“İLERİ GÖRÜŞ” Yarışması Sonuçlandı

Hatokşokho Gazi Adıge Dil Derneği’nin (Nalçik), değerli büyüğümüz Çuşha İzzet Aydemir anısına her yıl düzenlemekte olduğu,9 -10 ve 11. Sınıf öğrencilerini kapsayan, öğren-yorumla-anlat formatındaki yarışması sonuçlandı.

Yarışmaya katılan gruplar arasından: Koğolukhuey, Kurğokhuey ve Toktamışey Köyünden katılan gruplar jüri değerlendirmesi sonucunda dereceye girmeye hak kazandılar.

Çocuklar ve onları hazırlayan öğretmenleri dernek binasında ağırlanarak ödülleri kendilerine takdim edildi. 

Çuşha İzzet Aydemir anısına saygıyla...

 

Адыгэбзэ Хасэм и Унэм "Жыжьаплъэ" зыфӀэтща щӀэныгъэщӀэкъухэм я зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкӀахэм я ГъэфӀэжыр щекӀуэкӀащ. Ар Тыркум къыщыхъуа, и гъащӀэри и дунейри адыгэм щхьэузыхь хуэзыщӀа гупсысакӀуэ, тхыдэтх, тхакӀуэ Выщхьэ Изэт и фэеплъу къызэрагъэпэщащ. Дунейм щекӀуэкӀ Ӏуэхугъуэхэм я гупсысэ халъхьэрэ зэрызэрагъэзэхуэфынум хуэунэтӀа, щӀэныгъэ и лъэныкъуэкӀэ ар зэгъэпэща зэрыхъунум хуэгъэпса зэпеуэм, фигу къэдгъэкӀыжынщи, къыщыхэжаныкӀат Къугъуэлъыкъуей, Кургъуокъуей, Тохъутэмыщей къуажэхэм щыщ гупхэр.

ГъэфӀэжыр адрей ГъэфӀэж псом я лейт, жыпӀэ хъунущ. КъызэгъэпэщакӀуэхэм Ӏуэхум хэтахэр уэршэрым иригъэблагъэри, адыгагъэм, адыгэ дунеймрэ щӀалэгъуалэмрэ, хабзэмрэ цӀыху щӀыкӀэмрэ ехьэлӀауэ ядэпсэлъащ, я гупсысэхэр кърагъэӀуэтащ. ЖыпӀэ хъунущ ГъэфӀэж пшыхьыр езы "Жыжьаплъэ" зэпеуэм и жыпхъэм иту екӀуэкӀауэ, ауэ зэныкъуэкъу хэмыту, щхьэж и гупсысэр къыщиӀуэтэну Ӏэмал иӀэу. 

Дэ сабиифӀ къытщӀохъуэ, гупсысэкӀэ ящӀэу, Ӏуэху еплъыкӀэхэр яӀэу. Нэгъэсауэ къахуэмыӀуатэми, зыхуейр къыбгурагъэӀуэфу. Ауэ щыхъукӀэ дызыхущӀэкъу Ӏуэхухэр - анэдэлъхубзэ, бзэ, хабзэ, лъэпкъ жыхуэтӀэхэр - я гущӀэм жылапхъэу илъщ, къыщыхэкӀыкӀынум пэплъэу, къыщыгъэгъэнум ежьэу. Ныщхьэбэрей ГъэфӀэжым хэтахэм апхуэдэ гугъапӀэ къыдату уэршэрым хэтащ. 

ЗэӀущӀэр нэгузыужьу, гушыӀэ, Ӏуэху еплъыкӀэ щӀэщыгъуэ куэд хэту екӀуэкӀащ. Зи псэлъэкӀэрэ зи гупсысэкӀэрэ дызыщӀэдэӀуа сабийхэм, шэч хэлъкъым, нэхъыжь хъарзынэхэр къащхьэщытщ, егъэджакӀуэфӀхэр къадолажьэ. Нобэрей сабийхэр зыгъасэ, адыгэбзэмкӀэ я егъэджакӀуэ Мэрзей Зоерэ Къуэныкъуей Раерэ я ӀуэхущӀафэ дахэхэр зэгуэр лъэпкъым фащэу къыщылыдыкӀыу зэрыщыгъынур нахуэ хъуащ. Я гугъуехьыр хэмыкӀуэдэну, я ӀэщӀагъэм и шхыгъуэ ихуэну тӀуми дохъуэхъу, ныщхьэбэрей зэхэс дахэр купщӀафӀэ икӀи гуимыхуж зыщӀа ди ныбжьыщӀэхэми гъащӀэ дахэ Тхьэм къарит!

                                          


nan



Kaffed

Share