Анэдэлъхубзэм теухуауэ хэкум сыт къыщыхъухэр, КАФФЕД- ым сыт ищlэр?

Урысей Федерацэм, хэхауэ  Владимир Путин и лъэхъэнэм политик перспектив нэхъыщхьэр, Урысейм «Япэрей» къарур зэригъэгъуэтыжыну, Урыс лъэпкъ зыхэгъэжыр утыку къищlыну, демократическэ хьэкъымрэ щхьэхуитыныгъэхэр дапхуэдэуи ирырехъу, кlэщlу федерацэм хэт «Хетеродокс» гупсысэкlэр и гупсысэ нэхъыщхьэ ищlыну хэту жыпlэ хъунщ.

 Илъэс куэд щlауэ ди хэкужьым деж Адыгагъэр, анэдэлъхубзэр махуэ къэс нэхъ щытыкlэ гугъум хуигъакlуэу зэрыщытыр ди жагъуэ хъууэ, дигъэгубжьу абы дыкlэлъоплъ, дыщогъуазэ.

2017 гъэм Татарстаным: «Мытэтэрхэр сыт тэтэрыбзэкlэ щlэпсэлъэн хуейр» жаlэу тхьэусыхэ хуэдэурэ зэдэуэныгъэр Адыгэ республикэхэри хиубыдэн хуэдэу зрагъэубгъури лъэпкъ мащlэхэм я бзэр «класс 1-9 хэм зы тхьэмахуэм къриубыдэу сыхьэт 2, класс 10-11 хэм анэдэлъхубзэр хуейм ямыджыну хуиту» апхуэдэ хабзэ къащтэным нэсащ. Псалъэм папщlэ, мы хабзэм тету зы адыгэ сабийм «Адыгэбзэ зджынущ» жиlэу щытмэ и адэ- анэм лъэlу тхылъ lэ щlадзауэ иратын хуейщ.

Урысей Федерацэм и конституцэм къызэрищтэмкlэ лъэпкъ мащlэхэр, Федерал Республикэхэм я анэдэлъхубзэри конституцэм ихъумэну итщ. Конституцэм лъэпкъ мащlэхэм я бзэр зэрихъумэну пкъыгъуэр:

 «Республикэхэм езым я къэралыбзэр къыхахыжыфынущ. Къыхаха бзэхэр Республикэм и къэрал лэжьапlэхэм, щlыпlэ лэжьакlуэхэми Урысей Къэралыбзэм щlыгъуу къагъэсэбэпынущ. Урысей Федерацэм, лъэпкъыу хъуам я бзэр джыным ар хъумэным, абы зегъэужьыным ехьэлlауэ шынагъуэншэу щытын хуейщ». Адыгэбзэр яхэту, бзэуэ хъуам, шэч хэмылъу, шынагъуэншэу ихъумэну шэсыпlэ йоувэр.

Мы Конституцэ хабзэм къыпэщыту «Думэ»-м къызэригъэпэщу lэ lэт ящlу ягъэхьэзыра хабзэр антидемократическэщ, цlыху щхьэхуитыныгъэхэм къемызэгъыу, тоталитар гупсысэщ.

Мы къекlуэкl псоми КАФФЕД-ыр дыкlэлъоплъ, хэкумрэ дэрэ мы хъыбар псомкlи дызэрощlэ. Зы мазэ хуэдэ ипэкlэ Хьэтlохъущокъуэ Къазий и цlэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэр, Налшык Университетым и егъэджакlуэхэр, цlыхубэ зэгухьэныгъэхэр мы lуэхум теухуауэ зэчэнджэщхэри Урысей Федерацэм и lэтащхьэ Владимир Путин, КБР Парламентым и унафэщl Егорова, КБР –м и lэтащхьэ Кlуэкlуэ Юрэ сымэ я деж, КАФФЕД-м хэт хасэу хъуам я тхьэмадэхэм зэрызыхэу я lэ щlэдзауэ я гузэвэгъуэр иту хурагъэхьащ.

Мы lуэху еплъыкlэр хэкужьым щыпсэу ди къуэшхэм я чэнджэщкlэ lэ щlэдзауэ зэхуэхьэсын lуэхум къинэмыщlауэ, дэ езым КАФФЕД-ым офицалнэу ди щытыкlэм елъытауэ ди гупсысэр къэдгъэлъагъуэм нэхъ къару иlэу зэрыщытым щхьэкlэ къыхэтхауэ аращ. Ди япэкlэ нэхъ ину, нэхъ къару зыхэлъ жэрдэмхэр гъэзэщlэн хуейщ. Абы теухуауэ цlыхубэр щыгъуазэ щlын, пэкъуащlэ гупсысэр нэхъри ину, убгъуауэ утыку къилъхьэн хуейщ.

Наlуэу къыжыlэпхъэщи, ди анэдэлъхубзэр хэкум щамыгъэпсэлъэж хъуным хэхэс Адыгэхэри, хэкурысри зэикl арэзы техъуэнукъым. Абы теухуауэ сыт хуэдэ лъэбакъуэ чын хуейми псори тчынущ, дызэкъуэту хэкlыпlэ къэтлъыхъуэнущ.

Пщlэ ныфхуэтщlкlэрэ бэдаушым фи пащхьэ ныдолъхьэ.

Зэзыдзэкlар Емуз Баязытщ   

p>

 

https://www.youtube.com/watch?v=cALdjeQBisU

p>

 

http://www.kaffed.org/haberler/federasyondan/item/3568-anavatan%E2%80%99da-anadil%E2%80%99le-ilgili-neler-oluyor,-kaffed-ne-yap%C4%B1yor.html

p>

 

 


nan



Kaffed

Share