АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ И ДУНЕЙПСО МАХУЭ (*)

Бзэр ар къэзгъэсэбэп лъэпкъым имызакъуэу, цlыхубэ псоми зэдайщ, я зэхуэдэ щlэинщ.Ар зэхуэдэ зэкъуэшыныгъэмрэ, икlи зэрызэмыщхьхэмкlэ и къулеягъэр къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэщ.

Иужьырей илъэс щитlым къыриубыдэу дунейм щlэныгъэ, текноложи, къулеягъэ и лъэныкъуэкlэ зыужьыныгъэшхуэ игъуэтащ ауэ, абы ипкъ иткlэ зэхуэмыдэ бзэхэр, щэнхабзэхэр хуабжьэу зэрыкlуэдыжым щыхьэт дытохъуэ.

Мы зэхуэмыдэ щытыкlэм щхьэусыгъуэ куэд иlэми, нобэ дызыдынэсам хыдолъагъуэ, къэрал нэхъ ин зы тlущым къинэмыщlауэ адрей  лъэпкъхэмрэ, абы я щэнхабзэхэмрэ щыlэныр шынагъуэу къалъытэу.

Ахэр щlэныгъэ ехьэжьам хэмыгъэтыу, цlыхубэ зэпыщlэныгъэхэр къайымыхъулlэу, псэуныгъэр псом щхьи зы хабзэ закъуэм зэрыхуэкlуэм къыхэкlыу абы  бзэхэр нэхъри игъэкlуэдыжу аращ.

Анэдэлхубзэм и Дунейпсо Махуэм хэхауэ зы мыхьэнэ иlэщ, мис апхуэдэ шынагъуэхэр къэмыхъуным, бзэхэр цlыхум я зэхуэдэ хъугъуэфlыгъуэу зэрыщытым къыхэкlкlэ.

 Ди къэралым Европэ Зэкъуэтым зыдегъэкlуным ехьэлlауэ хэхауэ, мыхьэнэ зиlэ лъэбакъуэ ичащ.

Дюздже lуниверситетым Адыгэбзэ къудамэм япэ щlэтlысхьахэм къаухащ, lерджиес lуниверситетыми еджакlуэхэр мыгъэм япэу щlэтlысхьэу щlадзэнущ. Хьалкъ lегъитым Меркезлери жыхуиlэ Цlыхубэ Гъэсэныгъэ Купсэхэми гъэсэныгъэ еджэныгъэм щlадзащ.

Адыгэ зэгухьэныгъэ (хасэ)-хэми Адыгэбзэ курсхэм къыпащэр.

Арщхьэкlэ а псори къыдэмэщlэкlыу зэрыщытыр наlуэщ. 2018 гъэр мис а къыдэмэщlэкlхэм гу лъедгъэтэн, абы нэмыщlпсори дызыщlыгъуу ди проблемхэр зэрызэфlэтхыным ипкъ иткlэ КАФФЕД –ым мы гъэр «Анэдэлъхубзэм и Гъэ»жэуэ игъэlуащ.

Ди федерацэм хабзэм дытету, ди lекономика къарум къыриубыдэ дэтхэнэ зы lэмалыри къэдгъэсэбэпынущ. Иджыпсту къекlуэкlКъэрал хабзэхэм Адыгэ, Абхъаз бзэхэмрэ н. къ. къарит lэмалхэм нэхъри зегъэужьын, ТРТ жыхуиlэ Тыркум и Къэраль телевисионым Адыгэбзэу и зы  каналь  къызэlуедгъэхынум теухуа ди лэжьыгъэхэми къыпытщэнущ.

Адыгэ лъэпкъым и анэдэлхубзэр ихъумэжыным и гъуэгур, Къэралым ар къыддиlыгъын, сыт и лъэныкъуэкlи абы къыщхьэщыжын гупсысэр цlыхубэм деж къахуэдгъэушыфым ар ину къытщхьэпэну къыдолъытэ.

Абы ипкъ иткlэ АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ И ДУНЕЙПСО МАХУЭ-р тхуэмахуэну дынывохъуэхъу.

Кафкас Адыгэ Хасэхэм и Федерассион.

 

(*) Лъэпкъыбэ Зэлъыкъуэувахэм Гъэсэныгъэ, Щlэныгъэ, Щэнхабзэм и Зэщlэхъеиныгъэ  (UNESCO)–м и зи чэзу зэхуэсым 1999 гъэм къищта унафэм ипкъ иткlэ, Мазаем и 21-р «Анэдэлъхубзэм и Дунейпсо Махуэ» -у къищтащ. Икlи 2000 гъэм а махуэщlыр дунейпсом щагъэлъапlэу щlадзащ, дунейпсом тет бзэ, щэнхабзэ зэмыщхьэм щlэгъэкъуэн яхуэхъун щхьа. UNESCO–м ищlа къэпщытэныгъэм теухуауэ «Кlуэдыжынкlэ Шынагъуэм Хэт Бзэхэм я Атлас»-м и лэжьыгъэхэм къызэритымкlэ дунейм тет бзэуэ 6000- м щыщу 2500-р к1уэдыжынкlэ шынагъуэм хеубыдэ. Апхуэдэ шынагъуэр къэхъуным пэщlэмыувэхэу щытым, 21. Лlэщlыгъуэм цlыхухэр зэрыпсалъэ бзэхэм щыщу  % 90-м нэхъри нэхъыбэр кlэдыжынущ.

 Бзэщlэныгъэлlыу 30-м я лэжьыгъэхэмкlэ утыкум къыралъхьа атласым къызэрыхэщымкlэ,Тыркум щыlэ, бзэхэм щыщу 15-ри кlуэдыжынкlэ шынагъуэхэм хеубыдэр.

Зэзыдзэкlар Емуз Баязыт- Тыркум


Зы бзэр йизакъоу ныдэлфыбзэр зием йеп, цыфыгъэм къыфэнагъэ к1эныгъ. Бзэр лъэпкъэу зэзыхъэрэмк1э          зэкьуэшныгъ ,  зыхэс лъэпкъымк1э байыныгьэм йнэфагъ. Яужъырэ л1эшэгьут1ум цыфыгьэм, ш1эныгьэмк1э, тэкноложимк1э ык1ий байыныгьэмк1э бэдэдэ хагьэхъуагъэмий бзэшхъафыхэмий к1ултурхэмий бэдэдэ хагъэк1ыгъ 1ык1ий к1уэдыжным зэрэлынэсырэ нэрылъэгъоу хъугъэ.
 
Мы зэтэмыфэныгъэр  къызхэк1ырэр зэфэшхьафымий , яхэмылъытэн къарэлугъэ заулэ къахэк1иштмэй, нэпэ зынэсыгьэ мафэм нэхъбэрэ кьаралыгъуэм лъэпкъ шхъафэу яхэсымэ якултурэрэ, ябзэрэ шымы1э фэдэу зэрэ ялъытэрэ 1ык1ий шынагъоу зэралъэгъурэр ары. Бзэ к1уэдыныгъэр зыгьэпсынк1эрэр; къаралыгъуэмэ зэрахьэрэ тхын ежэн псэум зэрэхамыльхъэрэ, зэлы1эсыныгъэ 1эмэмэпсымэм (мэдиа) фитиныгъэ зэрэ ймгъуэтырэ , цыфмэ  яшыэныгъэмк1эй к1уэтэкъэсий  зэфэдэу зэрэхъухэр ары. Дунэй ныдэлфыбзэ мафэр ; мыхъун гупшысэхэр риутыным, бзэ псэур цыфыгъэм зэрэялъэп1альэр гукъэгъэк1ыжыным пае лъытэныгъэ шхъаф йи.
 
ти къэралыгьуэ; псэумэ1 афэшхъафэу, эуропа к1уп (АВ) гуры1оныгъэ
лъэхъанэм бзэм тэухагъоу льэбакъуэ дзын бэ хъугъэ.
 
Ти фэдэратсе илъэк1ык1э къызэ1охыгьэ Дузджэ унивэрситэ и адыхабзэ пшы1 шеджагъэ еджак1уэмэ къаухыпэтэтэу, Эрджиес упиврситэм апэрэ еджак1уэхэр аштэну кьаублэшт.
М.Е.В ( Еджэн 1ашьхъэтэтыныгъуэм) к1ыгьоу зэтфагъэ 1офхзм ауж, Гъэйлъэс 2012 м кьыублагьэу ет1онэрэ еджап1эм  еджэугъ хэдэн програмым хэхъагъэ Адыхабзэмрэ Абхазыбзэм телэжахъырэ тихэплъышмэ еджэн тхылъхэр ык1и СД хэр къыш1агъэк1ыгъ.
 
Дузджэ, турхал, хэндэк, кайсэри къызэк1уахыгъэ еджэугъ хадэ еджап1эмэ афэшхъафэу кьэк1орэ гъэйлъэсым Чорум къалэмий къызэк1уахыщт.
Руссиа ш1эныгъэ сентырыр къыддэ1эпэ1эгъоу гъэйлъэс къэс хэк1уж унивэрситэхэмэ еджак1уэ гъэк1уэн 1офхэр зэтэгъэк1уэк1ы.

 


nan



Kaffed

Share