ДУНЕЙМ Я АНЭДЭЛЪХУБЗЭ МАХУЭУ ЯЛЪЫТА МАЗАЕМ И 21-рэр ДОГЪЭЛЪАП1Э

Гъэсэныгъэ, Щ1эныгъэ, Щ1энхабзэм Хуэгъэза Хэгъэгу Зэгуэхьахэм (УНЕСКО) я хасэшхуэм,  1999-рэ гъэм къыщащта унафэм тету Мазаем и 21-рэр «Хэгъэгу Псом я Анэдэлъхубзэ Махуэу» ялъытащ ик1и ипэуэ илъэс 2000-м дуней псом я щ1энхабзэ зэмыл1эужьыгъэхэмрэ анэдэлъхубзэ 1эджэхэмрэ зыда1этын папщ1э «Дунейм я Анэдэлъхубзэ Махуэр» ягъэлъап1эу щ1адзащ.

p>

УНЕСКО-м « Гузэвэгъуэ Зыхэлъ Бзэхэр Дунейм Зэрытегуэща Щ1ык1эм» теухуа и лэжьыгъэм къегъэлъагъур; дунейм къыщапсэлъ 6000-м щ1игъу бзэм  и 2500-м хэк1уэдэжын гузэвэгъуэ зэрыхэлъыр. Ухуэмысакъмэ 21.л1эщ1ыгъуэм ц1ыхуц1ык1ум къапсэлъ бзэхэм щэм хуэзэу Бгъущ1 (%90)-м нэхъыбэр к1уэдыжынущ. 30-м щ1игъу бзэщ1эншгъэл1ым я лэжьыгъэм утыкум кърилъхьа дуней сурэт щ1ык1эм къызэригъэлъагъумк1э Тыркум къыщапсэлъ бзэ 15-ми куэдыжын гузэвэгъуэ хэлъщ.

Гузэвэгъуэр аращи, Адыгэбзэр к1уэдыжыну ялъытэ бзэхэм  япэ итщ.

Бзэ куэд къэпсэлъыным, щ1энхабзэ куэд зехьэным зы гузэвэгъуэ хэлкъым, Фхэр бейыгъэщ. К1уэдыжын мыгъуэр зылъыса дибзэхэм гъащ1э едгъэгъуэту ди щ1эблэм  1урытлъхьэн папщ1э дэ ди закъуэ едгъэк1уэк1 лэжьыгъхэр зэрыримыкъум щхьэк1э дызыхэс хэгъэгухэми анэдэлхубзэр зэгъэщ1эным и лъэныкъуэк1э нэхъри дэ1эпыкъуэгъу къытхуэхъуну дащогугъыр.

Ди бзэр къэтпсэлъыфу, ди бынхэм ядгъэщ1эфын папщ1э Щ1апхъэхэр гъэзэщ1эн, ди бзэр и ц1ыху, ихъумэу хэгъэгу 1уху зехьэк1эхэмрэ анэдэлхубзэр егъэщ1эным хуэгъэза егъэджэн 1уэху щ1ык1эхэм дыхуэныкъуэщ.

Ди бзэри ди хабзэри  дымыгъэкуэду дыпсэун щхьэк1э дэ Адыгэхэм псом япэ ит ди къэлэныр, ди бзэр дэтхэнэ зыщ1ып1эм къыщытпсэлъу, ди бынхэм текъузауэ едгъэщ1эу ди анэдэлъхубзэр  дгъэк1уэдын дэнэ къыщына зэрызедгъэужыным яужь дитын зэрыхуейращ..

Зий зыщыдмыгъэгъупщэн хуейр аращи; «Зы бзэр, ц1ыху мащ1эм къызраупсэлъым щхьэк1экъым, а бзэр зыщ1эхэм къызрамыпсэлъым щхьэк1эщ зэрык1уадэр.»

ДИ АНЭДЭЛЪХУБЗЭ МАХУЭР ДИ ГУФ1ЭГЪЭУ ДОГЪЭЛЪАП1ЭР.

КАФФЕД


nan



Kaffed

Share