Лажьэр жьы мыхъуми, гуауэр зэдэбгуэшыху мэкIащхъэ

Адыгэм ди «Щыгъуэ махуэр» лъэпкъ гуауэшхуэм и нэгъыщэщ, лъапсэрых-лъэпкъгъэкIуэд кыщытхуагъэкIуа махуэщ, лъапсэрыхым къелар кIуэдыпIэ щрагъэхуа, адэжь щIыналъэм щрахуа махуэщ, жьы мыхъужын гу-щхьэ лажьэщ. Илъэси 130-м нэблагъэкIэ дунейпсом нэрмылъагъу нэпцI защIа, ди адэшхуэхэри ар тщагъэгъупщэну хэта пэтми, лажьэр жьы хъуркъыми, тщыгъупщакъым, лъэпкъым и гурыгъу мафIэ щэхур аргуэру къызэщIэлындэжащ. 1990 илъэсхэм къыщыщIэдзауэ лъэпкъыр и мафIэс сахуэхэм, и яжьэ пщтыр лъалъэхэм аргуэру къахэхъукIыжу, къызэфIэувэжу, зыпкъ иувэжу щIидзэжащ, гущIэгъурэ гулъытэрэ зыхэлъ цIыхуфIхэми, абы зэгухьэныгъэхэми ди лъэпкъ гуауэр кIуэхукIэ нэхъ лъэщыу къыддагуэшу щIадзащ.

p>

Япэрауэ, адыгэм ди «Щыгъуэ махуэр» къызыхэкIар, къытхуэзыхьар захуэу зэхэгъэкIын, IупщIыу утыку къилъхьэн хуейщ.

Урысхэм «Кавказ зауэ» жаIэу щытащ япэм, ар нэхъ пэжынкIэ хъунущ иджы зэрыжаIэм елъытауэ. ДауикI, «Урыс-Кавказ Зауэ» жыIэгъуэр пэжкъым, захуэкъым, къэхъуа-къэщIам хуэкIуэкъым.

Сыту жыпIэмэ, япэрауэ, урысыр лъэпкъщ, Кавказыр щIы кIапэщ, географием и зы къуапэщ. Лъэпкърэ щIырэ зэзауэкъым, зэзауэр лъэпкъитIщ, къэралитIщ, дзитIщ.

Урысеймрэ Кавказымрэ жыпIэми хуэкIуэркъым, зы къэралрэ зы щIыпIэрэ е щIыпIитIыр даурэ зэрызэзэуэнур!?

Урысхэмрэ Кавказ лъэпкъхэмрэ жыпIэми захуэ хъуркъым. Сыту жыпIэмэ, лъэпкъхэр аракъым зэзэуар, Урысей пащтыхьыгъуэм и дзэхэмрэ кавказ лъэпкъхэмрэ аращ. Ауэ ари пэж дыдэ хъуркъым. Сыту жыпIэмэ, къэралитI зыгуэр зэтрахыу зэпыщIэуварэ я дзитI зэрагъэзэуамэ апхуэдэу жыпIэ хъунущ. Ауэ дэ ди зауэр апхуэдэуи щыткъым. Зы лъэныкъуэр Урысей империер, абы и дзэ мэхъаджэхэр арат ауэ адрей лъэныкъуэм къэрали, дзэи щыIакъым.

И Хэкум къебгъэрыкIуа Урысей империем и дзэшхуэхэм, къэрали дзэи зимыIэ адыгэ лъэпкъыр, жылагъуэр, цIыху къызэрыгуэкIхэр пыщIэувауэ аращ. ИкIэм икIэжым я къуажэхэм мафIэ иридзыурэ, я нанухэр бжыпэкIэ ныбэм къырригъэдзыурэ, я мэшхэр шы гуартэхэм яригъэудэурэ Урысей империем псэупIэ къызыхуимыгъэнэжа адыгэ лъэпкъым лъапсэрых, лъэпкъгъэкIуэд къыхуихьащ, и Хэкур къизэуащ, а емынэм къелари и адэжь щIыналъэм ирихущ, лъэщыгъэкIэ баштекъузэкIэ иригъэкIри, «мухьэжыр», «хэхэс», «диаспорэ» ищIащ. Ар лъэпкъым ажал къэсыпIэ хуэхъужащ.

ЗэрытщIэщ е тщIэн зэрыхуейщи, урысхэр КавказкIэ зэджэ Къэфкъасием и щIыдэхъу лъэпкъщ адыгэр, «дунеижьыр щымыджэмыпцIэрэ щIылъэр щызэпцIагъащIэ» лъандэрэ Къэфкъасием щопсэур. И бзэр, и хабзэр, и щIэнхабзэр, и лъэпкъ-цIыху щIыкIэр (характеристикэр) илъэс мин бжыгъэ куэдым къриубыдэу а щIыналъэм къыщызэфIигъэуващ, и пщIантIэпс, и лъыпс хигъэлъадэурэ а щIы кIапIэр нэхъ лъапIэж ищIащ, адыгэпсэр пытыху Хэку зыхуищIащ. А Хэку лъапIэр «Тхьэшхуэм езым зыхухихыжа» пэтми, адыгэм къыхуигъэфэщауэ ибжащ, фIы илъэгъуащ, и псэм пищIащ, нэхъ лъапIэжуи зыхищIащ. Сыт щыгъуэ сыт хуэдэ къару лъэщ къебгъэрыкIуами, зэи къикIуэтакъым, и Хэкур, и напэр, и щхьэхуитыныгъэр къихъумэжын щхьэкIэ и псэ еблэжакъым, илъ хигъэлъэдащ, и псэ хилъхьащ. Ауэ яужьрейуэ, империе гупсысэм итхьэкъуа Урысей Империер къебгъэрыкIуэри, и дзэ лъэщхэр къриутIыпщащ. Бийм и лъэщагъри, кIэухыу зауэм хуэхъункIэ хъунури  илъэгъуа, зыхищIа пэтми, псэемыблэжу илъэсищэм щIигъукIэ пыщIэтащ, «е улIын е улIэн» жиIащ. ЛIар напэ къабзэкIэ лIы хуэдэу зауэурэ лIащ, лIыхъужьу лъэпкъ тхыдэм, щIэжым къыхэнащ, и щIэблэхэм, и лъэпкъэгъухэм я гум къинэжащ.

Урысей империем и дзэшхуэ гуэрым щэпашэу (капитану) хэта Александр Зятов 1865 гъэм къитхыжащ мыпхуэдэу: «Адыгэхэм я къуажэхэр зэщIэдгъэсхьащ, я Iэщ-былым зэтедыукIащ, я мэшхэр шыхэм едгъэулэгуащ... Я нанухэр гущIэгъуншэу зэтедыукIащ... Апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъ зэрызетхьам щхьэкIэ урыс пащтыхьым (царым) мы щIыхь бгъэхэIур къыдитащ. Ар сыт хуэдэ щIыхь?! ЩIыхь зиIэ цIыху апхуэдэ ищIэн!? Сэ махуэ къэс Тхьэшхуэм солъэIу къысхуигъэгъуну... Ахэм я Хэку къахъумэжу арат икIи лIыхъужьхэт. Дэрамэ, цIыхугъэ фащэм дикIауэ дыхьэкIэкхъуэкIэ хуэдэт. Гъэру зыIэщIэдгъэхьа адыгэхэмрэ дыщызэбгъурыувэкIэ дэ абыхэм драгъэр хуэдэт, ахэр арамэ, гушхуагъэшхуэ яхэлъу я пкъыр задабзэу яIыгът, щырытхэт. Тхьэшхуэм къысхуигъэгъу!..»

p>

ЦIыхугъэрэ гущIэгъурэ хэлъыу, апхуэдэу къэзытхыжа урыс дзэлIыу щыIэр зыкъым, тIукъым, мащIэкъым. Ахэр псори зэщIэкъуэжауэ хэIущIыIу щIыжын хуейуэ къэтщ. А къалэныр нэхъыбэу зылъысыр, хэкурыс ди къуэшхэр аращ, зэрыурысыбзэм къыхэкIкIэ. НэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ зекIуэлI тхакIуэхэм ятхыжахэри бзэ зыщIэ хэхэс ди щIэблэхэм къахутэнурэ зэщIакъуэн хуейщ.

Нобэ адыгэ лъэпкъым и нэхъыбапIэр (и Iыхьэ пщIани 9-р) я адэжь щIыналъэм, я Хэкум пэIэщIэу, дунейм и къэрал 40-м щIигъум хэпхъауэ яхэшыпсыхьыжу яхэсмэ, Хэкум къинэжа щхьэ бжыгъэ мащIэри Iихьихыу зэбгрыдзарэ нэхъ мащIэж хъуамэ, лъэпкъым и бзэр IэщIэхуу, и хабзэр зэримыхьэжыфу, и щIэнхабзэр (культурэр) зэфIимыгъэувэжыфу, иримыгъэфIэкIуэжыфу, хэшыпсыхьыжныгъэ (ассимилацэ) архъуанэм хилъэфауэ, зримыгъэтхьэлэн папщIэ Iэуэлъауэу хэтмэ, ар умылъагъуныр, мылъагъу нэпцI зыпщIыныр цIыхугъэкъым.

КIэщIыу жыпIэмэ, нобэ адыгэ лъэпкъыр зыхэт Iуэхугъуэ гугъуехь псоми я лъабжьэр, мис, ХVIII-ХIХ лIэщыгъуэхэм Урысей империем къыдищIылIауэ щыта а лъапсэрых-лъэпкъгъэкIуэд зауэхэр, лъэпкъым и нэхъыбапIэр и Хэку зэрырихуар,  Адыгэ Хэкур зэрызэхачэтхъар, адыгэ лъэпкъыр дунейпсом, къэрал плIыщI нэхъыбэм гуэдз хьэдзэ зырызу зэрытрапхъар аращ.

Иджы нобэ Урысей Федерацэр япэ зэриту, адыгэр хэхэсу зыхэс къэралхэми, дунейпсо къэралхэм я зэгухьэныгъи я нэрылъагъущ, адыгэр зэрыхэкIуадэр, и бзэ зэрыфIэкIуэдыр, и хабзэ зэрызэримыхьэжыфыр, и лъэпкъ щIэнхабзэ (культурэ) къызэримыхъумэжыфыр, зэрызримыгъэужьыжыфыр.

Ар адыгэм имызакъуэу, дунепсом тет лъэпкъхэри, къэралхэри, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри, цIыхуфIхэри зыщIэгупсысыпхъэ Iуэхугъуэ уэимхэм ящыщщ. Сыту жыпIэмэ, дунейм зы бзэ текIуэдыкIмэ, зы лъэпкъ, зы хабзэ, зы цивилизацэ текIуэдыкIауэ аращ. Ар дунейпсом и хэщIыныгъэшхуэщ, зэи ипIэ йумыгъэувэжыфыну. Зы къэкIыгъэ лIэужьыгъуи, зы псэущхьэ лIэужьыгъуи дунейм тримыгъэкIуэдыкIын папщIэ бэнэныгъэ езыгъэкIуэкI нобэрей дунейм жиIэ хъуну къыщIэкIынкъым «кIуэдмэ ирекIуэд адыгэ лъэпкъыр, адыгъэбзэр, адыгэ хабзэр, адыгэ цивилизацэр» жиIэуэ. АтIэ, ахэр адыгэ Iуэхугъуэм щыгъэгъуэзэн, ящIэн хуейр IупщIу я пащхьэ илъхьэн хуейуэ аращ. Ари зи къалэныр псом япэрауэ адыгэ лъэпкъырщ, абы и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэрщ, етIанэрауэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщу гущIэгъурэ щIэныгъэрэ къарурэ зиIэ цIыхуфIхэр, абыхэм я зэгухьэныгъэхэр аращ.

Пэжщ, империе гупсысэ-гуращэм Урысейм и нэр щимыпхъуатэмэ, хы хуабэхэм ятехьэну, Индием нэсыну зыхуигъэувыжами зауэ-банэ, лъэпкъ-гъэкIуэд хэмылъыу мамырыгъэ-зэзэгъныгъэкIэ абы зы гъуэгу къыхуагъуэтатэмэ, ди адэшхуэхэми «е дылIын е дылIэн» жаIэу, я лъабжьэр ирамыгъэнатэмэ тхыдэр нэгъуэщIыу къекIуэкIынкIэ хъунут. Тхыдэм къыпхуегъэгъэзэжынукъым, ауэ абы шысэ/щапхъэ къыхэхын хуейщ, дяпэкIэ дунейпсоми апхуэдэ къыщымыхъун щхьэкIэ.

Япэрауэ, къэхъуа-къэщIар зэрымыхъумыщIэр IупщIыу утыку къилъхьэн, щIэпхъэджагъэ зыщIар ищIам зэрыхущIегъуэжар хэIущIыIу щIын, гуауэр зэдэгуэшын, амал зэриIэкIэ лейр дэгъэзыжыным хущIэкъун хуейщ. Ар мамырыгъэм и лъабжьэщ, зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэшныгъэм хуэкIуэ гъуэгуанэщ.

КъызэднэкIа илъэси 156-м къриубыдэу къапщтэмэ, Урысейм и политичнэ системэм зыбжанэрэ зихъуэжащ, ауэ адыгэм и гуауэр зэи ужьыхакъым, и уIэгъэхэр кIыжакъым, лъэпкъ-гъэкIуэд щхьэлыр иджыри мэхьэжэр.

Совет къаралыр щаухуэм щыгъуэ, зэм плъыжьхэм зэм хужьхэм егъэзыпIэ ирагъэхуа адыгэ къуажэхэр зэхэзехуэн ямыщIыу къэнакъым, адыгэ куэди ягъэкIуэдащ. 

1918 гъэм бгырыс лъэпкъхэр зы республикэ зэдаухуэну хэтами, яхузэфIэкIакъым, лъэщхэм ядакъым, ягъэпсэуакъым.

1920 илъэсхэм Ленин и социализмэр лъэпкъ щхьэбжыгъэ мащIэхэм къащхьэщыжащ, я бзэ зэрахьэжыну, иритхэну иреджэну хуитыныгъэ къахуихьащ, амал яригъэгъуэтащ, къуажэхэм анэдэлъхубзэкIэ еджапIэ къыщызэIуахащ, тхакIуэ-усакIуэхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ... Абы и фIыгъэкIэ езы социализмэми и лъэр нэхъ быдэу уващ.

p>

Хэхэс адыгэм икъуу лъамыгъэIэсыфами, зэхрамыгъэхыфами 1929 гъэм Ленин ищIауэ щыта джэпсалъэми мэхьэнэшхуэ иIэт. Абы идат икIи игъэIуат пащтыхьыгъуэ лъэхъэнэм адыгэ лъэпкъым лей зэрылъысар, и гуауэр зэрыдигуэшыр, ахэр, абыхэм я щIэблэхэр Совет урысейм и цIыхуу/граждану зэрилъытэр, къэIэпхъуэжыну хуейIэмэ къэкIуэжыну хуит зэрищIыр... Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а гулъытэ гуапэр, псалъэ пэжыр псалъэмакъ къудейуэ къэнэжащ, хэхэс адыгэми зэхахакъым, къэралми и псалъэр къызэригъэпэжыжын план, программэ зэхигъэувакъым.

p>

Нэхъеижыр аращи, абы и ужькIэ Совет къэралми и лъэпкъ политикэр зэрихъуэкIыу, лъэпкъ щхьэбжыгъэ мащIэхэм къазэрыщхьэщыжыр игъэмащIэу щIидзащ. 1960 гъэм къыщыщIэдзауэ къуажэ еджапIэхэми анэдэлъхубзэр щагъэмащIэу, бзэмрэ литературэмрэ къищынэмыщIа адрей джыпхъэхэр псори урысыбзэкIэ ирагъэджыу щIадзащ.

Къэралым и Iэщхьэтетхэм, Совет системэр зэрымыхъур, зэрымыхъужынур къагурыIуэри демократием щытехьэ лъэхъэнэхэм, хэхэс адыгэхэм я гум зы гугъэ-гуращэ къыщыушыу, хэхэс адыгэр Хэкум, ар зыхэт Урысей Федерацэм нэхъ нэфIкIэ къеплъыу щIидзат.  1990 илъэсхэм Урысей Федерацэм и Къэрал Хасэм – Думэм псалъэ гуапэхэр хэту джэпсалъэ игъэIуами, 1948-1 бжыгъэр тету 28.11.1991 гъэм, гражданствэм теухуауэ  къыдигъэкIа  къэрал хабзэм (законым) хэхэс адыгэхэм я къэшэжын-къэгъэзэжын Iуэхур къэзыгъэпсынщIэ пычыгъуэхэр (19/3/е  хуэдэу) хагъэувами, икъуу зэрамыгъэIуам, я фIэщ зэрырамыхьэлIам къыхэкIкIэ ари кIуэдыжащ.

Адыгэр Хэкум зэрырахурэ илъэси 130 щрикъум хуэзэу 1994 гъэм, нэкъыгъэм и 18-м Президент Елцин адыгэ лъэпкъым зыкъытхуигъазэу къызэрыдэхъуэхъуа, къызэрытхуэщыгъуа, ди гуауэр къызэрыддигуэша джэпсалъэми къыкIэлъыкIуаIэкъым.

Ди гуауэр ди гуауэу,  ди щыгъуэр ди щыгъуэу къонэж, зэи мыужьыхыу, ауэ адыгэ зыдэпсэу къэралхэм нэхъ дыкъызэхахыу, къыддаIыгъыу, къыддагуэшу. АбыкIэ псом япэ ищын хуейуэ дызыщыгугъ Урысей Федерацэм дыкъыщызэхихынур дапщэщу пIэрэ?

ДауикI, лъэпкъ зэгъэфI IуэхуфI зэгуэрым щащIакIэ ар иджыри дяпэкIэ щIамыщIыжын щхьэусыгъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым.

Нобэ адыгэ/черкес лъэпкъым щыщу Хэкум щыпсэур (адыгэ, черкес, къэбэрдей, шапсыгъ хуэдэ цIэхэр зэрахьэуэ) 800.000 ирикъуркъым. НэгъуэщIыу жыпIэмэ ар дунейм тет адыгэм и Iыхьэ пщIанэ (%10) хъужми аращ. Ахэри щIы кIапэ цIыкIу зырызу зэхэчэтхъауэ щIыпIихым (Краснодар краим хиубыдэ ХыIуфэ Шапсыгъым, Адыгей Республикэм, Ставропол краим хиубыдэ Успенский Район жыхуиIэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъар Республикэм, Ищхъэрэ Осетиям хиубыдэ Мэздэгум) щопсэур.

Щыпсэууэ жытIэ щхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, лъэпкъыбзэр зэрырагъэдж сыхьэт бжыгъэр кIуэхукIэ нэхъ ягъэмащIэурэ, анэдэлъхубзэр бэзэрым, щIэныгъэм, политикэм, гъащIэм хамыгъэхьэурэ лъэпкъыр йокIакIуэр, псэншэу къэнэным хуокIуэр.

1992 гъэм мазаем и 7-м Къэбэрдей-Балъкъар Республикэм, 1996гъэм мэллъхуэгъуэм и 29-м Адыгей Республикэм я Къэрал Хасэхэм – Парламентохэм къэрал унафэу къащтащ Урысей империем лъапсэрых-лъэпкъгъэкIуэд адыгэ лъэпкъым къыхуигъэкIуауэ. А унафэр Урысей парламентоми къищтэну лъэIу тхылъ хуагъэхьащ ауэ, 1994 гъэм нэкъыгъэм и 18-м Президент Елцин, адыгэ лъэпкъым зыкъытхуигъазэу къызэрытхуэгузэвар жомыIэынумэ, къикIаIэкъым, заущэхуащ, нэф-нэпцI защIащ.

Пэжщ, зы лъэпкъым лъапсэрых-лъэпкъгъэкIуэд (геноцид) епщIылIэныр щIапхъэджагъэ къызэрыгуэкIкъым, - хьэкIэкхъуэкIагъэ щыпкъэщ. Апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэ зыщIауэ зытезылъхьэжыфын лъэпкъ куэд щыIэкъым.

Ауэ итIани, пэжыр пэжщи, щIэбуфэ хъуркъым, гува-щIэхами зэгуэр амал имыIэу хэIу-щIыIу къохъужыр. Абы щыгъуэи лъэпкъхэр зэхуэщIыIэ-зэбий имыщIмэ зэныбжьэгъу ищIыркъым.

Абы нэмысу къэхъуа-къэщIар зэрыщыту утыку къилъхьарэ, гуауэ зылъысам и гуауэр дэгуэшауэ, хуэгузэвауэ, лажьэр амал зэриIэкIэ узэщIыжыным хущIэкъуамэ, абы зэныбжьэгъугъэр, мамырыгъэр зэрыщIигъэбыдэнум шэч хэлъкым.

АбыкIэ Нэмыцэ лъэпкъыр, къэралыр дуней цIыхугъэм щапхъэ зыхуищIыпхъэщ.

Иджырей Нэмыцэ къэралыр Iущу, губзыгъэу, цIыхугъэ хабзэм тету зекIуащ. Нэмыцэ лъэпкъым къыхэкIа зы хьэкIэкхъуэкIэ гупым – Гитлер и гупым, журт лъэпкъым ирищIылIа лъапсэрых-лъэпкъгъэкIуэдыр ибзыщIыну, щIиуфэну хэтакъым. АбыкIэ узэныкъуэкъуным фIыгъэ къызэримышэнур щIэх къыгурыIуэри, а хьэкIэкхъуэкIагъыр нэмыцэ лъэпкъ псом зэрыдимыIыгъар, зэрыдимыIыгъыр IупщIу утыку кърилъхьащ. Нэмыцэ лъэпкъым къыбгъэдэкIыу журт лъэпкъым къысхуэгъэгъу жриIэжащ, хуэщыгъуащ, хуэгузэващ, ягъэу лъысари амал зэриIэкIэ зэриузэхужыным, зэриузэщIыжыным хущIэкъуащ.

p>

Нэмыцэ лъэпкъми къэралми абыкIэ щIыхьышхуэ къимыгъэхъамэ, губгъэн лъэпкъ къилэжьакъым.

Адыгэ лъэпкъыр республикищу, адрей ди къуэш Къафкъас республикэхэри зыхэт Урысей Федерацэм дэри дызэрыщыгугъыр апхуэдэ зыгуэрщ.

ДауикI, лIар къыпхуэгъэхъужынукъым, ауэ, къэнам и гур къэпхьэхуфынущ. Къысхуэгъэгъу жепIэфынущ, ухуэгузэвэфынущ, хамэу зэрыумылъытэр ебгъэлъагъуфынущ, хэхэсым къигъэзэжыфыну гъуэгу хузэIупхыфынущ, хамэ къэрал щыпсэу пэтми уи цIыхуу / граждану зэрубжыр къигъэлъагъуэуэ паспорт ептыфынущ...

p>

Ахэр зыхуэпщIэ лъэпкъыр уи бий зэрымыхъунум, уи фIыу зэрыщытынум шэч хэлъын хуейкъым. Ем е къешэри фIым фIы къешэ. Е къуэзыщIэри фIы къыпхуэзыщIэри пщыгъупщэркъым.

Хъуажь Фахъри

+''+nan+'



'+Fahri Huvaj

Share