I – Нып псалъэм и мыхьэнэр
p>Адыгей жьабзэм «быракъ», къэбэрдей жьабзэм «бэракъ» жаIэу щызэрахьэ псалъэр зэрымыадыгэбзэр наIуэщ. Абы ипIэкIэ адыгэ псоми ди зэхуэдэу зетхьэр икIи зетхьэн хуейр «нып» псалъэр аращ.
p>Адыгей жьабзэмкIэ «ны» жиIэмэ «анэ»жиIэу аращи «нып» псалъэм сэ сигум къигъэкIыр анэрщ, хэкурщ, хэку анэр псом нэхърэ зэрынэхъапэрщ, зэрынэхъ лъапІэрщ. Лъэпкъым и бын псоми ныпым ар дигу къигъэкIыу щытмэ лъэпкъымрэ хэкумрэ зэрыгъэгъуэтыжынымкIи, лъэпкъыр зэфIэгъэувэжынымкIи абы гугъэ-гупсысэ къару лъэщ тIуащIэ (синергие) къызэрытхилъхьэнум шэч хэлъкъым.
p>Быракъ/бэракъ псалъэр, персыбзэм «щхьэц, сэку, цы налъэ» хуэдэ мыхьэнэ щызиIэ «бейракъ» псалъэм къытехъукIагъэнкIэ хъуну хуагъэфащэ.[1] Ар дыдэр апхуэдабзэу хьэрыпыбзэми хэтщ.[2] Тыркубзэм «байрак» жаIэу щызэрахьэри, абы къытехъукIагъэнкIэ хъунущ, ауэ езыхэм а псалъэр 1000 илъэсхэм къыщыщIэдзауэ тыркубзэжьым (е Iуйгурыбзэм) хэта «бадрук» е 1070 илъэсхэм «щIым хэтIэн, хэукIэн» мыхьэнэ иIэу зэрахьау щыта «батрак» псалъэм къытехъукIагъэнкIэ хъуну хуагъэфащэ.[3] Пасэрей тыркухэм Iэщэ папщIэу бжэгъу папцIэ зэрахьэу щытащ. Адыгэм дэ абы дызэреджэр «бжы/пчы»щ. АбыкIэ зы гуэрым уепыджынми «санчмак»[4] хужаIэу щытащ пасэрей тыркухэм, иджы апхуэдэ псалъэ зэрахьэжкъым. Псори зэгъусэу бийм зэдебгъэрыкIуэн, зэдепыджын папщIэ зы гуэрым (е пашэм) унафэ ищIын хуейти, унафэщIым и бжэгъупэм хъыдан, цы хъар хуэдэ гуэр пащIэн хуей хъуащ. Бжэгъу папцIэм и цIэр, иужькIэ абы папхэ хъыданым, хъым цIэ хуэхъужау аращ зэрыжаIэр.
p>«Сэнджакъ» псалъэри а «санчмак» псалъэм къытехъукIагъэнкIэ хъуну хуэзыгъэфащэ щыIэми, ар зэрыхьэрыпыбзэ псалъэр наIуэщ. Пэжщ, хьэрыпхэм абы къищынэмыщIауэ «алэм/гIэлэм», «лиуаI», «рает» хуэдэ нэгъуэщI псалъэхэри яIэщ.
II – Ныпыр зищIысыр
p>Нып (знамя, бэракъ/быракъ) жыхуаIэр, нобэ зэрыгурыIуэгъуэщи, щэкIым къыхэщIыкIа къэрал фэеплъу аращ. Ныпыр къэралым и паспорт пэлъытэщ, ущеплъкIэ зей къэралыр, лъэпкъыр, щIыналъэр кърипцIыхуу, пкъом дэгъэжеяуэ е нып бжэгъу кIыхьым пыщIауэ зэрахьэу. Ауэ къэрал мыхъупа лъэпкъхэми нып зиІэ яхэтщ. Мис дэ ди адыгэ ныпыр, къэрал мыхъуу лъэпкъ ныпщ. Пэжщ, абы и къежьапIэри къэралу жыпІэ хъунущ. Сыту жыпIэмэ, нобэрей адыгэ ныпыр къыщащта лъэхъэнэм ЧеркесиякIэ зэджэу щыта щIыналъэр зы къэралу яухуэн ягугъэу тэкурэку (щIыпIэ, регион) 12-у яугуэшат. Ар Адыгэ къэралым и къежьапIэт, иужькIэ икIэм нагъэсыжыну хущIэмыхьэжами. Абы имызакъуэу, мис иджыпстуи адыгэ ныпыр Адыгей Республикэм и къэрал ныпщи, абы къыхэкIкIи ди лъэпкъ ныпыр къэрал ныпщ.
p>Ныпым къегъэлъагъуэ ар зей къэралыр, лъэпкъыр, абы и щхьэхуитыныгъэр, и напэр, щIыхь, пщIэ зэрызыхуищIыжыр, зэрыхуэщІыпхъэр... Аращи, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъым и ныпми пщIэ хуещIыжыр, нэгъуэщIхэми пщIэ къызэрыхуащIыну езыми нэгъуэщI ныпхэм темыплъагъэ ирихыркъым.
III – Ныпым и къежьапIэр
p>Ар тIууэ зэщхьэщыпх хъунущ: 1- ижь дыдэрей лъэхъэнэхэмрэ 2- иджырей ныпхэм я къежьапIэмрэ.
p>1 – «Хэту пIэрэ ныпыр япэ дыдэ къэзыгупсысар?» жыпIэу щытмэ, жыжьэу узэIэбэкIыжын хуей мэхъур.Пасэрей Мысырхэм (Эгипетым) (-3000 илъэсхэм), Ассирийцэхэм (-2000 илъэсхэм), Индием (-3300 илъэсхэм), Персхэми (-500 илъэсхэм) нып яIащ.
Ныпыр (е нып папщIэу зэрахьэ зы гуэрыр) япэ дыдэ зезыхьар пасэрей Китаир (-2100 илъэсхэм) арауэ зэрыжаIэр пэжынкIэ хъунущ. Сыту жыпIэмэ, китайцэхэр зэщхьыркъабзэти, дзэлI фащэ щатIэгъэжамэ езыхэми зыкъамыцIыхуж, зэрымыцIыхуж хъурт. Псом хуэмыдэу, зауапIэм щыIутым деж, дзэлI къызэрыкІуэм езыр зыхэт дзэ гупыр къигъуэтыжыфтэкъым. Арати, дзэлIхэм, зыхэт дзэ гупыр тыншу къагъуэтыжын папщIэ зэмыфэгъуу, зэхуэмыдэу щэкI кIапэ гуэрхэр зыпыщIа бжэгъухэр зэрахьэн хуей хъури нып зехьэныр абы къыщежьауэ хуагъэфащэр.
Дауи, дэтхэнэ зы лъэпкъми фIэфIщ ныпыр япэ къэзыгупсысахэм, зезыхьахэм езыри ящыщу зыкъагъэлъэгъуэну. Ауэ къэхъуа-къэщIар уфIэфIым хуэбгъакIуэ хъуркъым.
Пасэрей адыгэжь дыдэхэми нып зэрахьагъэнущ.
p>Iэпхъуэрыпсэууэ щыта япэ цIыхухэр, хъупIэр яухмэ е зыгуэр къатеуэмэ нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуэхэт, щIэпхъуэхэт. Ауэ хуэм-хуэмурэ щIыпIэрыс мэкъумэшыщIэ хъууэ щIадза иужькIэ, бий къатеуэмэ, щIэпхъуэ хъужынутэкъыми, я мэкъумэшыр къахъумэжын папщIэ зэрыIыгъын, зэдэщIын, къызэрылурэ зызэщIагъэкъуэн хуейт. Iэпхъуэрыпсэухэр къакIуэуэ щIыпIэрысхэм я мэкъумэшыр Iэщым, мэл-былымым ирамыгъэшхын, щIыр зеиншэу щIыпIэ нэщIыу, Iэщ-былым хъупIэу зэрыщымытыр, зыгуэрым зэрыхищIар кърагъэлъэгъуэн папщIэ, щIы хащIам и зы къуапэ е къуапэ зырызхэм бжэгъу хаукIэт. ИтIанэ абы зы хэблчыбл, кIуэурэ зы щэкI кIапэ пащIащ нэхъ къыхэщын, жыжьэкIи гу къылъатэн папщIэ.
ЛIакъуэм, унагъуэм, цIыхум я унейуэ щIы яIэ хъуа нэужьи а хабзэр зэрахьащ, нып хатIэрэ щIыр зэрымызеиншэр кърагъэлъагъуэу е зейр кърипщIэу. Апхуэдэу нэгъыщэ папщIэу зэрахьахэм нып хужыпIэну къемызэгъыпэнкIи хъунущ, ауэ ахэр ныпым и къежьапIэу хуэбгъэфэщэнри щыуагъэкъым.
Адыгэр дуней псом тет лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. АдыгэцIэ щыдимыIа лъэхъэнэ жыжьэхэм уриплъэжу щытмэ, ди адэжь пIащэ дыдэхэр Хьисэ ипэ минибл (ХьИ.7000) илъэсхэм икIэхэм, миных (ХьИ.6.000) илъэсхэм и пэщIэдзэхэм щIыпIэрыс хъуауэ, хьэ, шы, вы хуэдэ псэущхьэхэр ягъэIэсэу, Iэщ-былым зэрахуэу, щIым зыгуэрхэр хащIэу, къыщагъэкIыу щытауэ тхыдэжьхэм къыхощыр. Апхуэдэу щыщыткIэ дэри а бжэгъу нып папщIэхэм хуэдэ зедмыхьагъэнкIэ амал (/Іэмал) зимыIэщ.
МыдэкIэ дыкъэIэбэнщи, дэ – Адыгэ лъэпкъыр дызищIэблэуэ ХьИ.-3000 илъэсхэм жэз лъэхъэнэм и щIэнхабзэр къэзыгъэхъуа Хьэтхэми нып яIэт. ТхьэлъэIу щрагъэкIуэкIкIэ а хьэгъуэлIыгъуэр езыгъэкIуэкI динрылажьэ нэхъыжьым ХьэтиякIуэкIэ еджэхэт. Абы жыг лъапIэ лIэужьыгъуэ гуэрым къыхэщIыкIауэ баш яIыгът и щхьэр гъэщIэрэщIауэ е щэкI, цы хъар хуэдэ гуэр пыщIауэ, иджыри ди джэгухэр езыгъэкIуэкI ХьэтиякIуэхэм дэжьей баш зэрызэрахьэм хуэдэу.
p>Хьэтхэм зауэ утыкуми, зауапIэми нып щызэрахьэу я хабзэт. А ныпыр сытым щыгъуи лъагэу Iэтауэ, уэгум итIауэ щытын хуейт. Армырамэ, къытекIуауэ, къыхагъэщIауэ къикIырт. Иджырей ди лъэпкъ ныпри абыхэм зэрахьэу щыта, дыгъэ теплъэ зиIэ ныпым къытращIыкIагъэнкIэ хъуну хуэзыгъэфащэхэри щыуэу пхужыIэнукъым икIи фIыуэ зэбгъапщэмэ ар уифIэщ щІэмыхъун щыІэкъым.
Сурэт: 1 –strong>Хьетхэм зэрахьа нып лIэужьыгъуэхэм ящыщ
p>
Сурэт: 2 – strong>Хьэтхэм я дыгъэ ныпыр, ар зыпыщIа бэлагъ башыр,
p>щIакъуэ баш щхьэгъэшахэр
p>
Сурэт: 3 – strong>Хьэтхэм я дыгъэ ныпыр
p>
Адыгэ лъэпкъ ныпым тет вагъуэ 12-мрэ шабзэшищ зэблэдзамрэ пасэрей адыгэ къэралыгъуэу Синдикэ пащтыхьыгъуэм къыдигъэкIа дыжьын ахъшэм и щІыбагъым зэрытетри гъэщIэгъуэнкъэ!? Илъэс минитIрэ щихрэ нэблагъэкIэузэIэбэкIыжмэ, иджырей ХыфIыцIэ Iуфэм, – ХьэтырамтIыгу, Тамань, Iэнапэ, ЦIэмэз, Щачэ(Сочи) Iэшэлъашэхэм зыужьыныгъэшхуэ щищIыгъат, къаруушхуэ щиIат Синдикэпащтыхьыгъуэм. Ар илъэс щищым щIигъукIэ псэуа нэужь илъэс минитIрэ щищрэ ипэкIэ Боспор къэралыгъуэм хыхьэжыгъащ.
p>
Сурэт: strong>4strong>– Синдикэ пащтыхьыгъуэм и дыжьын ахъшэм и щІыбагъыр
p>(Къармокъуэ Хьэмид зэхилъхьэжа Нарт жыхуиІэ тхылъым итщ)
p>ТхьэлIыкIуэ Мухьэмэд лъапIэми нып зэрихьащ
p>Быслъымэнхэм (хьэрып, перс жыIэкIэу: муслимэнхэм)ди тхьэлIыкIуэ лъапIэу Мухьэмэд бегъымбарым япэ дыдэ нып (лиуаI) щызэрихьар, Мэккэ икIыу Мэдинэ щыIэпхъуа лъэхъэнэр (622 гъэр) арат. Мэдинэ нэсауэ къалэм дыхьэн ипэ Бурейдэ Iибни Хьусейб эл-Эслэмий «зы нып (лиуаI) умыIыгъыу Мэдинэ удыхьэну си псэм идакъым» жиIэщ, щхьэрыгъ сэрыкъ хужь къешэкIам щыщ зы щэкI кIапэ къыпигъэжщ, и джатапэм пищIэри, гупым ипэ иту дыхьахэт Мэдинэ къалэ. Мис ар быслъымэнхэм зэрахьа япэ ныпу убж хъунущ. Абы мазибл фIэкIа темыкIауэ Зиусхьэн Хьэмзэ я пашэу дзэлI гуп зекIуэ щригъажьэм щыгъуэ ТхьэлIыкIуэ лъапIэм абыхэми зы нып яритат бжыпэм пыщIа щэкI хужьым къыхэщIыкIауэ, нып хужькIэ (ЛиуаIул-БейдъакIэ) еджэхэу. Япэ дыдэ езыр зыхэта Бэдр зауэм[5] сэнджакъищ щызэрихьат ТхьэлIыкIуэ лъапIэм зыр хужьу, тIур фIыцIэу. Нып хужьыр МусIаб Iибны Iумейрэ, фIыцIитIри Хьэзрэталийрэ мэдинэдэс энсар гупым щыщ гуэрымрэ яритат. Ислъам диным зиубгъухукIэ сэнджакъхэм я фэри я щIыкIэри зэхуэмыдэурэ ящI хъуащ.[6] А лъэхъэнэм нып плъыжьи гъуэжьи зэрахьат. НэхъыбэмкIэ эмэуийхэм я сэнджакъхэр хужьт, плъыжьт, аббасийхэм ейр фIыцIэт.
p>2 –Иджырей лъэхъэнэщIэхэмкIэ дыкъэкIуатэмэ
p>Европэм япэ дыдэ нып щызезыхьар Урым пащтыхьыгъуэр аращ. Европэ лъэпкъхэм япщ, я лIакъуэлIэш, я уэркъ нэхъыщхьэхэм езым я унейуэ нып зэрахьэу щытащ, псом хуэмыдэу, зауэлIхэм дзэпашэр, унафэщIыр гугъу емыхьу къацIыхун, и унафэр тыншу къалъагъун, хуэмыбэлэрыгъыу езыри къахъумэн папщIэ.
p>Франджым къэрал нып иIэ щыхъуар 1789 революцэм иужькIэщ.
p>Уэсмэн империеми къэрал нып къыщищтар 1793 гъэр аращ. Иджы зэрахьэ нып плъыжьу мазэныкъуэ хужьрэ вагъуэ хужьрэ зытетырщ абы щыгъуэ къыхахари, ауэ абы и вагъуэр къуапий хъурт. 1842 гъэм СулътIан Абдулмэжид и унафэкIэ а вагъуэр къуапитху ящIыжащ.
p>Урыс ныприкъыщагупсысар, кхъухь Iуэху зэрихуэу Пётр І-нэр, Голландием щыкIуа 1699 гъэр арауэ хуагъэфащэ пэтми ар япэ дыдэ щащIар 1799 гъэр аращ кхъухьхэм пащIэн папщIэ, Нидэрланд ныпым къытещIыкIауэ. Ар къэрал нып щыхъупари 1883 гъэр аращ.
p>IV– Адыгэ ныпым и гъуэгуанэр
p>Адыгэ лъэпкъыр нып зидгъэIэнымкIэ нэгъуэщI лъэпкъхэм дыкъакIэрыхуауэ пхужыІэнукъым, къызэрыхэдгъэщауэ, ижь дыдэкIэ узэIэбэкIыжми, нобэрей лъэхъэнэщIэхэм укъэIэбэжми.
Нобэрей адыгэ ныпым и къежьапIэр 1800 илъэсхэм и пэщIэдзэхэм носыр.
Дауи, куэд щIауэ яIащ адыгэ лIакъуэхэм, унагъуэхэм апхуэдэ нып папщIэхэр щэкIыфI дахэм къыхэщIыкIауэ, я цIыхубзхэм хадыкIауэ, я пхъуантэхэм щагъафIэу, я щIы кIапэ деж хаукIэмэ, щIыр а унагъуэм, лIакъуэм зрейр кърагъэлъагъуэу, джэгу яIэ хъумэ зэныкъуэкъу-зэпеуэхэм щытекIуэм тыгъэ хуащIыу...
Ди адэшхуэхэр хэкум щрахуам щыгъуэ апхуэдэ ныпу я пхъуантэхэм щагъэфIахэр здыраха хъунти, абы псалъэмакъ трагъэIукIауэ анекдотхэр къаIуэтэжыр, зи пхъуантэ апхуэдэ нып хэдыкIа къыдагъуэтахэр, «адыгэ Iуэху зывохуэ, къэрал фыухуэну фыхэт хъунщ фэ» жаIэрэ хагъэзыхьауэ, суд Iуэху ящIри гугъу ирагъэхьауэ къыхэщыу.
Нобэ зетхьэ адыгэ ныпырДевит Уркуарт тхузэригъэпэща хуэдэу къыбгурыIуэу тхыгъэ гуэрхэм урохьэлIэ, интэрнэтми IуэрыIуэтэж гуэрхэр щызокIуэр. Езы Уркуарт дыдэми адыгэ ныпыр зэрыщытын хуейм теухауэ адыгэхэм чэнджэщ яритауэ къетхыжыр. Чэнджэщ къыдитар пэжщ, ауэ а чэнджэщыр нэхъыбэу зытеухуау щытар, адыгэхэр псори зэрыIыгъыу, зэуIуу щытын зэрыхуейр, абы папщIэ «шапсыгъ нып», «нэтыхъуей нып», «къэбэрдей нып» жыдмыIэу, псоми дизэхуэдэу зы АДЫГЭ НЫП диIэн зэрыхуейр арат. Ныпым и зэхэлъыкIэ зэрыхъупхъэм теухуауи и гупсысэ къыджиIэгъэнкIэ хъунущ абы. Ауэ а гупсысэр езым къыздрихагъэнкIэ хъунуми егупсысыпхъэкъэ!?
p>УркуартАдыгэ хэкум къэкIуэн дэнэ къэна, къамылъху ипэ адыгэхэм нып зэрахьэу зэрыщытар, аддэ нартхэм къыщегъэжьауэ адыгэхэм джэгу, шыгъажэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэ, пыIэзыфIэхь, фэзэтех, шурылъэс, цIампIырэ/пІай, тIырыгъу, мывэзэпэдз, зэбэн, Iэпщэ зэбэн, зэпэжэ хуэдэ зэпеуэ-зэныкъуэкъухэр ящIыу зэрыщытар, абы щытекIуэхэм дэжьей нып, лIакъуэ нып, IэпэлъэщI (блатыку/бэлътоку) ида, щIопщ, къамэ, джатэ хуэдэ тыгъэхэр хуащIыу, а тыгъэхэм лIакъуэ е унагъуэ ныпхэри яхэту зэрыщытар дощIэжыр.
p>Иджы зетхьэ лъэпкъ ныпым и къежьапIэм деплъмэ, 1805 илъэсхэм зэрахьа адыгэ нып сурэтхэм дахозэр. 1807 гъэм лъэпкъ хасэ щызэхуэсым къахилъхьэнурэ къаригъэщтэн и гугъэу Къалэубатэкъуэ Шупагуэ зэхригъэлъхьауэ щыта адыгэ ныпыр (сурэт-7) димыIамэ, иджы зетхьэ адыгэ нып дыдэри[7] Истэмбыл щынысэ адыгэ гуащэ гуэрым езым и IэкIэ зэрыхидыкIар дымыщIэу щытамэ ар Уркуарт и фIыщIэу щIэдмыбжын щхьэусыгъуэ щыIэнутэкъым. Пэжщ, Уркуарт адыгэм къытхуэгумэщIащ, и фIагъ къыдигъэкIыну хэтащи, абыкІэ фIыщIэ хуэфащэщ. Ауэ пэжри пэжщи, бгъэкIуэди, щIэбуфи, нэгъуэщIым хуэпхьи хъуркъым.
p>Къэфкъасыем (урыс жыІэкІэу: Кавказым)и гъунэгъу, е зыгуэрурэ пыщIэныгъэ къыхузиIэ хамэ къэралхэр ХIII-нэ лIэщIыгъуэм ЧеркескIэ зэджэу щыта адыгэхэм я хэкум - Адыгэ Хэкум XV-нэлIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ ЧеркесиякIэ еджэу дыхуозэр.[8]
p>1540 гъэм къыщыщIэдзауэ Адыгэхэм – Къэбэрдейхэм я щхьэхуитыныгъэр хамэ къаралхэм ядэу зэрыщIадзар, зэдащIа зэзэгъныгъэ гуэрхэми хыдолъагъуэр. А Адыгэ Къэрал щхьэхуитым урысхэр ЧеркассыкIэ (Cherkassy), Лыхьхэр (полшэхэр), Литвахэр «ПятыгорцыкIэ» (Petyhorcy) еджэрт.[9]
p>НэгъуэщI лъэпкъхэми, къэралхэми ядэу адыгэхэм щхьэхуитыныгъэрэ тетыгъуэрэ щаIа лъэхъэнэхэм къриубыдэу зэрахьа ныпхэм щытепсэлъыхьым щыгъуэ ЛIыIэпэ Хьэж-Мусэфа-Махьир Эфэндым мыпхуэдэу къеIуатэр XVIII-нэ лIэщIыгъуэм къэбэрдейхэм зэрахьа ныпыр: «1774 илъэсхэм Къэбэрдей щIыналъэм и теплъэу щыта нэгъыщэр (флама, нып) хуабжьу гъэщIэрэщIат икIи хуэхъуреифэу щIат. Нэгъыщэм и щIыIум лъэпкъ пщыпIэр къикIыу зы таж тетт жор тещIыхьэжауэ. Нэгъыщэм и кум деж и щхьэм къыщегъэжьауэ и лъащIэмкIэ къех плIимэ кIыхьым тещIыхьат шабзэшэ зэблэдзаитIрэ вагъуищрэ. Абы я куми нэхъ цIыкIужу иджыри зы плIимэ кIыхь цIыкIу итт мазэ ныкъуэ дзалэ сурэт тещIыхьауэ. Шабзэшэмрэ вагъуэхэмрэ къагъэлъагъуэрт Къэбэрдей-Адыгэ щIыналъэмрэ адыгэ лъэпкъымрэ, мазэ дзалэм Ислъам диныр, тажми пщыпIэ тахътэр»em>.[10]
p>ЛIыIэпэ Мустафа-Махьир Эфэндым къэбэрдей ныпыр мыпхуэдэуи къеIуатэ: «Къэбэрдейм и ныпыр щэкI хужьщ мазэ ныкъуэ тещIыхьауэ, мазэ ныкъуэм икуми вагъуэ плъыжь иту».[11]
p>ЗэрыжаIэмкIэ нэтыхъуаджэ икIи шапсыгъхэм зэрахьэу щыта ныпыр (Сурэт-5) 1840 гъэм Абын быдапIэм щебгъэрыкIуэхэм урысхэм яIэщIыхьэри, 1922 гъэ пщIондэ Тбилиси музейм щаIыгъащ. Ар 1926 гъэм Адыгейм къахьыжри, 1936 гъэм къыщыщIэдзауэ Мейкъуапэ къэралыгъуэ музейм щахъумэ, щагъэлъагъуэ.
Сурэт: 5 –strong>Шапсыгъ нып (сэнджакъ, флагь)
p>
Е 6-нэ сурэтым къыщылъагъуэ гъуэжь-хужь-удзыфэу шабзэшит зэблэдзарэ къуапитхуу щыт вагъуищымрэ зытещIыхьа ныпыр, Генерал Глазенап 1805 гъэм КъуэкIыпIэбгъу Черкесиям – Къэбэрдей щIыналъэм къебгъэрыкIуэри Бахъсэныпс деж щекIуэкIа зауэм щызыIэрагъэхьат Урысей Империем и дзэхэм.[12]
p>
Сурэт: 6 – strong>Пщы Жанхъуэт Кушыку и нып
p>
Сурэт: 6а – strong>Пщы Талъостэнрэ пщы Джылахъстэнрэ янып
p>
ЗэрытщIэщи, КъуэхьэпIэ Къэфкъасыер 1800 илъэсхэм къыщыщIэдзауэ лъэпкъ лIыкIуэ хасэхэм зэрагъакIуэу щытащ. Пщы зимыIа абэдзэххэм (абазэхэ зэратхыр захуэкъым)я псэукIэр зэрырагъэкIуэкIыу щытар, аддэ ипэ лъандэрэ хасэ унафэкIэт. Къуажэм зы Iуэху щхьэкIэ унафэ къыщыщтэн хуей хъумэ дэтхэнэ зы унагъуэм лIыкIуэ зэрыз (унэм щыгъэсауэ, щыпсыхьауэ, щыгъэIущауэ) къызыхигъэкIти хасэм игъакIуэт. Дэтхэнэ зы лIыкIуэм (унагъуэми къыбгъэдэкI) и еплъыкIэр хабзэм тету хасэм щыжиIэрт, абы къыщащта унафэри унагъуэм иригъэщIэжт. Акъыл зэхэлъкIэ къызэдащта унафэр дэтхэнэ зыми езым и унафэ уней хуэдэу хъужырти, яхъумэрт, ягъэзащIэрт, ирагъэгъэзащIэрт. Мис, 1800 илъэсхэм къыщыщIэдзауэ Адыгэ Хэгъэгур – Черкесияр (е абы и къуэхьэпIэбгъур) хасэ унафэкIэт зэрызэрагъакIуэр. «Адыгэ Хэку», «Адыгэ Хэгъэгу», «Адыгэ Фэлъыр» хуэдэ цIэхэмкIэ зэджэ щIыналъэм хамэ къэралхэр къызэреджэр «Черкеисят», зэрыжытIауэ. 1807 гъэм Къалэубатэкъуэ Шупагуэ зэхиша лъэпкъ хасэр, кIуэурэ Жылэ ТхьэрыIуэ Хасэм хуэкIуащ 1822 илъэсхэм хуэзэу.
p>Черкесияр тэкурэку 12-у яугуэшат. Ауэ абы къыхиубыдэу щытахэр тIэкIу зэщхьэщыкIыуэ къатхыжыр. Дэ дызыхуэзар вариантищ мэхъур.
А– Зэм абы хэту ухуозэр: 1-Шапсыгъ-нэтыхъуей зэхэтыр, 2-Абэдзэхыр, 3-КIэмыргуейр, 4-Бжьэдыгъур, 5-Хьэтыкъуейр, 6-Мэхъуэшыр, 7-Къэбэрдей-беслъэней зэхэтыр, 8-Убыхыр, 9-Бракъейр, 10-Бащылбейр, 11-Абаскэ е абазиныр, 12-Тебэрдар.
p>Б – Зэми: 1-Шапсыгъ-нэтыхъуей зэхэтыр, 2-Абэдзэхыр, 3-КIэмыргуейр, 4-Бжьэдыгъур,5-Хьэтыкъуейр, 6-Мэхъуэшыр, 7-Къэбэрдей-беслъэней зэхэтыр, 8-Убыхыр, 9-Абаскэ е абазиныр, 10-Къэрэшей-балъкъар зэхэтыр, 11-Жанейр, 12-Мамхэгъыр.
p>В –Зэми: Жанеймрэ Мамхэгъымрэ хэмыту (ахэр абэдзэхым хабжьауэ арагъэнущ) Абхъазыр хэту мыпхуэдэу къатхыжыр: 1-Шапсыгъ-нэтыхъуей зэхэтыр, 2-Абэдзэхыр, 3-КIэмыргуейр, 4-Бракъейр, 5-Бжьэдыгъур, 6-Къэбэрдей-беслъэней зэхэтыр, 7-Хьэтыкъуейр, 8-Мэхъуэшыр, 9-Убыхыр, 10-Бащылбейр, 11-Тебэрдар (Къэрэшей-Балъкъархэр), 12-Абхъазиер.
p>Дэтхэнэр нэхъ пэжми, захуэми зэхэзыгъэкIыну зи къалэныр тхыдэ щIэныгъэрылажьэхэр аращ.
Бэркъукъу Исмэхьилкъетхыжыр: «А лIакъуэхэм я щытыкIэр зэхуэдэтэкъым. Мэхъуэшыр, абэдзэхыр, бжьэдыгъур урысейм и гъунапкъэгъухэт икIи зэмызэуэну зэзэгъныгъэ зэдащIа хуэдэт. Къэбэрдеймрэ Абхъазиемри урысым зыIэщIилъхьауэ и унафэм щIигъэувахэт. Арати, ахэм лIыкIуэ яхуэхъуащ абы къиIэпхъукIри Кубан лъэныкъуэм къэIэпхъуахэм ящыщхэр. ...-Ауэ урысым иубыда пэтрэ а щIыналъэм и цIыхубэм иджыри лIыкIуэ къагъакIуэу къыхэкIырт. Абхъазием и лIыкIуэр Рустам Ипэ (Инал Ипэ), Къэбэрдейм и лIыкIуэри Беслъаныкъуэ Аслъэнт».[13]
p>Тхыдэм апхуэдэу, Черкесия щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэр псори къызэщIиубыдэу хэт пэтми, яужьрей зауэхэри, абы пыщIэувэ зыкъэхъумэж щхьэхуитыныгъэ бэнэныгъэ псори Черкесия щIыналъэм щызэрырагъэпэщам икIи абыхэм я нэхъыбапIэ дыдэр адыгэу зэрыщытам къыхэкIкIэ Адыгэ Ныпыр, дэнэ щыIэ адыгэр къызэщIиубыдэу къащтащи, ар лъэпкъыр зэзыгъэуIуж, зэзышэлIэж къару лъэщым и нэгъыщэ нэхъыщхьэу зыдохьэ икIи зетхьэни хуейщ пщIэ лей хуэтщIыурэ.
***
Жылэ ТхьэрыIуэ Хасэм лIыкIуэ 300 хэтт. Дэтхэнэ зы тэкурэкуми езым и хасэрэ и пашэрэ (тхьэмадэрэ) иIэжт. ЛIакъуэхэр езым я кIуэцI IуэхухэмкIэ щхьэхуитт, хамэ къэралхэм запыщIэн, зауэ е зэфIыж-зэзэгъыж хуэдэу псоми я Iуэхуу щытхэм и унафэр зыщIыр Жылэ ТхьэрыIуэ Хасэр арат. Дэтхэнэ зы лIакъуэр зы республикэу, Жылэ ТхьэрыIуэ Хасэри республикэ зэгухьахэм я федерацэ и парламент хуэдэу убж хъунут. Къэрал хабзэ къыдэгъэкIынри, хабзэр гъэзэщIэнри хеящIэ Iуэхухэри лъэпкъым и цIэкIэ а парламэнтом и хуитыныгъэхэм хиубыдэрт, абы и къалэнт.[14] Ауэ къащта унафэр аргуэру лъэпкъми ирахьэлIэжырт щIыпІэ-щIыпІэу къакIухьурэ (референдум хуэдэу). ЦIыхухэм зыхуагъазэти псалъэ къыIахт, Тхьэ ирагъаIуэт.
p>1605-1606 илъэсхэм къыщыщІэдзауэ 1793 гъэ пщІондэ пІалъэ пІалъэкІэрэ, тІэкІу зэтеувыІэмэ щІидзэжурэ, абы иужькІи зэпымыууэ жыпІэ хъуну екІуэкІа Урыс-Къэфкъас е Адыгэ щхьэхуитыныгъэ зауэм лІыхъужьыгъэшхуэ щызезыхьа, лъэпкъым пашэу, дзэпщу хуэлэжьа ди нэхъыжьыфІхэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи тцІыхухэркъым. Езыхэр дэнэ къэна, я цІэ къудей зыцІыхуу къытхэтыр цІыху дапщэу пІэрэ? Аращи, 1800-1840 илъэсхэм къриубыдэу а хасэхэм хэта лIыщхьэхэм ящыщ зыбжанэм я цIэхэр мыбдежым къыщитIуэмэ игъуэ хъуну къызолъытэр:
Хьэудыкъуэ Мансур, Индарыкъуэ Мухьэмэд, Хьэжпагуэ Мухьэмэд, Къалэубатэкъуэ Шупагуэ, Гъырцыжь СулътIаныкъуэ, Дазыгъыкъуэ Шупашэ, Шырыхъукъуэ Тыгъужь, Тыгъужьыкъуэ Къызбэч, Беслъэныкъуэ Аслъэн, ХьэтIохъущокъуэ Мухьэмэд, Дэгумыкъуэ Хьэжэ, Хьэжэ Хъузбэч, Бэрзэдж Хьэжэ, Хьэжэмыкъуэ Хьэжэ, ЦIей ФIыцIэжьыкъуэ, Жанджатэ Гъырцыжьыкъуэ Алэ, Занэкъуэ Сэфэрбий, Жанситокъуэ, Занэкъуэ Къэрбатыр, Рустэм ипэ, Джэрийкъуэ Шамыз, Мэршаныкъуэ Ерыщауэ, н.хэри...
p>Мыбыхэм щынэмыщIауэ, урысей-къэфкъасие зауэхэм хэлIыфIыхьа ди лIыхъужьхэм ящыщ зыбжанэм я цIэри къиIуапхъэщ, я гъащIэм и лъэужь зыхун ди ныбжьыщIэхэм къахэкIынкIэ хъунущи: Абыкъу Исхьакъ, Айтэчыкъуэ Жанболэт, Алджэрийкъуэ Кушыку, Атэжьыкъуэ Адылджэрий, Атэжьыкъуэ Исмэхьил, Атэжьыкъуэ Хьэмырзэ, Ахэджагуэкъуэ, Ацэкъуэ Хьэкъарэ, Бракъей ЛъэпщхьэщIэ, Бэрзэдж Джырандыкъуэ, Бэрзэдж Хьэжэ Исмэхьил Дэгумыкъуэ, ВытхьэкIумэ Камболэт, Даур ХьэпащIэ, Дзэпщ Шыхьанчэрий, Ефэнд Мыхьамэд, Жьажьый Али, Жьажьый Мыхьэмэд, Зейщу Къасболэт, Индарыкъуэ Хьэжы-Хъузбэч, Куэблы Аслъэнджэрий, Къалэубатэкъуэ Хьэтыкъуей, Къэсей Исмэхьил, Къэхьрыкъуэ Шамыз, Мылгуэш Аслъэнджэрий, Нэпсэу Хьэвагъуэ, Пцэщэ Долэ, Пцэщэ Хьэжьэбирам, Пщыкъуий, Сэраскэрыкъуэ, Тыгъужь Али-Ахьмэд, Узэрокъуэ Пщымахуэ Алыбей, Урым Джанхъуэт, ХъуэрэлIкъуэ Хьэмырзэ, Хьатыу, Хьэлъашэ Ахьмэд, Хьэтх Мухьэмэд Гъуазэ, Хьэтыгъу Шэбан, Хьэтыкъуейкъуэ Жанбулэт, Хьэудыкъуэ Мамсыр (Мансур), Хьэхъупагуэ Джэрий (Тхьэркъуахъуэ), Шуупагуэ Щоумыз, Щыблэкъуэ Расу, Шэмыт Урыдзыкъуэ Ислъам, ШэрэлIыкъуэ Тыгъужь, ШэрэлІыкъуэ Къызбэч, Щоджэн Джрандыкъуэ, н.хэри...
p>1807 гъэм зэхуэсалъэпкъхасэм къыхилъхьэну Къалэубатэкъуэ Шупагуэ яригъэщIауэ щыта адыгэ ныпри щэкI удзыфэм къыхэщIыкIат, вагъуэ хужь 12-рэ, шабзэшэ фIыцIэ зэблэдзаищрэ тещIыхьат.
p>
Сурэт: 7–strong>1807 гъэм лъэпкъ хасэм къахилъхьэну
p>Къалэубатэкъуэ Шупагуэ иригъэщIа адыгэ ныпыр.em>
p>
МыдэкIэ дыкъэкIуэтэнщи, 1818, 1823, 1824 илъэсхэм щэнейрэ Къэфкъасыем къакIуэри щыIа франдж зекIуэлI лIакъуэлIэшу Таибот де Маригьни «Черкесиям къызэрыщыскIухьар» жыхуиIэ и тхылъым, Черкесия щIыналъэм и ХыфIыцIэ Iуфэхэр къригъэлъагъуэу хигъэува картэм тетщ зы адыгэ нып, вагъуи 8-рэ шабзашищ зэблэдзарэ тещIыхьауэ (Сурэт-8).
p>
Вагъуи 7, 8, 9 тету адыгэ ныпхэм уащыхозэр тхылъыжь гуэрхэм ауэ ахэр щащIа, щызэрахьа лъэхъэнэхэр IупщIыу къэгъэлъэгъуауэ къэдгъуэтакъым. АрщхьэкIэ ахэр (псори жыпIэ хъуну я нэхъыбапIэр-къызыхэщIыкIар щэкІ удзыфэт, я нэхъыбапIэм тещIыхьавагъуэхэри гъуэжьт е хужьт.
p>
Сурэт: 8 –strong>Таибот де Маригьни къызэригъэлъэгъуамкIэ е ХIХ-нэ лIэщIыгъуэм
p>КъуэхьэпIэ Черкесиям щызэрахьа адыгэ ныпхэм ящыщ
p>
1805 гъэхэм къыщыщIэдзауэ адыгэ нып зетхьэу зэрыщытар мис мы сурэтхэми къагъэлъагъуэр:
1805 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэм къэсыху адыгэм зэрахьэ лъэпкъ ныпхэм ящыщхэр
p>
Хьэвжокъуэ Ахьмэд Джанбек къитхыжащ: «1827 гъэм урысхэм къаувыхьау щыта Iэнапэ быдапIэм, Уэсмэн империе ныпым игъусэу, вагъуэ 12 зытет адыгэ нып удзыфэри уафэм зыщишэщIыу итауэ». (Ауэ а жыIэгъуэр нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщыхутапхъэу, щыгъэпэжыжыпхъэу си гугъэщ. Сыту жыпIэмэ дызылъэIэса нэгъуэщI тхыгъэхэм апхуэдэ жыIэгъуэ щытлъэгъуакъым).
1829 гъэм Уэсмэн-Урыс империитIым Къэфкъасыеми теухуауэ ауэ адыгэр хэмыту зэдащIа Адрианополис зэзэгъныгъэр дуней къэралхэм къазэрыщыхъур зэрагъэщIэн ягугъэу Жылэ ТхьэрыIуэ Хасэм, хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и лIыкIуэ хуэдэу щыта Занэкъуэ Сэфэрбий Истэмбыл игъэкIуауэ щыIэт.[15] Занэкъуэр дипломатхэм яхуэзэну щыхэтым инджылыз дипломату Девит Уркуарти Iуэхум щыгъуазэ хуищІат.
p>
1830 гъэм и пэщIэдзэхэм зэхуэсау щыта «Жылэ ТхьэрыIуэ Хасэм» Адыгей/Черкесия щIыналъэр тэкурэку 12 зэхэту къызэригъэпэщат. Тэкурэку 12-м я лIыкIуэ 300 зыхэта «Жылэ ТхьэрыIуэ Хасэм» и унафэкIэ къащтэгъа адыгэ ныпыр вагъуэ 12-рэ шабзэшэ зэблэдзаищрэ зытет щэкI удзыфэт. (Ар Къалэубатэкъуэ Шупагуэ яригъэщIар арагъэнкІэ хъунущ)
Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, Девид Уркуарт 01.07.1805 гъэм Шотланд къыщалъхуа инджылыз дипломатщ икIи тхакIуэщ. 1847-1852 илъэсхэм езым я парламентоми хэтащ лъэпкъ лIыкIуэу (депутату). И фIагъ къыдигъэкIынуи куэдрэ хэтащ. 16.05.1877 гъэм дунейм ехыжащ.
Ар Адыгэ хэкум – Черкесиям къыщыкIуэгъар 1834 гъэм и гъэмахуэкIэт, мэкъуэуэгъуэ мазэрт. Езыми нэгъуэщIхэми зэрыжаIамкIэ дыкъицIыхуну, къызэрыддэIэпыкъу-фыну щIыкIэмкIэ и къэралыр игъэгъуэзэну арат къыщIэкIуар. ДауикІ, ар Занэкъуэм щигъэгъуэзат адыгэ Іуэхуми, дяпэкІэ амал имыІэу адыгэр зэрызекІуэн хуей щІыкІэми, зы нып яІэу, зы унафэ щІэту, зэрыІыгъыу бийм пыщІэтын зэрыхуейми... Уеблэмэ, абы тету Хасэм иригъэущиину Уркуарт къелъэІуагъэнкІи хъунущ. Уркуарт, абы и фІыгъэкІэт Къафкъасыем къызэрыкІуэгъар. ЦIэмэз (е ПцIэмэз, иджырей Новороссийск) деж щIым къыщызэрытеувэу адыгэхэр пэгъуэкIри Iэнапэ яшащ ягъафIэурэ. ТIуапсэ пэмыжыжьэу Агуй (е Iэгуей) Iэгъуэблагъэм щызэхуэса Хасэм ирагъэблагъэри абы къыщагъэпсэлъат.[16]
p>Уркуарт, Хасэм Iущу къыщыпсэлъащ, адыгэхэр къигъэпцIэну, гъуджэ назэ иригъэплъэну хэтакъым: «Урысейм щезауэм щыгъуэ адыгэр езым и къару фIэкIа зыми щыгугъ зэрымыхъуныр, щIыбым дэIэпыкъуныгъэ къахуикIыну зэрыщымытыр, бгырыс лIакъуэхэр зэгухьэн, зы унафэ щIэтын зэрыхуейр» тригъэчыныхьурэ къажриIащ. Жылэ ТхьэрыIуэ Хасэм зэрихьэ хъуну адыгэ ныпым и фэм, и зэхэлъыкIэ зэрыщытыпхъэм теухуауэ и еплъыкIэри къажриIауэ итхыжащ иужькIэ. (Ахэр Занэкъуэм къыжримыIамэ дэнэ щIищIэрэт?!)
p>Уркуарт 1834 гъэм, фокIадэ мазэм и пэщIэдзэ махуэхэм игъэзэжри кIуэжащ икIи и фIагъ къыдигъэкIыну хэтащ. Абы щхьэкIэ фIыщIэ хуэфащэщ икIи худощIыр.
Джон ЛонгьворткъызэритхыжамкIэ езыр 1835 гъэм Къэфкъасыем къэкIуат икIи Адэгум псыежэхым пэмыжыжьэу, ТхьэкIэгъ мэзым и жыгей жыг лъапIэхэм я жьауэм сыт щыгъуи хуэдэу лъэпкъ Хасэр щызэхуэсат. Абы щызэрахьа лъэпкъ ныпыр щэкI удзыфэм къыхэщIыкIат, Адыгэ Хэкум и тэкурэкуи 10-р кърагъэлъагъуэу вагъуи 10-рэ шабзэшэ зэблэдзаитIрэ тещIыхьат.[17]
p>1836 гъэм Абын-Афыпс псыежэхитIым якум дэт къуэладжэм щащIа зэхуэсым кърихьэлIа Э. Спенсер, адыгэ ныпым мыпхуэдэу къытопсэлъыхьыр: «Истэмбыл кърашыгъащIэ нып дахащэр гушхуэ зыкIуэцIылъ лIыхъужьу Гъырцыжь СулътIаныкъуэмem>[18]a> къызэкIуцIихри дриIэтеящ. Истэмбыл щIыхь инрэ Iулыджрэ щызиIэ Адыгэ Гуащэм а ныпыр езы дыдэм и Iэ псыгъуэхэмкIэ хидыкIат. Ныпыр зэралъагъуу адыгэ бгырыс мин бжыгъэм я джатэхэр уафэм щагъэдалъэурэ апхуэдизкIэ ину зэщIэгуоуати, я гуфIэ гуоу макъым и джэрпэджэжыр зэман куэдкIэ къуршхэм, мэзхэм къахэIукIыжащ».[19]
p>Ауэ къызэрыщIэкIымкIэ 1837 гъэм вэгъуэмазэм / нэкъыгъэм и 06-м Хьэудыкъуэ Мансур я пашэу, адыгэ лIакъуэ псоми я лIыкIуэ 1000 хэту Адэгум деж щекIуэкIа Лъэпкъ Зэхуэсышхуэу, инджылыз Стуарт Джеймс Беллрэ, Джон Лонгьвортрэ къызрихьэлIау щытам щызэрахьа ныпыр аратэкъым. Сыту жыпIэмэ, Лонгьворт къызэритхыжамкIэ Адэгум псыежэх Iуфэм хасэр щекIуэкIа зэхуэсыпIэм фIэдзауэ фIэлът данэ удзыфэм вагъуэ гъуэжьи 10-рэ шабзэшэ фIыцIитI зэблэдзарэ тету адыгэ нып.[20]
p>Апхуэдэу щыщыткIэ уегупсыс хъунущ: 1800 илъэсхэм къыщыщIэдзауэ, нэгъуэщI адыгэ гуэрхэми нэгъуэщI теплъэ зиIэ нып хэдапкъэхэр зэхалъхьауэ икIи абыхэм ящыщ гуэрхэр зыгуэрхэм кIуэцIрагъэкIыну хущIэкъуауэ, е 1836 гъэм къащта иджырей адыгэ ныпыр 1837 илъэсхэм Адыгэ Хэкум и дэтхэнэ щIыпIэми намыгъэсыфауэ, гурэ псэрэкIэ кърамыгъэщтэфауэ, е ныпыр къыщащтари, Белл, Лонгворт сымэ зыхэтари а зы Зэхуэсыр арауэ, илъэсымкIэ щыуагъэ гуэр хэхъухьауэ. [Сытми, мыбдежым зы щыуагъэ гуэр хэлъщи, ар тхыдэтххэм зэхакъэкІын хуейуэ си гугъэщ. АтIэ, вагъуэ 12 зытет ди адыгэ ныпыр 1836 гъэм къыщащтакІэ, абы иужькІэ нэгъуэщІ нып зэрахьэн щІэхъуар сыту пІэрэ къызыхэкІар? КъищынэмыщIауэ, абы иужькІэ 1838 гъэм КъухьэпІэ Къэфкъасыем – Черкесиям и адыгэ лIакъуэ 12-р, Занэкъуэр, Айтэчыкъуэр, Болэтыкъуэр я пашэу зэгухьэри, щэкІ удзыфэм шабзэшэ зэблэдза фІыцІищрэ вагъуэ фІыцІэ 12-рэ тету адыгэ нып къыщащтауэ жызыІи щыІэщ. А ныпым и сурэтри хэтщ тхыдэм. Аращи, ари зэхэгъэкІын хуейщem>].
p>КIэщIыу жытIэмэ, Адыгэхэм аддэ ижьдыдэрей лъэхъэнэхэми, иджырей лъэхъэнэхэми ныпыр зи щIысыр ящIэт, зэрахьэт, зыхуагъэщхьэпэт. ИпэкIэ нэгъуэщIыу зэхэлъхьа нып гуэрхэри зэрахьа пэтми, иджырей Адыгэ Лъэпкъ ныпыр 1836 гъэм Абын-Афыпс деж щекIуэкIа Хасэм къыщащтауэ аращ.
***
Адыгэ ныпым и зэхэлъыкІэнур япэ дыдэ Къалэубатэкъуэ Шупагуэ и деж къыщэжьами, ар икІэм нэсу къызэгъэпэщынми, лъэпкъым къегъэщтэнми Занэкъуэ Сэфэрбий зэрыхэлІыфІыхьам шэч хэлъкъым. Ар МэшбащІэ Исхьакъ и тхыдэ романуМывэ Щхьэлымкъыщитхыжащ:
p>(тыркубзэщ; Osman Çelik; “İngiliz Belgelerinde Türkiye ve Kafkasya”, Ankara-1992, s.6-7, 24)..
p>[ТхылъымпІэм зы нып сурэт щритхъат Занэкъуэ Сэфэрбий. Сэлэхъур Мыхьамэт, зэхуэдиз къабзэу ныпым тещІыхьа вагъуэ пщыкІутІыр къибжащ. Вагъуибгъур ищхьэмкІэ мазэ ныкъуэ дзалэ къащІ хуэдэу къэгъэшауэ тетт. Вагъуищри абыхэм я щІагъым къэмыгъэшауэ зэбгъурыту щІэтт. Вагъуэхэмрэ шабзэшищымрэ зэрызэхэлъ щІыкІэм къигъэлъагъуэрт ар зэхэзылъхьар абы зэрыщІэгупсысар.
p>«Мыр сыт?» жиІащ Сэлэхъур Мыхьамэт, ищІэ пэтми имыщІэ хуэдэу зищІри.
p>«Ныпщ!» жиІащ Занэкъуэ Сэфэрбий, и нэхэм нур къыщІих хуэдэт, икІи тІэкІу хуэІэнкун хуэдэт зэхигъэувам. ПІэщІэгъуэкІуэ иритхъа нып теплъэм и мыхьэнэхэр къриІуэтыкІыу щІидзащ Сэфэрбий: Мыр адыгэр зыу щытыным и ныпщ... Плъхагъуркъэ, адыгэ лІакъуэ 12-р вагъуэ зырызкІэ къэзгъэлъэгъуащ. ЛІакъуэхэр псори зэхуэдэщ икІи зэхуэдизщ, цІыкІу-ин щымыІэу, зи зэрагъэхь ямыІэу сщІащ. Шабзэшэхэм куэдрэ сайлІэлІащ. Джатэ, фоч, кІэрахъуэ хуэдэхэм сегупсысащ япэрауэ. Ауэ нобэ зауэ дыхэт пэтми, мы шабзэшэхэм мамырыгъэри, ди адэшхуэхэри нэхъыфІу къагъэлъагъуэ сигугъэщ... Уэ сыт жыпІэрэ Мыхьамэт?»
p>«Сыт жысІэн, псоми уегупсысащ зиусхьэн! Адыгэм ди зэрыщыт къипІуэтыкІащ, псоми уегупсысащ ибгуагъкІи икІыхьагъкІи» жиІащ Мыхьамэт.
p>«Нып лъащІэр плъыфэуэ зыхуэдэн хуейм укъыщІэупщІэркъыми атІэ?!.»
p>Сэфэрбий абы емыжьэжу и упщІэм и пэгъуэдзыр езым къритыжащ:
p>«Удзыфэу щытынущ. Дыбыслъымэнщ ауэ мазэ ныкъуэри зэрыхэту Быслъымэныгъэр къигъэлъагъуэу зи хэтынукъым. ЩэкІ удзыфэм дыжьын ІуданэкІэ хэдыкІауэ вагъуэ 12-рэ дыщэ шабзэшэ зэблэдзаищрэ тетынущ»...]em>(МэшбащIэ Исхьакъ, Мывэ щхьэл, н.?).
p>Мис арагъэнущ, зи цІэ къэдмыщІэж адыгэ гуащэу Истэмбыл щынысэм (Хъурыжьэхэ Мэрем жызыIи щыIэщ) хригъэдыкІри Адыгэ Хэкум къригъэхьау щыта адыгэ ныпыр. (Абы и оригиналыр Париж Луур музейм е нэгъуэщI гуэрым къыщылъыхъупхъэщ).
p>
1838 гъэм къыщащтауэ зи гугъ ящІ адыгэ ныпым и сурэтыр
V– Адыгэ ныпым къриIуэтыкI мыхьэнэхэр
p>Адыгэ ныпым и фэм, абы тещIыхьа вагъуэхэм, шабзэшэхэм я мыхьэнэм теухуауэ жаIэхэр зэщхьэщокIыр. Дауи, апхуэдэу зэрыщытри бгъэщIагъуэ е бгъэемыкIу хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, сурэтым, сыным (скульптурэм) хуэдэщ ари, дэтхэнэ зым езым и еплъыкIэм, и зыхэщIэм елъытауэ мыхьэнэ зэхуэмыдэ кърагъэкIыфынущ. КъищынэмыщIауэ, ар япэ дыдэ зэхэзыгъэувау щыта адыгэ гуащэу Истэмбыл щынысэм и цIэри тщIэркъым (Хъурыжьэхэ Мэрем жызыIэ щыIэми), абы ныпым къригъэкIыну зыхуея мыхьэнэми дыщыгъуазэкъым.
p>ЩэкI удзыфэм Ислъам диныр, адыгэхэр быслъымэну (муслъимэну) зэрыщытыр къигъэлъагъуэу хуэзыгъэфащэ щыIэми ар зэрымыпэжыр къэщIэгъуейкъым. Сыту жыпIэмэ, аддэ 1800 илъэсхэм и пэщэдзэхэм (абы ипэжкIи) къыщыщIэдзауэ зэхагъэува адыгэ ныпхэр (псори жыпIэ хъуну я нэхъыбапIэр) щэкI удзыфэм къыхэщIыкIат икIи а илъэсхэм иджыри быслъымэн мыхъуа, хъуами икъуу зыпкърымыхьа адыгэ куэд щыIэт. Аращи, щэкI удзыфэм къигъэлъагъуэр Адыгэ Хэкур (Черкесияр) арауэ жызыIэхэм жаIэр сэри ядызоIыгъыр, нэхъ сфIэзахуэщи.
p>Вагъуэ 12-р адыгэ лIакъуэхэм я символу жызыIэхэм жаIэри сфIэзахуэкъым. Сыту жыпIэмэ, япэрауэ, адыгэхэр лIакъуэ 12-у къэдгъэлъэгъуэну дыхэт пэтми 12-къым, 17-ми носыр (Бащылбей, Бракъей, ХэгъакIэхэри хуубжэу щытмэ). Тхэпкъылъэ зэкIэлъыкIуэкIэм тету къедбжэкIынщ Адыгэ лIакъуэхэр:
1-Абэдзэх/Абдзах, 2-Адэмей, 3-Бащылбей, 4-Бжьэдыгъу, 5.Беслъэней, 6-Бракъей, 7-Еджэрыкъуей, 8-Жаней, 9.Къэбэрдей, 10-КIэмыргуей/КIэмгуй, 11-Мамхэгъ, 12.Мэхъуэш, 13-Нэтыхъуей/Нэтхъуадж, 14-ХэгъакІэ, 15.ХьэкIуцу, 16-Хьэтыкъуей, 17-Шапсыгъ.
p>Дыгъэм щыхуэпщылIхэм, ди адэшхуэ Хьетхэм къыщыщIэдзауэ 12-м мыхьэнэ лъапIагъ гуэр хуагъэфащэу зэрыщытам къыхэкIкIэ адыгэ лIакъуэхэри 12-у къэдгъэлъэгъуэну дыхэту сигугъэщ. Пэжщ, адыгэ лIакъуэхэм ящыщхэр (пс.пщI. адэмейхэр, жанейхэр, хэгъакІэхэр...) я цIыхущхьэ бжыгъэр мащIэ дыдэ хъури зы унагъуэ хуэдэу адрей адыгэ лIакъуэхэм (абэдзэххэм, къэбэрдейхэм, абхъазхэм) зэрыхэшыпсыхьыжам къыхэкIкIэ адыгэ лIакъуэхэм я бжыгъэр 12 хъууэ жыпIэ хъунущ. Апхуэдэу убгъэдыхьэн хъумэ, адрей адыгэ лIакъуэхэм яхэшыпсыхьыжа нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэри щыIэщи (мамхэгъ, мэхъуэш, нэтыхъуей, хьэкIуцу, еджэрыкъуей хуэдэу), адыгэ лIакъуэхэм я бжыгъэр аргуэру 12-м нэсыркъым, нэхъ мащIэщ зэрыхъур, ауэ зэрыжытIауэ а лъэхъэнэм 17-м нэст.
Вагъуэхэм я бжыгъэр зытещIыхьар, ар ныпу къэзыщта зэгухьэныгъэм (Черкесиям) хиубыдэ щIыпIэхэр, тэкурэкухэр арауэ си гугъэщ. Апхуэдэу уеплъу щытми, ипщэIуэкIэ къыщызэрыхэдгъэщауэ, абы къыхиубыдэ щIыпIэхэр зэтехуэркъым. Дауи, Iузэв (Азов), ХьэтырамтІыку, Iэнапэ къыщегъэжьауэ Абхъазием нэсыжу ХыфIыцIэ Iуфэри иджырей Адыгей, Шэрджэс, Къэбэрдей, Мэздэгу щIыналъэхэри (уеблэмэ Мэлгъэбэгри) къызыхиубыдэ пасэрей Черкесия щIыналъэр къызэщIиубыдэу жыпIэ хъунущ.
Шабзэшэхэм къагъэлъагъуэри IупщIкъым. Хасэм пашэ хуэхъуа цIыхуищым е унагъуищым хуэзыхь щыIэми ар фIэщ щIыгъуейщ.
Сыту жыпIэмэ, 1) япэрауэ къэрал е лъэпкъ ныпыр цIыхум, унагъуэм тращIыхь хабзэкъым. 2) ЕтIуанэрауэ, ар псоми ядэу щытми абэдзэххэм пхуадэнкIэ амал зимыIэххэт. Абы пщи, уэркъи кърадзэртэкъым, я зыхэщIэр зытещIыхьар «хабзэ пхэлъмэ улIщ, улIмэ улIакъуэщ» жаIэу арати псори зэхуэдэт, зыгуэрхэр япэ ирагъэщыну щыттэкъым. Абы къыхэкIкIэ унагъуи лIыщхьи ныпым тращIыхьу ядэнутэкъым. 3) Ещанэрауэ, нэхъ жыжьэ дыIэбэнкъыми 1800 илъэсхэм и пэщIэдзэхэм къыщыщIэдзауэ унагъуэ куэд, лIыхъужь куэд къахэжаныкIащ адыгэхэм. Абыхэм щыщу яужьреи 3 закъуэр къащIыхэбгъэщын щыIэкъым. Адрей адыгэ лIакъуэхэми ядэнутэкъым унагъуищым я фэеплъ, игъащIэм зэрахьэну адыгэ ныпым тетыну.
p>АтIэ, шабзэшищым и мыхьэнэу нэхъ хуэбгъэфащэ хъунур, адыгэ хабзэми нэхъ къезэгъыр аращ: Адыгэ хабзэмкIэ хабзэрэ лIыгъэрэ зыхэлъ, щIыхь зиІэ адыгэ къызэрыгуэкIым и сагъындакъым шабзэшищ илъу щытащ. Абы къигъэлъагъуэрт биигъэ, бзаджагъэ, лъыщIэж, зауэ-банэ хуэдэ Iуэху абы зэрихуэу зэрыщымытыр, лIыгъэрэ хабзэрэ щIыхьрэ зэрыхэлъыр, мамыру псэуну зэрыхуейр, зэрыхэтыр. Зэуэныр япэ изыгъэщ зауэлIхэм е зы шабзэшэ закъуэ е шабзэшэ куэд зэрахьэу щытащ. Сагъындакъым зы шабзэшэ фIэкIа имылъмэ абы къигъэлъагъуэрт ар зезыхьэр зэрымэхъаджэр, зэрыбзаджэр, зэрызэуакIуэр, зэуэм тригъахуэу зэрыщакIуэ шэрыуэ Iэзэр, зыIупщIыхь, ущыхьэ зэрымыхъуныр... Сагъындакъым шабзэшэ куэд илъу щытмэ абыи къигъэлъагъуэрт ар зэрызэуэлIыр, зауэ-банэм зэрыхэтыр...
Шабзэшэхэр зэрыфIыцIэм кърагъэкIырт ар зэрыбийгъэшынэр, бийм дежкIэ зэрышынагъуэр, ахэр зэблэдзауэ зэрыщытми зэрыIыгъныгъэр, зэкъуэтыныгъэр.
Гулъытапхъэ
p>Мыбдежым къыщыхэдгъэщмэ игъуэ хъуну сигугъэщ гу зылъытапхъэу зы Iуэхугъуэ.
Шабзэшэхэр тIууэ зэщхьэщокIыр: 1-Зауэ шабзэшэ, 2-ЩакIуэ шабзэшэ. Зауэ шабзэшэр ипэр папцIэу, щимэ щIыкIэу, ауэ и щIыбагъыр апхуэмыдэу, иджы нэхъыбэм зэращIым хуэдэу захуэу е иухуэнагъэфэу. ЩакIуэ шабзэшэр къаущэкIуа псэущхьэм тыншу къыхэпчыж зэрыхъуну, шабзэшэ пылъхьэм икIэри ипэм хуэдэу хуэпапцIэ-хуэщимэу щытщ.
Адыгэм сыт шыгъуи (е и нэхъыбапIэм) зэрахьэу щытар щакIуэ шабзэшэт. НэгъуэщIыу жыпIэмэ зауэми щакIуэ шабзэшэ щызэрахьэрт бийр иукIа иужькIэ шабзэшэр къыщыхичыжым абы илыр зIитхъыу, аргуэру лей ирихыжь хуэдэурэ къыхитхъыжыныр адыгэм и цIыхугъэ зыхэщIэм, гущIэгъум къригъэкIуртэкъыми. Аращи, адыгэ нып щащIкIэ хуэсакъын хуейщ шабзэшэ пылъхьэм я щIыбри я пэхэм хуэдэу хуэпапцIэу ящIыну.
Иджыри Iуэхугъуэ зы-тIу къыхэгъэщыпхъэщ.
Адыгэм нып фIыцIи нып хужьи зэрахьэу щытащ.
p>Емынэ, талу хуэдэ уз зэрыцIалэ шынагъуэ зы унагъуэм е къуажэм къыщыхутау щытмэ нып фIыцIэм ар кърагъэлъагъуэт. Зи унащхьэ нып фIыцIэ фIэдза унагъуэм убгъэдыхьэ хъунутэкъым, унагъуэм щыщхэри нэгъуэщIхэм хуэзэ, еIусэ хъунутэкъым. Апхуэдабзэу, къуажэ дыхьэпIэми нып фIыцIэ щыфIэдзау щытмэ къэкIуэ-накIуэ ныдыхьэтэкъым. Къуажэдэсхэри зыхуэсакъыжхэт, амал зэриIэкIэ къуажэм дэкIтэкъым. ЖыпIэн хъумэ иджырей карантинэ щIыкIэр ягъэзащIэу арат.
p>Нып хужьырсыт щыгъуи цIыхугъэм, захуагъэм, мамырыгъэм, узыншагъэм, гупсэхугъэм и нэгъыщэщ. Зэзэгъныгъэ-зэгурыIуэ папщIэ ягъакIуэ лIыкIуэхэм нып хужь яIыгът щIэкIуэм и щхьэусыгъуэр (зауэ папщIэ мыхъуу), зэфI-зэкIу / мамырыгъэ папщIэуэ зэрыщытыр кърагъэлъагъуэу. Абы къищынэмыщIауэ, псом хуэмыдэу зауэ-банэ, щIыхъейныгъэ, псыдзэ, мафIэсышхуэ хуэдэ бэлыхьышхуэ къыщыхъум дежи зы щIыпIэ нып хужь щыхэтIамэ е щыдэгъэжеямэ абы къращIэр абдежыр гупсэхупIэу, уIэгъэ-сымаджэхэм щеIэзэу, зауэ-банэ Iуэху щызэрамыхьэу, мамырыпIэ-тыншыпIэу зэрыщытыр.
p>Ныпыр Напэщ, лъэпкъым и лъапIэ псоми я дамыгъэщ
p>Ныпым и мыхьэнэр, и пщIэр, и лъапIагъырсыт жыпIэу щытмэ кIэщI дыдэу жыпIэ хъунущ: Ныпыр напэщ. Ныпыр къэралым, абы и цIыхухэм, лъэпкъым пщIэ зыхуищIу иIэ лъапIэ псоми я нэгъыщэщ, я символщ. Аращ абы ину пщIэрэ щIыхьрэ щIыхуащIри, хуэщIын щIыхуэфащэри. Абы гум къегъэкIыр а къэралыр къэралу, лъэпкъыр лъэпкъыу зэфIэувэху халъхьа псэр, хагъэлъэда лъыр, трагъэкIуэда гуащIэр, къаруур, япэщIэкIа гугъуейхьхэр, псыхэкIуадэ хэхъухьа лъагъуныгъэхэр... А пщIэндэху къагъэхъуа бзэр, хабзэр, щIэнхабзэр, яуса гъыбзэхэр, уэрэдыжъхэр, лIыхъужъ уэрэдхэр... ЛIыхъужьыгъэу, цIыхугъэу къагъэлъэгъуахэр... ЦIыхугъэншагъэу, гущIэгъуншагъэу я нэгум щIэкIахэр, я фэм дэкIахэр...
p>Тырку усакIуэ Iущ гуэрым (Кунтай Митхьат-Джэмал) усэ хъарзынэ итхат Тырку республикэр илъэс 15 щрикъум пежьэу. (А усэр зэрыщыту къыщыдотыр мыбы икIэм, ар дэ адыгэ лъэпкъми тхуауса хуэдэщи). Абы икIэм хэтщ мыпхуэдэ дызитI, ныпми хэкуми я мыхьэнэр IупщIыу гум, щхьэкуцIым къригъэувэу:
«Ныпыр нып зыщIыр абы телъ лъыпсырщstrong>
p>ЩIылъэр – псэ щIатамэщ ар Хэку щыхъур».strong>
p>КIэщIым и кIэщIыжу жыдывгъэIэ мыпхуэдэу: Ныпыр напэщи дывгъэхъумэ! Хэкум, лъэпкъым и напэм хуэфащэу дызевгъакIуэ, дывгъэпсэу!
p>Хъуажь Фахъри
p>ЕгъэджакIуэ, юрист, жылагъуэ узэщIакIуэ, гъэзекIуэн-зегъэкIуэн (управление-административнэ) щIэныгъэхэм я магистрант, уэсмэн-тыркубзэмрэ адыгэ жьабзэхэмрэ я зэдзэкIакIуэ
Кунтай Мидхьат-Джэмал
p>
ЕпщыкIутхуанэ илъэсым пежьэу
p>
Хэт жиIэфынт къызэщыудынурэ щIы щIагъыр
Зы напIэдзыпIэм къызэщIэтэджэну мелуан бжыгъэр.
ЩIы хъужа дэтхэнэ зы Iэм къиблыкIыну уэздыгъэ зырыз
Хэт жиIэфынт зэуэ къызэдэушыну мелуан бжыгъэр.
Хэт жиIэфынт нэхущ вагъуэр къыщыкъуэунщи зы унэм,
Джэхьэнмэр щышынэнщи щIэпхъуэнщ а зы нэху дыгъэм.
Псэ къыпыкIэнщи нэху псыдзэ хъунщ а зы уэздыгъэр
Лъэпкъ ятхьалэм хъуаскIэ хуэхъунщ а зы цIыхупсэр.
Хэт жиIэфынт икIэм икIэжым бжыгъэхэри делэ хъуну,
ЛIэщIыгъуэ пщыкIутхур илъэс пщыкIутху фащэм ихуэну.
Дунеишхуэр, пэжщ, къигъэхъеящ зы цIыхупсэм,
Игъэзджызджащ гъущIхэр, гъущI ерыщыгъэм.
БлэкIар блэкIащ дауи, пщыгъами цей, пыIэ,
Ауэ е-ей, нобэм и абрэмывэгуу ди щIэблэ,
Зыри къыпIэщIыхьэнукъым и гугъу пщIы къудейкIэ напэм
Къэгъанэ уэ уафэр, и гугъу къэщI уиIэмэ уи дамэм.
Сыт и уасэр уафэм? ирелъагэ хуеймэ, хуеймэ ирелъахъшэ,
Уэ уи натIэр къэгъэлъагъуэ, сыту пIэрэ абы илъагагъэ?
УдэкIыфмэщ уафэр щыкуур уилъэтыхьыфмэщ,
Тхыдэр уи IэдэкъэщIэкI щыхъур уэ птхыжыфмэщ.
Утемыпсэлъыхьыж уэ нобэ, дыгъуасэ бгъэхъэгъам,
ЩытеукIытыхьыжи щыIэщ цIыхур езым и макъ дыдэм.
ЛIэщIыгъуэм ущыпсэуну хуит уищIынукъым уэ зыми
Уи дамыгъэ телъмэщ уэ лIэщIыгъуэр ууей щыпщIынур.
Ныпыр нып зыщIыр абы телъ лъыпсырщ
ЩIылъэр – псэ щIатамэщ ар хэку щыхъур.
(ЗэзыдзэкIар: Хъуажь Фахьри)
Авагьян Арсен,Черкесхэр, Истэмбыл-2004 (тыркубзэщ; Avagyan Arsen,”Çerkesler, İstanbul-2004);
p>Акургьал Экрэм,Анэдолэ ЩIэнхабзэм и Тхыдэ, Анкара-1998 (тыркубзэщ; Akurgal Ekrem, Anadolu Kültür Tarihi, Ankara-1998);
p>Алп Седат,Хьетхэм я дыгъэ, Анкара-2003 (тыркубзэщ;Alp Sedat, Hitit Güneşi, Ankara-2003;
p>Баж Жэбэгъы,Черкесиям щыIа жылагъуэ псуэкIэмрэ хабзэхэмрэ, Анкара-1969 (тыркубзэщ; Baj Jabağı, Çerkesya’da Sosyal Yaşayışve Adetler, Kafkasya Kültürel Dergi Yayınları, Ankara-1969);
p>Бетрозов Руслан, Адыгэхэм я етничэскэ тхыдэ, тыркубзэкIэ зэзыдзэкIар: Уравелли Орхьан, Анкара-2009 (Betrozov Ruslan; Çerkeslerin Etnik Tarihi, (Türkçesi: Orhan Uravelli , Ankara-2009);
p>Би Махьмуд, Къэфкъасыем и тхыдэ, т.1, Анкара-2011 (тыркубзэщ; Bİ Mahmut; Kafkas Tarihi, C.1, Ankara-2011);
p>Бледа Уэсмэн,«Э. Спенсер и Черкесия гукъэкIыжхэм щыщу-1837, Къэфкъас Пэж журналыр, Самсун-1993 (тыркубзэщ; Bleda Osman, “E. Spencer’in Çerkesya Anılarından-1837”, Kafkas Gerçeği Dergisi, Samsun-1993);
p>Бэрзэдж Нихьат, Адыгэр зэрырахуар, Анкара-1996 (тыркубзэщ; Berzeg Nihat, Çerkes Sürgünü, Takav Matbaası, Ankara-1996);
p>Бэркъукъу Исмэхьил, Тхыдэм зэрыхэтымкIэ Къэфкъасиер, Истэмбыл-1958 (тыркубзэщ; Berkok İsmail, Tarihte Kafkasya, İstanbul Matbaası, İstanbul 1958);
p>Выщхьэ-Айдемир Иззэт, «Адыгэ ныпым и тхыдэ», Нарт журнал, №.4, жэпуэгъуэ-дыгъэгъазэ 1997-Анкара, нн.40-41(тыркубзэщ; Aydemir İzzet Çuşha, “Adığe Bayrağı'nın Tarihçesi”, Nart Dergisi, Sayı: 4, sf: 40-41, Ekim-Aralık, Ankara-1997);
p>Выщхьэ-Айдемир Иззэт, Iэпхъуэныгъэр, Анкара-1968 (тыркубзэщ; Aydemir İ., Göç, Ankara-1968);
p>Гусэр Уасфи, Къэфкъас Щiэрыпс журналыр, 1957-1962 (тыркубзэщ; Güsar Vasfi, Yeni Kafkas Dergisi, İstanbul, 1957-62);
p>Джарымэ Аслъан А., Автономием икIрэ республикэм хуэкIуэу Адыгейр, Анкара-1996 (тыркубзэщ; Carımov A.A., Özerklikten Cumhuriyete Adige, Ankara-1996, Tika Yayını);
p>КIыргъ Асхьад, «ХIХ-нэ лIэщIыгъуэм къриубыдэу Адыгэхэм я политичнэ тхыдэр къэхутэн хуейщ», Къэфкъас пэж журналыр, Самсун-1993 (тыркубзэщ; Ç’ırğ A.Y., “Adigelerin XIX. Yüzyıldaki Politik Tarihinin İncelenmesi Gerekir.”, Kafkasya Gerçeği Dergisi, Samsun-1993);
p>КIыргъ Асхьад, Адыгэ Тхыдэм Теухуа Ушэтынхэр, т.I, (Ç’ırğ A.Y., Adıge Tarihi Üzerine Denemeler, C.1);
p>Къасым Али-Къасым Хьэсэн, Черкес лъэпкъгъэкIуэдыр, Анкара-1995 (тыркубзэщ); Kasımov Ali - Kasımov Hasan; ”Çerkes Soykırımi”, Ankara-1995);
p>Къэфкъасие ЩIэнхабзэ журнал, Анкара-1966 (тыркубзэщ; Kafkasya Kültürel Dergi, Ankara -1966);
p>Къумыкъу Джем, Дэнэ ущыIэ Прометеус? (Къэфкъасием и махуэ нэхъухэр къелъыхъуэр), фокIадэ 2004-Истэмбыл; (Kumuk Cem, Neredesin Prometheus? (Kafkasya Aydınlık Günlerini Arıyor), Alfa Yayınları, 1. Baskı, Eylül 2004);
p>Лонгьворт Джон, Къэфкъас лъэпкъхэм я щхьэхуитыныгъэ зауэр (1837-1838); , тыркубзэкIэ зэзыдзэкIар: Къущхьэ Седат Уэздэн, Кайсери-1996 (Longworth John, Kafkas Halklarının Özgürlük Savaşı (1837-1838); , Çev: Sedat Özden, Rey Yay., Kayseri-1996);
p>Половинкина Т.В., «ХыфIыцIэ Iуфэ быдапIэ зэкIэлъыпытхэмрэ Генерал Евдокимов и планымрэ», Къэфкъас Пэж журналыр, №.12, н.45, Мэллъхуэгъуэ-1993, Самсун ( тыркубзэщ; Polovinkina T.V., Karadeniz Müstahkem Kıyı hattı ve General Yevdokimov’un Planı, Kafkasya Gerçeği Dergisi, Sayı:12, s: 45, Nisan 1993, Samsun);
p>Половинкина Тамара В., Черкесия си гум и дыркъуэ, Анкара-2007 (тыркубзэщ; Polovinkina, Tamara, V.,Çerkesya Gönül Yaram, Ankara-2007);
p>Сихъу Гуэщэнагъуэ, «Гапсыгъ ныпыр къызэрахьыжар», Адыгжэ Макъ гхэзет, 27.12.2011 гъэ (Sihu Goşnağu; ”Şapsığ Bayrağının Geri Getirilişi”, Adige Maq, 27.12.2011. (Cherkessia. net); Hilmi Açmıj; ”Şapsığ Sancağı”/ facebook. com/notel/Kafkasyalıyım-im. a/
p>Таибот де Маригьний, Черкесыиям къыщызэрыскIухьар, (тыркубзэкIэ зэзыдзэкIар: Айдын А.Уэсмэн); , Истэмбыл-1996 (Taitbout De Marigny; Çerkesya Seyahatnamesi, (Türkçesi: A. Osman Aydın); , İstanbul-1996);
p>Хьэвжокъуэ Ахьмэд Джанбек, Девит Уркуарт, Горцы Кавказа, №.46, дыгъэгъазэ 1933-Варшова, къэзытхыжар: Гёнералп Ёзалп, Девит Уркуарт, Тхыдэмрэ жылагъуэмрэ журнал, №.181, щIышылэ 1999- Истэмбыл (David Urquhart, Canbek Havjoko, Gortsi Kavkaza, Nr.46 Aralık 1933, Varşova-Polonya. Nakleden: David Urquhart, Haz: Özalp Göneralp, Tarih ve Toplum, Sayı: 181, sf: 8, Ocak 1999-İstanbul);
p>Хьэвжокъуэ Ахьмэд Джанбек, «Адыгэ лIыхъужьхэр», Къэфкъас Бгырысхэр, урысыбзэрэ тыркубзэкIэ журнал, Варшова-1933 (тыркубзэщ; Havjoko A. C., “AdıgeKahramanları”, Kafkasya Dağlıları, Rusça-Türkçe Dergi, Varşova-1933);
p>Хьэхъуратэ Челик Уэсмэн, Инджылыз тхыгъэжьхэм къызэрыхэщымкIэ Тыркумрэ Къэфкъасыемрэ, анкара-1992 (тыркубзэщ); Çelik Osman, İngiliz Belgelerinde Türkiye ve Kafkasya, Ankara-1992);
p>Хьэхъуратэ Челик Уэсмэн, Къэфкъасиер-2, Истэмбыл-1994 (тыркубзэщ); Çelik Osman; Kafkasya-2, İstanbul-1994);
p>Хьэщхьэныкъуэ Арсен, «Сэ Адыгэ Ныпыр Хуабжьу ФIыу Солъагъу» Haşşhanıkhue Arsen, “Ben Çerkes Bayrağını Çok Seviyorum”, Miyekuap-Elot. ru, 9.3.2010/Cherkessia. net /.
p>Шэрджэс Али-Хьэкъун Мухьэмэд, «Адыгэхэрэмэ тхыдэм къыщIэжу абыхэм я япэ щIэнхабзэмрэ», Нарт журнал, №.27, н.45, Анкара-2001 (тыркубзэщ); Şerces Ali-Hakun Muhammed; ”Adigeler ve Onların Tarihteki İlk Kültürleri”, Nart Dergisi, Sayı:27, s.45, Ankara-2001);
p>Эсаддзэ С., Къэфкъас зауэхэр зэриухамрэ къуэхьэпIэ Къэфкъасыем и щхьэр зэриухуамрэ, Тбилиси-1914(тыркубзэщ; Esadze C., Kafkas Savaşlarının sona ermesi ve Batı Kafkasya’nın Boyun Eğmesi, Tiflis-1914);
p>[1] Эюбогълу Iисмэт-Зэки, Тыркубзэм и этимологие псалъалэ, Истэмбыл-1995, н.78;
p>[2] Парлатыр ИсмаIил, Проф.Др.н., Уэсмэн Тыркубзэм и псалъалъэ, Анкара-2006, н.
p>[3] Эюбогълу Iисмэт-Зэки, ар дыдэм; Мейдан Ларусь щIэнгъуазэм; икIи Нишанян Сеуан, ТыркубзэкIэ этимологие псалъалъэ,www.nisanyansozluk.com/.
p>[4] Эюбогълу Iисмэт-Зэки, н.578; Нишанян Сеуан, ТыркубзэкIэ этимологие псалъалъэ, ар дыдэм.
p>[5] МиладымкIэ13.03.624(хьиджрэмкIэ 17рэмэзан 002) гъэм быслъымэнхэмрэ Мэккэ дэс мушрикхэмрэ зэдащIа япэ зауэрщ. Зауэм быслъымэнхэр щытекIуащ цIыху 14 фIэкIа хамыгъэкIуадэу, мушрикхэм щыщу Эбу Джэхьили яхэту зэуакIуэ 70 яукIащ, 70-и гъэр ящIащ. Адрейхэр щIэпхъуэжащ.
p>[6] Быслъымэныгъэр зи щIэщыгъуэ нобэрей ди ныбжьыщIэхэм зыщамыгъэуэн папщIэ къащхьэпэну си гугъэщи, етIуанэ хъэлифэуэ зиусхьэн Умар, сэнджакъ яриту зауэлI гупхэр зауэм щыдигъэкIым щыгъуэ ахэм еущийуэ яжриIэу щыта псалъэм щыщ мыбдежым щыжытIэжмэ игъуэ хъуну къызолъытэр. Мыпхуэдэу яжриIэрт абы: «Тхьэшхуэ лъапIэм и цIэкIэ икIи Абы и дэIэпыкъуныгъэ сыщIэлъэIуурэ мы сэнджакъыр фызотыр. Абы и диныр вгъэлъэщыну фыхущIэкъу! ТекIуэныгъэр къыздикIынур Тхьэшхуэ закъуэм и дежщ. Сэнджакъым хуэфащэу узэрыщытынур Абы (Тхьэм) гурэ псэрэкIэ уепхауэ, шыIэгъэшхуэрэ ерыщагърэ зыхэбгъэлъмэщ. Тхьэр зымыдэхэм фезауэ хъунущ Тхьэм и цIэкIэ. Ауэ зэи залымыгъэ, лей зевмыхьэ! Сыту жыпIэмэ залымыгъэ, лей зезыхьэр Тхьэ лъапIэм фIыу илъагъуркъым. Бийм фыщыпэщIэхуэкIэ фымыдзыхэ, къэрабгъэу фыщымыт! ФыщытекIуэкIэ текIуэныгъэм зевмыгъэтхьэкъу, зыри вгъэгуIэурэ фымыукI! ТекIуэныгъэм фригушхуэу бийм фи ягъэ евмыгъэкI! ЛIыжьхэм, цIыхубзхэм, сабийхэм фемыIусэххэ!»
p>[7] Ар дыдэр Париж музейм щІэлъу Ёзбек Батырай къызжиІэжат.
p>[8] Авагьян Арсен, Черкессхэр, Истэмбыл-2004, н.20 (тыркубзэщ; Arsen Avagyan; “Çerkesler”, İstanbul-2004,s.20); Половинкина Тамара В., Черкесия: Си гум и дыркъуэ, Анкара-2007, нн.54-56 (тыркубзэщ; Polovinkina, Tamara, V., ”Çerkesya Gönül Yaram”, Ankara, 2007,S.54, 56).
p>[9] Интэрнэтым «sonedur.wordpress.com/17.09.2009/».
p>[10] Интернэтым: «circassiancenter.com; cherkessia.net.»
p>[11] ЛIыIэпэ Махьир, Кавказ лIэкъо тамыгъэхэр ыкIи ахэр зиемэ яхьы-лIэгъэ хъищэхэр, зэзыгъэпэщар Ёзбек Батырай, Мейкъуапэ-2008, н.4.
p>[12] Махсидов А.А., Знамена Кабардинских князей и дворян/генология северного кавказа, Налчик 2000, №.3 (и тыркубзэр, Ачумыжь Хьилми, интэрнэтым, «Açumıj Hilmi-Cherkessia.net-11.7.2011» (Türkçesi; Açumıj Hilmi-Cherkessia.net-11.7.2011).
p>[13] Тхыдэм ЗэрыхэтымкIэ Къэфкъасыер, Бэркъукъу Исмэхьил, Истэмбыл-1958, нн. 441-442 (тыркубзэщ; Tarihte Kafkasya, İsmail Berkok, İstanbul Matbaası, İstanbul 1958).
p>[14] Черкесиям щыIа жылагъуэ псэукIэмрэ хабзэмрэ,Анкара-1969, нн.117-118 (тыркубзэщ; Çerkesya’da Sosyal Yaşayış-Adetler, Jabağı Baj, Kafkasya Kültürel Dergi Yayınları, 1969 Ankara).
p>[15] Арсен Авагьян, Черкесхэр, Истэмбыл-2004, н.20; (тыркубзэщ; Arsen Avagyan; ”Çerkesler”, İstanbul-2004);Половинкина Тамара В., Черкесия: Си гум и дыркъуэ, Анкара-2007, нн.54-56 (тыркубзэщ; Polovinkina, Tamara, V.; “Çerkesya Gönül Yaram”, Ankara-2007).
p>[16] Хьэвжокъуэ Ахьмэд Джанбек, «Девит Уркуарт», Горцы Кавказа, № 46, Варшава-1933 дыгъэгъазэ; (къызыхэтхыжар: Тхыдэмрэ жылагъуэмрэ журналыр, № 181, Истэмбыл-1999 щIышылэ, нн.8-9, (тыркубзэщ;David Urquhart, Canbek Havjoko, Gortsi Kavkaza, Nr.46,Aralık 1933, Varşova-Polonya. Nakleden: David Urquhart, Haz: Özalp Göneralp, Tarih ve Toplum, Sayı:181, sf: 8-9, Ocak 1999-İstanbul).
p>[17] Къэфкъас лъэпкъхэм я хуитыныгъэ зауэ (1837-1838), Джон Лонгьворт, (зэзыдзэкIар: Къущхьэ Седат Уэздэн), нн.77-103, Кайсери-1996 (тыркубзэщ: Kafkas Halklarının Özgürlük Savaşı (1837-1838), John Longworth, Çev: Sedat Özden, s.77-103, Rey Yay., Kayseri 1996); Баж Жэбэгъы, Черкесиям и жылагъуэ псэукIамрэ и хабзэмрэ, Анкара-1969, н.124 (тыркубзэщ; Jabağı Baj,“Çerkesya’da Sosyal Yaşayış ve Adetler”, Ankara-1969, s.124).
p>[18] (Гъырцыжь СулътIаныкъуэр, Жанджатэ Гъырцыжьыкъуэ Алэ лIыхъужьым и адэр арагъэнкIэ хъунущ – Хъу.Ф.)
p>[19] Бледа Уэсмэн, «Э. Спенсер и Къэфкъас гукъэкIыжхэм щыщ-1837», Къэфкъас Пэжыр, журнал, Самсун-1993, №.11, н.53, тыркубзэщ; (E. Spencer’in Çerkesya Anılarından-1837”, Kafkas Gerçeği Dergisi, Samsun, 1993, S.11, s.53; Polovinkina; Age ,s.184); Джон Лонгворт, Къэфкъас лъэпкъхэм я щхьэхуитыныгъэ зауэ (1837-1838), зэзыдзэкIар: Къущхьэ Седат Уэздэн, Кайсери-1996, н.82, (тыркубзэщ; Kafkas Halklarının Özgürlük Savaşı (1837-1838), John Longworth, Çev: Sedat Özden, s.82, Rey Yay., Kayseri 1996).
p>[20] Баж Жэбэгъы(-Зэкерия-Зихьни), Черкесиям щыIа жылагъуэ псуэкIэмрэ хабзэхэмрэ, Анкара-1969, н.124 (тыркубзэщ; Baj Jabağı, Çerkesya’da Sosyal Yaşayışve Adetler, Kafkasya Kültürel Dergi Yayınları, Ankara-1969, s.124); Адыгэ Ныпым И Тхыдэ, Выщхьэ Иззэт Айдемир, Нарт журнал, №.4, нн.40-41, жэпуэгъуэ-дыгъэгъазэ 1997-Анкара (тыркубзэщ; Adığe Bayrağı'nın Tarihçesi, İzzet Aydemir Çuşha, Nart Dergisi, Sayı: 4,sf: 40-41, Ekim Aralık 1997 Ankara); Хьэхъуратэ Уэсмэн Челик, Инджылыз тхыгъэжьхэм къызэрыхэщымкIэ Тыркур Къэфкъасиер, Анкара-1992, нн.6-7, 24 (тыркубзэщ; Osman Çelik; “İngiliz Belgelerinde Türkiye ve Kafkasya”, Ankara-1992, s.6-7, 24).
p>'+Fahri Huvaj