ЧЕРКЕС ЛЪАПСЭРЫХЫМ И 153 – НЭ ГЪЭР

КАВКАЗ ХАСЭХЭМ Я ФЕДЕРАЦЭМ ( КАФФЕД ) , 1864 гъэм Урысхэм Ищхъэрэ Кавказыр зы1эщ1агъэхьа нэужък1э , лъапсэрыхыр къысхуэк1уа Черкесхэр Уэсмэным къызэрык1уам и 153 - нэ махуэщ1 махуэм ирихъэл1эуэ , Коджаели къалэм хиубыдэ Кандыра районым зы фэеплъ дауэдапщэ щыригъэк1уэк1ащ

Кефкен Караагъач хьэблэм щек1уэк1а дауэдапшэр , лъапсэрых сыным деж къыщыщ1идзащ .

Ит1анэ , кьек1уэл1ахэр Бабалы хьэблэм дэт Утыку Мэжджытым щысхуэсхэри хы 1уфэмк1э яунэт1ащ , " Накъыгъэм и 21 , 1864 " зытет венокхэмрэ , гъагъэхэмрэ хым хадзащ

Къызэхуэсахэм " Нарт Маф1э " щ1агъанэри , ар кхьэщхьэдэс мывэк1эхэмк1э къаувыхьри яхъумащ

Я псэр зытахэм я фэеплъу щ1агъэна уэздыгъейхэр пщахъуэм хасэщ , " лъапсэрых тхьэры1уэ " ми къыздэджэхэри абык1 дауэдапщэр зэф1агъэк1ащ

АК Партым щыщу Анкара къалэм и паламентару зэхуэсым къыхуэза Мурат Алпаслан журналистхэм зыхуигъазэри ар жи1ащ ,

" Къыдэуэл1а лъапсэрыхыр зыщыдымгъэгъупщэн папщ1э мыбы дыкъэк1уащ , Тыркум и къалэ щхьэхуэхэм къик1ри черкесу мин 30 хуэдиз ц1ыхуи Кандырам къыщысхуэсащ . Черкесхэр мыбы къэк1уа нэужь , езбы я културэр яхъумэжыурэ къыздэк1уа къэралым зэрызиужыным я гуащ1э халъхьащ . Дунейм нэгъуэщ1 зы лъэпкъым Тхьэм апхуэду зы гуауэ- лажьэ къаримгъэуал1эк1э . Иджы нэужьк1эи , иджырэкъэс зэрыщытам хуэду Тырку Республикэр зэреф1эк1унымрэ псомик1 диф1 зэхэлъыхэмрэ  щхьэк1э дыздэщ1ыгъуу дыздэлъжьэнущ . Лъапсэрыхыр зэи дыщыгъупщэ хъунукъым ик1и зыми ящыдгъэгъупщэнукъым , дунейри абы зэрыщыдгъэгъуэзэным яужь дитынущ "

АК Партым щыщ Манисам и парламентар Мурат Бейбатури кьэпсалъэри ар жи1ащ ,

" Илъэс 153 ипэ , ди адэжьхэр Тыркум къыщык1уам щыгъуэ мис мыбдежым хы 1уфэм къыщик1хэри заулк1э 1эгъуэблагъуэм щи1э бгъунщ1агъхэм щ1эсахэщ . Тхьэм нэгъуэщ1 лъэпкъхэм апхуэдэ зыгуэрэ къащимыгъэщ1к1э . Черкесхэм дэ , лъэпкъэгъэк1уэдрэ лъапсэрызэхрэ ди щхьэм къырик1уащи , лъахэ жыхуа1эр зи1исыр , къэралымрэ ныпымрэ ахэр зэрылъап1эр  ф1ыуэ доц1ыху . Мы жылагъуэм щыпсэу ц1ыху милион 80 - м дахэтщ пщ1эрэ щ1ыхьрэ ди1эуэи , ахэм дадэщ1ыгъуу лъахэр зэрызыужыным дэри дыпылъщ "

Ахэм яужк1э , Каффедым и 1этащхьэ Яшар Асланкая зы псалъэк1э ищ1ащ ,

" Илъэс къэс мы щыгъуэ щ1эж дауэдапщэр идогъэк1уэк1ри , Черкес Лъэпкъгъэк1уэдымрэ Лъапсэрыхымрэ хуэдэр щымащ1эщ дунейпсоми " жери ар жи1эри иужьк1эй пишэжащ , " Мы ди щхьэ кьырик1уахэр дэр ф1эк1а дунейм нэгъуэщ1хэр зэрыщымыгъуазэр дигу къоуэри , дияпэк1эй  къытщ1эхъуэ щ1эблэм мыхэр яцыхурэ ящымыгъупщэжу  ди лъэпкь културэр яхъумэурэ къызэрытэджыным яужь дитынущ "

Зэпызыгъэзар: Якуп Темэль
kaffed.org

 


nan



Kaffed

Share