Çerkesçe Öğretmenlerini Kapsayan Öykü Yazma Yarışması Nalçik’te Yapıldı

KAFFED HABER

Ne çok  ihtiyacımız var sizlere ,

Ne kadar önemlisiniz çocuklarımız için ,

Ne kadar değerlisiniz halkımız için !

Hatokşokho Gazi Adiğe Dil Derneği ‘nin Çerkesçe öğretmenlerini kapsayan anadil etkinliklerinden birisi olan  ‘’Öykü Yazma Yarışması ‘’ 29 Kasım’da Nalçik’te yapıldı.

Bu yarışmanın amacı, anadil farkındalığı yaratmak üzere , Çerkesçe öğretmenlerinin hakettikleri saygıyı bir kez daha topluma hatırlatmak ve  onları bir nebze de olsa ödüllendirmektir. Bu tür etkinlikler ile bir araya gelen anadil öğretmenlerinin  mesleki motivasyonları da artmaktadır.

 

Nalçik şehir kütüphanesinde düzenlenen yarışmaya 100’e yakın öğretmen ve eğitim koleji – üniversite öğrencisi gençler katıldı.  Serbest konulu ve 3 sayfayı geçmeyecek şekilde yazılması gereken öyküler için yarışmacılara 3 saatlik bir süre tanındı.  Beş kişiden oluşan jüri,  öğretmenlerin ve gençlerin yazmış olduğu öyküleri ayrı kategorilerde değerlendirdi.

Dereceye giren öğretmenlerimize ve gençlerimize , Dernek merkezinde yapılan bir kutlamayla ödülleri dağıtıldı.

Dereceye giren öğretmenler :

Birinci: Şomahue Duse, Terek-Tambovska Köyü.

İkinci: Losan Havjan , Baksan .

Üçüncü: Bey Jansuret , Abukhable Köyü.

 

Mansiyona layık görülenler :

Varokho Madina, Şegem.

Joldaş Lena, Hatokşukhey Köyü.

Lıh Luda, Karmahable Köyü.

Abaze Aleyta, Şahlıkho Köyü.

Yivan Jana, Germencik Köyü.

Borukhoy Jana, Dohşukoy Köyü.

Şokhum Emma, Dohşukoy Köyü.

 

Eğitim Koleji ve Üniversite Öğrencileri:

Birinci: Marğuş Liyana

İkinci: Mıd Milena

Üçüncü: Remezan Sabina


ХьэтӀохъущокъуэ Къазий и цӀэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм щэкIуэгъуэ мазэм и 29-м Мэлбахъуэ Тиморэ и цӀэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм щригъэкӀуэкӀа Тхыгъэ Зэпеуэм щытекӀуахэмрэ къыщыхэжаныкӀахэмрэ нахуэ хъуащ. ЕгъэджакӀуэхэмрэ курыт еджапӀэр къэзыухауэ зи ныбжьыр илъэс 25-м нэмыса щӀалэгъуалэмрэ зыхэта Тхыгъэ Зэпеуэм и кӀуэцӀкӀэ Ӏуэтэж е Ӏуэхугъуэ пыухакӀам теухуа тхыгъэ шэщӀа зэхэгъэувэн хуейуэ къалэн щыӀэт. Ди гуапэ зэрыхъущи, зэхьэзэхуэм цӀыху хъарзынэ къыхыхьащ, дэтхэнэми я зэфӀэкӀри щагъэлъэгъуэн яхузэфӀэкӀащ. КъэпщытакӀуэхэм зэрыжаӀамкӀэ, къыхэкӀа тхыгъэхэр псори Ӏуэтэж жыпхъэм имытами, дэтхэнэми тӀэкӀу уелэжьыжа, псалъэ зэпыгъэувэкӀэрэ гупсысэ къэӀуэтэкӀэ я лъэныкъуэкӀэ зэбгъэзэхуэжмэ, утыку ипхьэфыну теплъафӀэт, купщӀафӀэт, хъарзынэу зэхэгъэува хъуат.

Лэжьыгъэхэр тӀэуней къэпщытакӀуэхэм я жыпхъэм щӀэкӀащ. Япэ хэплъэгъуэм тхыгъэхэр псори щӀаджыкӀри, рассказым и пкъыр зиӀэу, гупсысэрэ псалъэкӀэ зэгъэкӀуауэ къалъытэхэр къыхахри, къыхэкӀахэр етӀуанэу щӀаджыкӀыжащ, Ӏэмал зэриӀэкӀэ захуагъэм тетын, Тхыгъэ Зэпеуэр зэрекӀуэкӀ Хабзэм тету нэхъыфӀхэр къыхахын щхьэкӀэ.

КъэпщытакӀуэхэр зыпэрыта ӀэнатӀэт тынш дыдэу щытау пхужыӀэнукъым. КъэпщытакӀуэхэм нэхъыфӀу къалъытэнур къахухэмыхыу, пэж дыдэу, гугъу дехьащ. Ауэ апхуэдиз тхыгъэм ахэр хъарзынэу щӀэджыкӀащ, икӀи ди фӀэщ мэхъу нэхъыфӀхэр къыхахыфауэ. ЗэрыжытӀащи, Ӏуэтэжу щымыту, ауэ тхыгъэ хъарзынэ хъуауэ зыкъом къыхэкӀащ. Ауэ зэхьэзэхуэм и хабзэм темыкӀын щхьэкӀэ, къэпщытакӀуэхэм зралъытыжын хуей куэд щыӀащ. Къытщохъу гугъуехьыр зыщӀэкӀа къэпщытакӀуэхэм я къалэныр къадэхъуауэ.

КъэпщытакӀуэхэм, Хабзэм ипкъ иткӀэ, лэжьыгъищэм нэблагъэ тхыгъэхэр щӀаджыкӀа нэужь, 1, 2, 3-нэ увыпӀэхэр цӀыху зырызым хуагъэфэщащ, апхуэдэу унэтӀыныгъэ зыбжани къыхагъэкӀри, цӀыхублым я тхыгъэхэр гъэщӀэгъуэн дыдэу, гулъытэншэ пщӀы мыхъуну ягъэуващ. Дэри а бгъэдыхьэкӀэм арэзы дытехъуащ.

Аращи… Тхыгъэ Зэпеуэм къыщыхэжаныкӀащ:

ЯПЭ УВЫПӀЭР хуагъэфэщащ Тамбовскэ къуажэм дэт, Щомахуэ Алексей и цӀэр зезыхьэ курыт еджапӀэм адыгэбзэмрэ литературэмкӀэ и егъэджакӀуэ ЩОМАХУЭ ДУСЭ. Абы «Лъагъуныгъэм и хьэтыркӀэ» зыфӀища и тхыгъэм Ӏэджэ гукъэкӀыжи хъыбари къигъэщӀащ, псалъэмакъ гъэщӀэгъуэнхэри теӀукӀащ.

ЕТӀУАНЭ УВЫПӀЭР ихьащ Бахъсэн къалэм дэт, Лермонтов Михаил и цӀэр зезыхьэ 6-нэ курыт еджапӀэм адыгэбзэмрэ литературэмкӀэ и егъэджакӀуэ ЛОСЭН ХЬЭУЖАН. «Гум и джэ макъ» зыфӀища и тхыгъэр гущӀэм къитэджыкӀырт, гъащӀэм и дурэшплӀэрэшхэм удигъаплъэрт.

ЕЩАНЭ УВЫПӀЭР лъысащ Абыкъухьэблэ дэт 1-нэ курыт еджапӀэм адыгэбзэмрэ литературэмкӀэ и егъэджакӀуэ БЕЙ ЖАНСУРЭТ. «Узыпэмылъэщ къару» зи фӀэщыгъэ тхыгъэм цӀыху гурыщӀэм и лъэщагъыр зэрыиныр, зэ гум итӀысхьа гузэхэщӀэр абы фӀырыфӀкӀэ зэрыпхуимыудыжынур къэзыгъэлъагъуэ Ӏуэтэж нэсщ.

АдэкӀэ къэпщытакӀуэ гупым унэтӀыныгъэ зыбжанэ къыхагъэкӀащ. Абы храгъэубыдащ зи цӀэ къитӀуэну егъэджакӀуэхэм я тхыгъэхэр:

  1. Шэджэм къалэм дэт, Щоджэн Хъызыр и цӀэр зезыхьэ 2-нэ курыт еджапӀэм адыгэбзэмрэ литературэмкӀэ и егъэджакӀуэ Вэрокъуэ Мадинэ и «Динэ и гукъэкӀыжхэр» тхыгъэр;
  2. ХьэтӀохъущыкъуей къуажэ дэт прогимназием пэщӀэдзэ классхэр щезыгъаджэ Жолдащ Ленэ и «Гъэсэныгъэр Ӏущыгъэщ» тхыгъэр;
  3. Къармэхьэблэ дэт, Къамбий Мухьэб и цӀэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапӀэм адыгэбзэмрэ литературэмкӀэ и егъэджакӀуэ Лыхь Людэ и «Шэджэгъуашхэ» тхыгъэр;
  4. Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт, КӀыщокъуэ алим и цӀэр зезыхьэ 2-нэ курыт еджапӀэм адыгэбзэмрэ литературэмкӀэ и егъэджакӀуэ Абазэ Алетэ и «Инджылызми адыгэбзэ щызокӀуэ» тхыгъэр;
  5. Джэрмэншык къуажэ дэт курыт еджапӀэм адыгэбзэмрэ литературэмкӀэ и егъэджакӀуэ Иуан Жаннэ и «Нэмыцэ Ӏупэпшынэ» тхыгъэр;
  6. Дохъушыкъуей къуажэ дэт 2-нэ курыт еджапӀэм и психолог-гъэсакӀуэ Борыкъуей Жаннэ и «Кхъужьей къудамэ» тхыгъэр;
  7. Дохъушыкъуей къуажэ дэт 1-нэ курыт еджапӀэм адыгэбзэмрэ литературэмкӀэ и егъэджакӀуэ Шокъум Эммэ и «Лъагъуныгъэм и джэрпэджэж» тхыгъэр.

Апхуэдэу Тхыгъэ Зэпеуэм хэтащ Бэрбэч ХьэтӀутӀэ и цӀэр зезхыьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым егъэджакӀуэ ӀэщӀагъэр щызэзыгъэгъуэт ныбжьыщӀэхэри. Абыхэм ягъэлъэгъуа зэфӀэкӀым ипкъ иткӀэ, еджакӀуищым я цӀэр къэпщытакӀуэхэм къраӀуащ:

ЯПЭ УВЫПӀЭР хуагъэфэщащ Мэргъущ Лианэ;

ЕТӀУАНЭ УВЫПӀЭР лъысащ Мыд Миленэ;

ЕЩАНЭ УВЫПӀЭР ихьащ Рэмэзан Сабинэ.

Хъыджэбзхэм я ӀэдакъэщӀэкӀ и хъер ялъагъуу узыншэу дунейм тетыну, къыхаха ӀэщӀагъэм ифӀ куэд къекӀыу лэжьэну ди гуапэщ.

Шэч хэлъкъым, дэтхэнэ лэжьыгъэми и гъэхьэзырыным зэман ихьащ, зэрыщыту гукъыдэжым теухуауэ дунейм къытехьа хъуащ. Ӏэмал зэриӀэкӀэ, зы тхыгъэ гулъытэншэ тщӀынукъым, зэрытхузэфӀэкӀкӀэ журналхэмрэ газетхэмрэ къытеддзэнущ. Зи кӀэн къикӀахэми, Тхыгъэ Зэпеуэм хэтахэми дахуогуфӀэ, ефӀэкӀуэну, къалэмыр ямыгъэтӀылъыну къыхудоджэ. ЕгъэджакӀуэхэр нэхъыбэ тхэхукӀэ, къэзыцӀыхухэри нэхъыбэ еджэну хуеинущ, сыт зэгупсысыр, сыт утыку къралъхьэфыр жаӀэу. Арыххэуи, ди лъэпкъым и гупэр анэдэлъхубзэкӀэ еджэным хуигъэзэну Ӏэмал щыӀэ хъунущ.

Тхыгъэ Зэпеуэм къыхэжаныкӀахэм я ГъэфӀэжыр гъубжым екӀуэкӀынущ.

ТекӀуахэми, къыхэжаныкӀахэми иджыри зэ дохъуэхъу, Тхьэм иригъэфӀакӀуэ, иузэщӀ, я гуащӀэ и шхыгъуэ ялъагъуу игъэпсэу!

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Share