэху зи lуэху lуэху lуощlэри, шхын зи lуэху щхын lуощlэ.

lуэху мыублэ блэ хэсщ.

lуэху пщlыр lуэху мэхъу.

lуэху щlэкlэ зымыщlэр lуэху щlэным егъалlэ.

lуэхум игъэлlа щыlэркъым.

lуэхур жыlэгъуафlэ щхьэкlэ, щlэгъуафlэкъым.

p>+''+nan+'



'+Kaffed)

Share