Yirmibirinci Ders

td> td> tr> tbody>

ТlОШlРЭ ЕЗАНЭ ГУКЪИНЭ

YİRMİBİRİNCİ DERS

table>

 

 

Уафэм И Шытыкlэхэм Теухуауэ

 

Зэгъэшlапхъэ псалъэхэр

 

Хуабэ- sıcak

Щlыlэ- soğuk

Щlыlэтlыlэ- serin

 

Гъуркl - kuru

Псыlэ- ıslak

Псыlэтlыlэ- nemli

 

Щlымахуэ- kış

Гъатхэ- ilkbahar

Гъэмахуэ- yaz

Бжьыхь - sonbahar

 

Уафэ- gökyüzü

Уэфэгу- uzay

Уэгу- gök

Жьы- hava

 

Пшэ- bulut

Пшагъуэ- sis

Пшэплъ- akşam veya sabah oluşan bulut kızıllığı

Уафэ гъуагъуэ- gök gürültüsü

Шыблэ- yıldırım

Уафэ хъуэпскl - şimşek

Лэгъупыкъу- gök kuşağı

 

Уэшх- yağmur

Уэс- kar

Уэф- dolu

Уэсэпс- çiğ

Жэп- kırağı

Ткlуэпс- damla

 

Къешхын- yağmurun yağması

Къесын- karın yağması

Къехын- dolunun yağması

Кърипхъыхын- kar atıştırması

Къепсэпсэуэн- yağmur çiselemesi

Жьы къепщэн- rüzgarın esmesi

 

Уэфl - açık hava

Уфа- kapalı hava

Уэшх уэлбанэ- yağmurlu

Уае - fırtına

Жьапщэ- rüzgar

Уэс укхъуэ- kar fırtınası

Уэс утэ- çığ

Псыдзэ- sel

Уэс щхьэфэ- don

Шыц уэс- taneli kar

 

Псы- su

Мыл- buz

Бахъэ- buhar

Щтын- donmak

Выжын- erimek

 

Уэсылl - kardan adam

Уэс lэшкlэ- kar topu

lэшанэ- kayak

lэжьэ- kızak (eşya yük taşıma kızağı veya üzerine

oturularak kayılan kızak)

 

Псыф- ıslak

Упсыфын- ıslanmak

Цlынэ- ıslak (içine su çekip kendini bırakması

ekmeğin toprağın su çekip ıslanması

yani kendini bırakması.)

 

Щхъуэ- mavi

Къащхъуэ- gök mavisi

Щхъуантlэ- yeşil

Гъуэжь- sarı

Гъуабжэ- gri

Хужь- beyaz

Фlыцlэ- siyah

Плъыжь- kırmızı

 

Мазэ- ay

Дыгъэ- güneş

Вагъуэ- yıldız

 

 

Уэшхыр жьыгъейуэ къешхырейщ.

Пшагъуэр щlыгум техьэрейщ.

Къуэлэбзухэр мэлъэтэж.

Тхьэмпэр жыгым полъэлъыж.

 

Упщlэхэр

 

1 - Мы усэр илъэсым дэтхэнэ и лъэхъэнэм тепсэлъыхьрэ?

2 - А лъэхъэнэм теухуауэ сытхэр нэхъ къыщыхъурэ?

3 - Къуэлэбзухэр дэнэхэм лъэтэжу фигугъэ?

4 - Къулэбзухэр щlэлъэтэжым и щхьэусыгъуэр сыт?

 

Къыпэкlуэхэр

 

1 - Усэр ..................... топсэлъыхь.

2 - А лъэхъэнэм нэхъыбэlуэу уэшх ................., пшагъуэр щlыгум .................... .

къулэбзухэри ...................... .

3 - Къулэбзухэр .................... щlыпlэхэм мэлъэтэжхэ.

4 - Щlымахуэр къохьэ, уафэхэр ................... хъууэ щlедзэри аращ.

 

Бжьыхъэ жэпым дыгъэр тепсэм

Ар уэсэпсу мэкlуэдыж.

Фlыуэ слъагъум сыlуплъамэ

Си гукъеуэр сщхьэщокlыж.

 

Упщlэхэр

 

1 - Дэтхэнэ лъэхъэнэра жэп къыщехыр?

2 - Дыгъэр жэпым тепсэм сыт хъужрэ?

 

Къыпэкlуэхэр

 

1 - Жэпыр ................. къох.

2 - Дыгъэр жэпым тепсэм ................ мэхъури ................. .

 

БЖЬЫХЬЭР КЪИХЬАЩ

 

Жаным БОРИС

 

Бжьыхьэ мазэр къытхуихьащ.

Пшагъуэр щlыгум къытехьащ.

Къуэлэбзухэр мэлъэтэж,

Щlыпlэ хуабэхэм мэкlуэж.

 

Къущхьэхъу къикlыу къру инхэр

Уэгум иту мес мэкlуэж.

Колхоз lэщхэу мэл былымхэр

Пшэр хъужауэ къытхуокlуэж.

 

Губгъуэй мэзи хуэгъуэбжафэщ,

Бжьыхьэ уафэр уэлбэнафэщ,

Жыгхэм пщlащэр полъэлъыж.

Цlыкlухэр школым зэдокlуэж.

 

Мы усэр гукlэ зэвгъащlэ, дахэу фыкъеджэ.

 

Упщlэхэр

 

1 - Бжьыхьэ мазэм сыт къытхуихьар?

2 - Пшагъуэр сытым и гущlыlум техьэрэ?

3 - Къуэлэбзухэр дэнэхэм лъэтэжхэрэ?

4 - Кърухэр дэнэ къикlыжу дэнэ кlуэжхэрэ?

5 - Губгъуэхэм мэзхэм я плъыфэр бжьыхьэм сыт хуэдэ?

6 - Бжьыхьэм жыгхэм я пщlащэхэм ящхьэ сыт кърикlуэрэ?

 

Мы упщlэхэм къыпэкlуэжхэм ныкъуэу къэнахэр хэфтхэж.

 

Къыпэкlуэхэр

 

1 - Бжьыхьэ мазэм .................. къытхуихьащ.

2 - Пшагъуэр .................. къытохьэ.

3 - Къуэлэбзухэр ................ щlыпlэхэм .................... .

4 - Кърухэр .....................къокlыжри ...............щlыпlэхэм .............. .

5 - Губгъуэхэр мэзхэр бжьыхьэм ................................ .

6 - Пщlащэр жыгхэм ....................... .

 

Уафэ къащхъуэр эи щхьэщыгу,

Щlылъэ щхъуантlэр зи утыку,

Гъатхэ гуапэ, дахэкlей!

Лъахэр фlыгъуэм иегъэсей!

 

1- Уафэ къащхъуэр лъахэм и щхьэщыгущ.

2 -Щlылъэ щхъуантlэр лъахэм и утыкущ.

3 -Гъатхэ дахэр лъахэм хуогуапэ, иодэхащlэ.

4 -Лъахэри фlыгъуэу щыlэм иагъэсей.

 

ЩlЫМАХУЭ

Щоджэнцlыкlу Алий

 

Щхьэхынэу пшагъуэбэм щlы напэр иеуфэ,

Чэф щlыкlэщ жыг тхъуахэр щыгъэхум зэрешэ.

 

Псы уэрхэр lущащэу мыл кхъуафэм щокlуасэ,

lэсэхэщ, нэщхъейхэщ, мылищэр зэрахьэ.

 

Щlы тафэр зэхуэдэу бжьэхуцкlэ хуэпащ.

Вындыжьхэу макъейхэр шыгъуэгум епщlащ.

 

Щlы щхьэфэр къузащи лъэбакъуэм дощэlур,

lэжьэлъэр щытежкlэ дзыхащи догызыр.

 

 

Дыгъэр щlымахуэм кlасэу къыщlокl, пасэу къохьаж,

щlагъуэуи уигъэхуабэкъым абы и бзийхэм. Щlымахуэ

махуэхэр кlэщlщ икlи щlыlэщ. Щlымахуэм уэс къосри

псыр мэщт. Жыгхэм я пщlащэхэр полъэлъри пцlанэу

къонэхэ. Къуалэбзухэм я нэхъыбэlуэр щlымахуэм

хуэбапlэхэм мэкlуэжхэ. Хьэпщхупщхэр щlы щlагъым

щопсэухэ.

 

 

Лэжьыгъэр зыхэзылъхьар Щокъул Илхьэнщ.

+''+nan+'



'+Kaffed

Share