Сабийхэм Шхьэ Налщыч де Гъэмахуэ Лагерь

ФЕУЖЬЭРЭК1 Ц1ЫК1УХЭР ХЭКУМК1Э ... / НАЛЩЫЧ ГЪЭМАХУЭ ЗЫГЪЭПСЭХУНЫГЪЭ
.
Дысщыгугъуу щыт къытщ1эхъуэ щ1эблэм я адэжь щ1ыналъэр щедгъэц1ыхунум деж , щ1эн хуейм я нэхъыф1 дыдэр Кавказыр ягъэлъагъунращ
Ди федерациемрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Къэбэрдей Республикэм дэщ1ыгъуу къызэдащтэ лэжьыгъэм ипкъ итк1э , илъэс 12 - 15 хэм ит ц1ык1ухэм хуегъэзэк1ауэ , гъэ къэс ек1уэк1ыу щыт Налщыч Гъэмахуэ Зыгъэпсэхуныгъэ програмэр абык1э 1эмалышхуэуэ щытщ
Налщыч Гъэмахуэ Зыгъэпсэхуныгъэм к1уэну ди ц1ык1ухэм анэдэлъхубзэ зыщ1э егъэджак1уэхэри щхьэщытынущ
Хьэщ1ап1э к1уэнухэм , к1уэн - къэк1уэжынымрэ паспортымрэ ихьыну ахъшэхэр езыхэм ятын къудейщ , нэгъуэщ1к1э уасэ ятынукъым , ц1ык1ухэр Къэбэрдей - Балкъэр Республикэм и гъэхьэщ1энухэщ
Налщич Зыгъэпсэхуп1эм , тыркум ик1ахэм щымыхъуа , Кавказым и нэгъуэщ1 щ1ып1эхэм къик1ахэмрэ , Иорданымрэ Сириемрэ къик1ыну ц1ык1ухэри щы1энущ
Ц1ык1ухэр зыгъэпсэхуп1эм щы1эхук1э , адыгэбзэр яджынущ , музейхэми театрхэми к1уэнухэщ , къэралым и дахэп1эхэри зэрагъэлъэлъагъунущ
Налщич Гъэмахуэ Зыгъэпсэхугъуэр шыщхьэ1у мазэм и 1- 14 махуэхэм ек1уэк1ынущ
Ц1ык1ухэм ягу имык1ыжу я нэгу къыщ1энэнк1э дысщыгугъу мы гъуэгуанэм техьэн хуейхэм , мэкъуэуэгъуэм и 20 хухъу зыкъагъэлъагъуэн хуейщ
Ари фигу къэдгъэк1ыжынщи , зывгъэгувэмэ гупым фахэмхуэжынк1эй хъунущ
Каффед тел : 0312 222 85 89
Гу къэгъэк1ыж : Ипэрей гъэхэм гугъ дызэрехьам къухэк1к1э , мыгъэ , Каффедым и ц1эк1э банкым ипэ1уэуэ доллар 100 дэлъхьэн хуейщ
.
Адыгэбзэк1э зэздзэк1ар : Тэгъулан Якуб

nan



Kaffed
Share