Хьалк Iегъитими зифlэщыгъэцlэ цIыхубэ гъэсэныгъэ lэнатlэм хэту япэ Адыгэбзэ курсыр Дюздже къалэм къыщызэlуахащ.

ЗэрыфщIэщи КАФФЕД Федерасионыр куэд щIауэ йолэжь, Адыгэбзэбрэ Абазэбзэмрэ щызэрагъащIэ курс Хьалкъ Iегъитим Купсэхэм къыщызэIуригъэхыну.

Дэ дгъэхьэзыра модюлхэр ягу ирихькIэрэ къащтэри, а хъыбарыр Хьаят Бою Огъреним Генел Мюдюрлюгъю зифIэщыгъэцIэ гъэсэныгъэ къудамэ нэхъыщхьэм и напэ кIуэцIыми къыщатат, икIи Хьэлк Эгъитим жыхуиIэ цIыхубэ гъэсапIэхэм деж анэдэлъхубзэр щызэрагъэщIэну курсхэр къызэlуахыну ар япэ лъэбакъуэ яхуэхъуат.

Апхуэдэуи япэ курсыр Дюздже къалэм къыщызэIухауэ хъыбарыр къагъэIуащ.

Адыгэ Дили ве Iедебияты Дернегъи, Адыгэ Кюлтюр Iеви зифIэщыгъэцIэ Адыгэбзэмрэ и литературэмрэ хасэхэмрэ, Копрюбашы Омер Iефенди къуажэ унафэщIлэжьапIэм я зыдэIэпыкъуныгъэхэмкIэ 17.12.2017 махуэм щIадза Адыгэбзэ курсыр, 29.01.2018 махуэм Дюздже Хьалк Iегъитим Мюдюрлюгъю жыхуиIэ цIыхубэ гъэсэныгъэ лэжьапIэм офицалнэу къащтащ.

ЩIышылэм и пщIыкIубгъу 29.01.2018махуэм Дюздже къалэ Адыгэ хасэм и унафэщIЧакмакчы Озджан щIыгъуу Дюздже Хьэлк Iегъитими жыхуиIэ лэжьапIэм и унафэщIым Iуэхугъуэм теухуа зэпсэлъэныгъэ дедгъэкIуэкIащ.

Копрюбашы Омер Iефенди къуажэ унафэщIым и чэнджэщыр игъуэу къалъытэри Адыгэбзэ курсыр къызэIузыха Дюздже Хьэлк Iегъитим лэжьапIэм и курс егъэджакIуэу иджыри Дюздже Iуниверситетым Кавказ Бзэхэмрэ ЩэнхабзэхэмрэкIэ Къудамэр япэ къэзыухахэм щыщ Щынахъуэ Гизем Ташдемир курс яритыну къэлэн щащIащ.

21.01.2018 махуэм Адыгэ щэнхабзэ унэм къеблэгъэу Адыгэбзэ курс Iуэхугъэр къэзыпщыта, икIи курсыри езыгъэжьа, Дюздже Хьэлк Iегъитим жыхуиIэ  гъэсэныгъэ IэнатIэм и Тхьэмадэ Четин Iилхьан фIыщIэ худощI, мы Iуэухгъуэм и жэрдэм зэрыхилъхьамкIэ.

Курсыр къызэIуахынымкIэ зи гуащIэ хэзылъхьа дэтхэнэ зыми иджыри фIыщIэ яхудощI.

Анэдэлъхубзэм теухуа мыпхуэдэ курсхэр адрей ди къалэ, хэгъуэгу зэпэщхтэхуэхэми къыщызэIуахыну дохъуахъуэ.

КАФФЕД-Кафкас Адыгэ хасэхэм я Федерасион.

ЗэзыдзэкIар Емуз Баязыт-щ.

{youtube}yuzHW2zepZ4{/youtube}

 

Türkçesi: http://kaffed.org/haberler/federasyondan/item/3420-halk-e%C4%9Fitimi-b%C3%BCnyesinde-ilk-ad%C4%B1gece-%C3%A7erkes%C3%A7e-kurs-d%C3%BCzce%E2%80%99de-a%C3%A7%C4%B1ld%C4%B1.html 

p>
nan



Kaffed

Share