Тыркум и Къайсери къалэ Эрджиес Университетым «Адыгэбзэмрэ и Щэнхабзэмрэ» къудамэм и егъэджакlуэхэм лэжьэн щlадзащ.

Тыркум и Къайсери къалэ Эрджиес Университетым «Адыгэбзэмрэ и Щэнхабзэмрэ» къудамэм и егъэджакlуэхэм лэжьэн щlадзащ.

2013 гъэм ди Федерасйонымрэ Кьайсери къалэ ди Адыгэ зэгухьэныгъэмрэ (хасэ) я жэрдэмкlэ lерджиес Университетым и lедебият Факултетым хэту «Адыгэбзэмрэ  щэнхабзэмрэ» къудамэр къызэlуахат, арщхьэкlэ сыт хуэдиз лэжьыгъэ а lуэхум ирамыхьэлlами а къудамэр ягъэлэжьэфатэкъым.

 Икlэщlыпlэкlэ lуэхугъуэм зи унафэ хэлъхэм захуэдгъазэу, ядедгъэкlуэкlа зэпсэлъэныгъэхэм иужькlэ,зи гугъу тщlа къудамэм щылажьэну,хэкужьым щыщу Университетым и лэжьакlуэ цlыхуиплlкъытхуагъэкlуащ. Ахэр, Проф. Др. Иуан Зэуал, Доч.  Др. Инчы Иринэ, Егъэджакlуэ Пащты Мадинэ, Егъэджакуэ Къумыкъ Маринэ.09. 01. 2018 махуэм я лэжьыгъэми щlадзащ.

Иджы «Адыгэбзэмрэ и щэнхабзэмрэ» къудамэр жыджэру гьэлэжьэн 2018-2019 гъэ еджэгъуэм а къудамэм еджакlуэхэр къызэрыщlэтlысхьэнум долэжьыр.

 Мы lуэхугъуэ дахэр утыку къихьэным елэжьа, зи гуащlэ хэзылъхьа псоми фlыщlэ гуапэ яхудощl.

Кьайсери къалэ,  Адыгэ Зэгухьэныгъэ.

Зэзыдзэкlар Емуз Баязыт’щ

{youtube}h7mwsBFVvIs{/youtube}

 


nan



Kaffed

Share